АДЫГЭ УЭРКЪХЭР ПОЛЬШЭМ

«Тэрчрэ Псыжьрэ я зэхуаку дэлъ адыгэ щIыналъэм икIри, Польшэм уэркъитху кIуат. Ябгына щIыпIэм зэреджэр Бгитхут, тэтэрыбзэкIэ Бештан. Абдеж къыщыщIэдзауэ къухьэпIэмрэ къуэкIыпIэмкIэ зыщызукъуэдий щIыналъэр Къэбэрдейт. Щопсэу абы къэбэрдейхэр, беслъэнейхэм я благъэ дыдэу лъэпкъ уардэр. Ахэр къызытехъукIыжа пщыжьырщ, Инал Нэху, 15 - 16-нэ лIэщIыгъуэхэм Адыгэ Хэкур къызэзгъэпэщыжауэ щытар. Къэбэрдейхэм зы лъэныкъуэкIэ къабгъэдэсщ кърым тэтэрхэр, адреймкIэ темрыкъуейхэр», - мыпхуэдэу къыщIедзэ Польшэм зэрымыщIэкIэ къыщыхутауэ щыта адыгэ уэркъитхум я хъыбарым. 

1556 гъэм украин уэркъ Вишневецкий Димитро Польшэр ибгынэри, Урысейм къэкIуат кърым тэтэрхэм езэуэну. Ар къэзакъ армэм и унафэщIт, дзэпщ лэрызехьэт а зэманым. Къыхэгъэщыпхъэщ Вишневецкэр запорожскэ къэзакъхэм я лъабжьэр зэригъэIылъар, мы щIыпIэхэм япэ дыдэу къыщыщыхута къэзакъыр зэрыарар. Дзэпщым и ехъулIэныгъэхэр къилъытэри, урысей пащтыхь Иуан Ябгэм ар Къэбэрдейм и губернатору къигъэкIуауэ щытащ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, Вишневецкэр Къэбэрдейм илъэс зыбжанэкIэ щыIащ икIи адыгэ уэркъхэмрэ абырэ ныбжьэгъушхуэ зэрыгъэхъуат. 
1561 гъэм Иуан Ябгэр Польшэм теуат. Димитро уэркъым ар и гум хутегъэхуакъым икIи и хэкужьым ебгъэрыкIуа Урысейм афIэкI щымыIэфу, игъэзэжащ. Пащтыхьыр абы хуабжьу иригубжьат. «Хьэм хуэдэу къэкIуати, хьэм хуэдэу игъэзэжащ», - жиIэгъат Иуаным Вишневецкэм щхьэкIэ. Ар Димитро къылъыкъуэкIа гугъуехьхэм и пэщIэдзэу къыщIэкIащ. Сыту жыпIэмэ, 1563 гъэм ар Мордовэм щаубыдри, Истамбыл ирагъэшащ, кърым тэтэрхэм зэратеуам щхьэкIэ и унафэ ящIыну. ИкIи Тыркум щыпалъауэ щытащ Вишневецкэр. 
А лъэхъэнэ дыдэм Къэбэрдейм зыкъыщаIэтат уэркъ гупым, Къэбэрдейр Урысейм зэрыгуагъэхьамкIэ мыарэзыуэ. Вишневецкэм и ныбжьэгъуу щыта уэркъ гуп Польшэм ежьащ, Къэбэрдейр Урысейм къыIэщIахыжынымкIэ яублэну зауэм щIэгъэкъуэн къыщыхуэхъуну щIэлъэIуну. Иуан Ябгэм ар къыщищIэм, унафэ ищIащ къепцIыжа адыгэ уэркъхэр къаубыду, щхьэпылъэм ирашэлIэну. 
1561 гъэм, шыщхьэуIу мазэм, Польшэм и пщым къэбэрдей уэркъхэр хуит ищIащ а къэралым щыпсэуну, урыс пащтыхьым и губжьым щахъумэнуи псалъэ къаритащ. Апхуэдэу, 1562 гъэм къэбэрдей уэркъхэр Польшэм Iэпхъуауэ щытащ я унагъуэри зауэлIхэри ящIыгъуу. Нобэ къызэратIэщIыжамкIэ, а лъэхъэнэм Польшэм Iэпхъуауэ щытащ адыгэу цIыху 300-м щIигъу. Пщыр абыхэм гуапэу къапежьат, зыхуэныкъуэ псомкIи къызэригъэпэщат Къамболэт и къуэ Къасым, Къамболэт и къуэ Гаврилэ, Къэнщауэкъуэ Сибокъуэ, Жумыкъуэ Солгоен, Жумыкъуэ Темрыкъуэ сымэ. 
Урыс пащтыхьым къыгурыIуэжырт апхуэдэ щIыкIэкIэ Польшэм зауэлI хахуэ куэд къызэрыщыхутар. Абы игъэгубжьри, адыгэ уэркъхэм якIэлъигъэкIуащ Клобуков Алексей. Ауэ къэбэрдей зауэлIхэм ядакъым къагъэзэжын, къищынэмыщIауэ, языныкъуэхэм чыристан диныр къащтат, мыдрейхэр мажусий диным зэритт. Европэм Iэпхъуауэ щыта адыгэ уэркъхэм я щIэблэм польскэ католичествэр къащтащ, къэралым щыцIэрыIуэ дзэпщ лъэрызехьэхэу псэуащ. 
Псалъэм папщIэ, Солгоенрэ Темрыкъуэрэ «Iуащхьитху къэзакъхэр» жыхуиIэ полкым и унафэщIу щытахэщ. Темрыкъуэ Польшэм щигъэлъэгъуа лIыгъэм теухуауэ дэфтэр куэд къыхэнэжащ тхыдэм. Псалъэм папщIэ, 1572 гъэм мэлыжьыхьым и 13-м тыркудзэр Молдовэм къыщытеуам, полякхэм зэрыщыту зауэ губгъуэр ябгынауэ щытащ, шынэри. Ауэ Темрыкъуэ зи пашэу щыта полкыр бийм пежьэри, езэуащ, щIэпхъуэжа полякхэр хущIегъуэжу, зауэ губгъуэм къагъэзэжыху. 
Темрыкъуэ игъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ Польшэм и пщым пщIэшхуэ къыхуищIу щытащ, уеблэмэ аристократием къыхигъэщхьэхукIырт, псом япэ иригъэщу, икIи Украинэм и латвие, киев, подольск щIыналъэхэм хиубыдэ уардэ унэ зыбжанэ тыгъэ къыхуищIауэ щытащ. 
Польшэм къыщыхута къэбэрдей уэркъхэр къулей хъури, Украинэм и Подольск щIыналъэм итIысхьэжащ, зэрымыгъэкIуэдауэ, зэрызэрыIыгъыу. Абыхэм я хъыбар зыхэзыха адыгэ зауэлIхэмрэ уэркъхэмрэ Польшэм кIуэрт, къэбэрдей дзэпщхэм я уэрым хэувэну щIэхъуэпсу. Илъэс зыбжанэ нэхъ дэмыкIыуи, лъэ быдэкIэ ува къэбэрдеидзэращ 1795 гъэ пщIондэ Польшэм къару нэхъыщхьэ дыдэу иIар. 
Польшэр яхьэхуу, Урысейм, Пруссием, Австрием зэхуагуэшыжа нэужь, къэбэрдей уэркъхэм я щIэблэри зыхьэхуа лъэпкъым хэшыпсыхьыжащ. Ауэ жаIэж адыгэ щэныр, хьэлыр, напэр, теплъэр зыкъомрэ хэмыгъуащэу япкърылъауэ. 
 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2025 - 13:57

Ислъэмей къуажэм ныпыр щохуарзэ!

Лъэпкъыр дыкъэзыхъумэ дамыгъэхэм ящыщ зым – ныпым - и теплъэр щIыуэпсым егъэкIуауэ Къэрэшей – Шэрджэсым и Алибердыкъуэ къуажэм щыIэщ.

30.04.2025 - 09:29

«Зэныбжьэгъугъэ-2025»-р гуфIэгъуэкIэ зэхуащIыж

«Акрополь» хьэщIэщым щы­зэхуащIыжащ илъэс зыб­жанэ хъуауэ ди щIыналъэм щекIуэкI «Зэныб­жьэгъу­гъэ» Iуэхум и зи чэзу Iыхьэр.

29.04.2025 - 12:25

ФIым къыхураджэу

«Спортыр террорым и бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ республикэ зэхьэзэхуэхэм я кIэух Iыхьэр.

29.04.2025 - 09:03

Бахъсэндэсхэмрэ спортымрэ

Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ дыщигъэгъуэзащ иужьрей зэманым бахъсэндэсхэм спортымкIэ яIа ехъулIэныгъэхэм икIи абыхэм уариплъэу щытмэ, узыщыгуфIыкIыныр мащIэкъэ

29.04.2025 - 09:03

Уафэ гъуэгъуэрейр уэшхыншэщ

Астрономхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, щыблэм и теплъэ зэхуэмыдэхэм, ди планетэм и мызакъуэу, Дыгъэм къедза адрей уафэщIхэми, псалъэм папщIэ, Ураным, Венерэм, Сатурным, Юпитерым, нэгъуэщIхэми уащрихьэл