ДЫГУЛЫБГЪУЕЙ И ТХЫДЭ ЖЫЖЬЭР

Дыгулыбгъуей къуажэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ нэхъ жьы дыдэхэм ящыщщ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, ар жылэу тIысауэ щытащ 1597 гъэм. Къуажэр зэрыщыIэ илъэс 426-м къриубыдэу и теплъэм имызакъуэу и цIэми мызэ-мытIэу зихъуэжащ: Тамбий хьэблэ – Къызбрун 3 – Дыгулыбгъуей. Дауэ щымытами, мы жылэжьым и щIыбагъ къыдэлъщ тхыдэшхуэрэ хъыбар гъэщIэгъуэнхэмрэ. 

НэхъапэIуэкIэ къуажэр абдеж щысащ, дауи, ауэ и тхыдэр ятхын щыщIадзар 1597 гъэращ. Нэгумэ Шорэ зэритхыжымкIэ, Тамбийхэ мыпщы лъэпкъми, пщым пащIу лъэпкъ лъэщт, лIакъуэлIэшт. Уеблэмэ пщыдэшхэ ягъэтIысу щытащ Тамбийхэ, лъэпкъыжь къызэрыхэкIам щхьэкIэ пщIэшхуэ къыхуащIырти. 
АтIэ, Къэбэрдей цIэр къызытехъукIыжа Къэбардэр Тамбийхэ ящыщт. Адыгэ лъэпкъымрэ щIыналъэхэмрэ зы ищIыжу, къэралыгъуэу Адыгэ Хэкур къызэзгъэпэщыжа, пщым я пщыжу Инал Нэхум и фыз ещанэу, цIыхубз щIалэр Къэбардэм къигъэкIуасэри, Бахъсэныпсым и сэмэгурабгъум къэтIысыжауэ щытауэ жаIэ. Гуащэр псыхьэ щыкIуэкIэ, гуэгуэным IэщIыбкIэ псыр иригъахъуэрти, «IэщIыбкIэ зыхуэIэбэр лIахэращ. Псым адрыщкIэ дигъэкIи, дыгъэтIысыж», - жиIэри, щхьэгъусэм пиубыдащ. Апхуэдэу, жылэр Бахъсэныпсым къикIри, ижьырабгъумкIэ тIысыжауэ щытащ. 
Мис а Къэбардэм и щIэблэт зи цIэр жылэм фIащыжа Дыгулыбгъури. 
КъардэнгъущI Зырамыку зэритхыжамкIэ, Тамбий и къуэ Дыгулыбгъу шу гуп зригъэпэщщ, Бжьэдыгъум кIуэри, Бэлэтокъуэхэ я шыбз гуартэр кърихужьэри, къежьэжат. Абы и гъусащ Мамкъут Лашэ, Багъ Алий, нэгъуэщIхэри. Гуартэр зыфIадыгъуар къакIэлъыпхъэрри, гупитIыр зэхэуащ, Дыгулыбгъу и гъусэхэм щыщ куэди къыхагъэщIащ. Арами, гуартэр IэщIахыжыфакъым. Хьэдэхэри уIэгъэхэри шы кхъаблэкIэ къахьыжщ, шыбзхэр къахури, къагъэзэжат псэууэ къэнам. Бахъсэныпсым къыщекIуалIэм, ар къиуарэ, дунеижьыр дэзджызджу кърихьэлIэжат. Дыгулыбгъу и гъусэхэм жаIащ: «Псы къиуам дыхыхьэ нэхърэ, ныжэбэ Iуфэм нэху дыкъыщекIынщ, дыкъэсыжагъэххэщ, дыщIэпIэщIэн щыIэкъым».
АрщхьэкIэ, гъуэгуанэ гугъумрэ зыхэта Iуэхугъуэхэмрэ иригубжьа Дыгулыбгъур, и гъусэхэм емыдаIуэу гуартэр псым щыхихуэм, езыри шыхэри итхьэлащ. 
Дыгулыбгъу цIэм теухуауэ адыгэ IуэрыIуатэм итщ мыпхуэдэу: «Дыгулыбгъу – тхьэщ, къэбэрдейхэм я тхьэмадэщ». Абы и щыхьэту къыщIэкIынущ адыгэхэм Дыгулыбгъу иращIэкIыу щыта джэгумрэ абы епха хъыбархэмрэ. Мажусий диным адыгэхэр щитам пщIэ зыхуащIу щыта къэкIыгъэм, бэвыгъэм, берычэтым я тхьэщ Дыгулыбгъур. 
Нэгумэм зэритхымкIэ, Зеикъуэрэ Дыгулыбгъуейрэ я зэпылъыпIэм деж щылъ мывэм и Iэхэлъахэм ДыгулыбгъукIэ еджэрт, мывэри тхьэм и дамыгъэу къалъытэрт, дин джэгу иращIэкIырт. Уеблэмэ мэлыжьыхьым ирихьэлIэу а щIыпIэм щрагъэкIуэкIыу щыта тхьэлъэIушхуэм щагъажьэ щIакхъуэми зэреджэр «дыгулыгът». 
 

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.