IУЭХУ ЩХЬЭПЭМ ПАЩЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ще­кIуэкI «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» наркотикым пэщIэт профилактикэ акцэм адэкIи ­пащэ. Апхуэдэ зэIущIэхэр ще­кIуэкIащ Налшык къалэ и курыт еджапIэхэу №№1, 15, 19, 23-хэм. 

Класс нэхъыжьхэм щеджэ­хэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ яхуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъакIуэ­м кIэлъыплъынымкIэ и уп­равле­нэм, Налшык къалэм и УМВД-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ  и IэнатIэхэм, Урысей ФСИН-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм я лэжьакIуэхэр, апхуэдэуи Налшык къалэ администрацэм Егъэджэ­ныгъэмкIэ и департаментымрэ дин IуэхущIапIэхэмрэ ящыщхэр, тренер, спортсмен цIэрыIуэхэр. 
ЗэIущIэхэр нэхъыщхьэу теухуат наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ хабзэншагъэу ирагъэкIыныр къызэпыу­дыным, балигъ мыхъуахэр а Iуэху мыщхьэпэм хемыгъэшэным. 
КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэ­лъыплъынымкIэ и управленэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху хэхахэмкIэ и оперуполномоченнэ, полицэм и капитан ЛIыгуащIэ Тимур ягу къигъэкIыжащ хабзэм къе­мызэгъ зыщIэхэм жэуап зэрахьыр.
Дохутыр психиатр-нарколог Нагорная Татьянэ и псалъэр триухуащ наркотикхэкIхэмрэ акъы­лыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ цIыхум и Iэпкълъэпкъым зэ­ранышхуэ зэрыхуэхъум. 
КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу Амщыкъуэ Анже­лэрэ Урыс Православнэ чли­сэм и лIыкIуэ Артуновэ Иринэрэ къы­щыпсалъэм гулъытэ хэха хуа­щIащ унагъуэм и лъапIэныгъэхэр хъумэным, лъэпкъ гъэсэныгъэмрэ жылагъуэ хабзэмрэ щIэблэм яхэпщэным мыхьэ­нэшхуэ зэриIэм. 
Налшык къалэ щIыпIэ администрацэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и департаментым и IэщIагъэлI Теммоевэ Фаризэт школакIуэхэм ягу къигъэкIыжащ ахэр хабзэм ебакъуэ, Iуэху мыщхьэпэхэм хыхьэ зэрымыхъунур. 
Зытепсэлъыхь Iуэхум зэреп­лъхэр жаIащ ветеранхэм я «Боевое братство» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и исполкомым и унафэщI Абэнокъуэ Владимир, КъБР-м и «Спортивная школа олимпийского резерва» IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ КIыщыкъуэ МуIэедрэ тренер-егъэджакIуэ Шаваев Хьэнэфийрэ.
Апхуэдэуи Iуэхум хэтащ УФ-м щIыхь и зиIэ артисткэ Таукеновэ Галинэ, КъБР-м и цIыхубэ артист Къуныжь Алим, республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ Терёхинэ Еленэ сымэ.
Гулъытэ зыхуэщIыпхъэ, мы­хьэнэ зиIэ Iуэху щхьэпэм и къызэгъэпэщакIуэхэр къыщы­псалъэм школакIуэхэр къыхураджащ гъащIэ узыншэм, адэ-анэхэм чэнджэщ иратащ я сабийхэр физ­культурэмрэ спортымрэ нэхъри жыджэру хашэну. 
ЗэIущIэм и кIэухыу хьэщIэхэм жэуап иратащ къызэхуэсахэм я упщIэхэм. 

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.02.2026 - 15:59

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зи чэзу зэIущIэм «комитетым хухах сы­хьэтым» хыхьэу, депутатхэр щедэIуащ УФ-м тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм 2025 гъэм

10.02.2026 - 09:09

Зыхуэсакъыпхъэ щытыкIэхэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек видео зэ­-пы­щIэныгъэ IэмалкIэ хэтащ псы къиухэмрэ 2026 гъэм мафIэсым нэхъ щыхуэ­сакъыпхъэ зэма­нымрэ ­захуэгъэхьэзы­­ры-ным теу­хуа урысейпсо зэIущIэм. 

10.02.2026 - 09:08

Министрыр зыхэта «эфир занщIэ»

ЩIыналъэм и Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ Центрым и «эфир занщIэм» КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам щытеп­сэ­лъы­хьащ республикэм и спорт ­инфраструктурэр егъэ­фIэ­кIуэным, IэнатIэр IэщIагъэлI

10.02.2026 - 09:06

«Къэсей-гупым» и дамыгъищ

ЕссэнтIыгу къалэм щекIуэкIа «Имена России» XI дунейпсо фестиваль-зэ­пеуэм   и дамыгъищ зэуэ къыщахьащ Бахъ­сэнёнкэ къуажэм и   къэфакIуэ ансамблым. Художественнэ уна­фэ­щIыр Хьэкъул Ибрэхьимщ.

09.02.2026 - 17:20

Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр къызэIуах

«ЩIэныгъэ» урысей зэгу­хьэныгъэм мазаем и 5-м Лъэпкъ центрым щригъэ­кIуэ­кIа «Урысейр унагъуэхэм я унэщ» марафоным УФ-м и Президент Путин Влади­мир къыщызэIуихащ Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныг