ЯХУЗЭФIЭКIАХЭР КЪАПЩЫТЭЖ

МафIэсгъэункIыфI  IэнатIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ и IэнатIэм щызэхалъхьэжащ 2022 гъэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэр. 

Илъэс кIуам IэнатIэм и мафIэс-къегъэлакIуэ гупхэр 415-рэ дэкIащ мафIэсыр ягъэункIыфIыну. IэнатIэм и лэжьакIуэхэм республикэм мафIэс къыщыхъуа и ухуэныгъэхэм къыщIагъэIэпхъукIащ цIыху 756-рэ, цIыху 25-рэ, сом 1 мелардрэ мелуан 695-рэ и уасэ мылъку кърагъэлащ. Абы щыщу сом мелуан 530-рэ и уасэ хуэзэ мылъкур    кърагъэлащ «Къэбэрдей-Балъкъэр ПСС» IуэхущIапIэм и мафIэсгъэункIыфIхэм. КъэлъыхъуакIуэ-къегъэла­кIуэ гупым хэтхэр 146-рэ дэкIащ я лэ­жьыгъэ IуэхукIэ икIи цIыху 54-рэ къра­гъэ­лащ, гузэвэгъуэм хэхуауэ 74-м ядэ­Iэпыкъуащ. 
МафIэс нэхъыбэ къыщыхъуащ пкъыгъуэхэр, хьэпшыпхэр, Iусыпхъэхэр, техникэр зэIухауэ щахъумэ щIыпIэхэм, апхуэдэуи псэупIэхэм. Ахэр нэхъыбэу кърикIуащ мафIэм зэрыхуэмысакъым, электроIэмэпсымэхэмрэ транспортым­рэ къызэрыгъэсэбэпыпхъэ хабзэхэм зэрытемытым. 
2022 гъэм кърикIуахэмкIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр ПСС» IуэхущIапIэм и мафIэсгъэункIыфI IэнатIэ нэхъыфIу къалъытащ Лэскэн районым и Анзорей къуа­жэм щыIэ часть №14-р (унафэщIыр ГуэбэщIыкI Казбекщ), етIуанэ увыпIэр лъысащ Дзэлыкъуэ районым и Каменномост къуажэм и ПСЧ-17-м (унафэщIыр Бей Муратщ). Ещанэ увыпIэр хуагъэфэщащ Май къалэм и ПСЧ-6-м (унафэщIыр Алборэ Анзорщ). МафIэсгъэункIыфI-къегъэлакIуэ частхэм я унафэщIхэм я деж япэ щитщ Бей Мурат, ГуэбэщIыкI Казбек етIуанэщ, ещанэ увыпIэр хуа­гъэфэщащ Бахъсэн районым хыхьэ ­Къубэ-Тэбэ къуажэм щыIэ часть №20-м и унафэщI БжэныкIэ Анатолэ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ къулыкъум и лэ­жьыгъэм кърикIуахэр зэпалъытыжри, 2023 гъэм я къалэн нэхъыщхьэхэр ягъэнэIуащ.

БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.03.2026 - 09:03

Лъы хуэныкъуэхэм папщIэ

Налшык къалэм  ведомствэм хэмыт и хъумакIуэ  къудамэм   и лэжьакIуэ 70 хэтащ     Урысей гвардием и  акцэм, «Зы гум къыбгъэдэкIыу адрейм хуэкIуэу» зыфIащам.  Ар хуэгъэпсащ  донор Iуэхум къэралым зыщ

07.03.2026 - 09:03

Гуп гущIэгъулым и къызэгъэпэщакIуэ

Фызэрыщыгъуазэщи, «Хэкум и хъу­макIуэхэр» фондым иIэщ псэукIэмкIэ дэIэпыкъуэгъу хъу IэщIагъэлIхэр, чэнджэщэгъухэр.

06.03.2026 - 09:12

Республикэм и ехъулIэныгъэхэр щагъэлъэгъуэну щIыпIэщ

«Урысей» Лъэпкъ центрым и къудамэ къы­зэгъэпэщыным теухуа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

06.03.2026 - 09:10

Хабзэм ебакъуэ къахэмы­кIын хуэдэу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэм щIэту екIуэ­кIащ Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэм и зэIущIэ зыубгъуа.

06.03.2026 - 09:03

ЩхъуантIагъэр нэхъыбэ ящIынущ

Ди щIыналъэм хабзэ щыхъуауэ щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ жыгыщIэхэр щагъэтIыс, щхъуантIагъэр нэхъыбэ щащI.