КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымкIэ, абыхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ, мафIэсхэм я шынагъуэм пэщIэтынымкIэ комиссэм и зи чэзу зэIущIэр. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, Урысейм и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщI Надежин Михаил, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым КъБР-м къегъэщIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, Правительствэм и лэжьакIуэхэр, министрхэр, муни-ципальнэ щIыналъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр. ЗэIущIэм къыщапщытэжащ УФ-м и МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм 2022 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэр икIи абы 2023 гъэм къыпэщыт къалэнхэр зэпкърахащ.
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщхьэхукIащ илъэс кIуам хэхауэ дызыгъэпIейтеин Iуэхухэр къызэрымыхъуар, псыхэм я къиугъуэм, уэсукхъуэхэр, ятIэпсхэр къыщех зэманым ехьэлIа лэжьыгъэхэри зэпэщу зэрекIуэкIар. Республикэм и унафэщIым комиссэм хэтхэм яхуигъэуващ, нобэрей зэманым зэтеува геополитикэ щытыкIэмрэ абы къыдэкIуэ шынагъуэхэмрэ къалъытэу, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъуным, республикэм и унафэщI органхэмрэ Iуэху пIащIэгъуэхэм елэжь IэнатIэхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным нэхъ егугъуну.
Надежин Михаил зэIущIэм кърихьэлIахэр щыгъуазэ ищIащ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымрэ абыхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ къэрал системэ зэгуэтым и щIыналъэ системэ къуэдзэм и къарухэмрэ Iэмалхэмрэ къызэрымыкIуэ щытыкIэу 1-м, псэуныгъэм и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ къэхъукъащIэу 27-м яхуэгъэзауэ къызэрагъэсэбэпам. КъБР-м и щIыналъэм мафIэс зэмылIэужьыгъуэу 1470-рэ щатхащ икIи кърагъэлын папщIэ абыхэм цIыху 780-рэ ягъэIэпхъуащ, мылъку зэмылIэужьыгъуэу сом мелард 1,4-м щIигъу и уасэ мафIэм щахъумащ. Республикэм мафIэсым пэщIэтынымкIэ и лэжьакIуэхэр 2500-м щIигъукIэ ежьэн хуей хъуащ, апхуэдэу IэнатIэм пэрытхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжыным 452-рэ хэтащ икIи абыхэм цIыху 16 кърагъэлащ. Управленэ нэхъыщхьэм и лэжьакIуэхэм ухуэныгъэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ мафIэсхэм зэрыщахъумэр 293-рэ къапщытащ. Урысейм и МЧС-м Iуащхьэмахуэ щыIэ и къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупым хэтхэр къуршхэм 140-рэ дэкIащ икIи абыхэм цIыхуи 128-рэ къыщрагъэлащ.
ЗэIущIэм апхуэдэу щытепсэлъыхьащ мафIэсхэм япэщIэтынымкIэ IэнатIэм и зэфIэкIыр къэIэтыным. КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим зэрыжиIамкIэ, дызэрыт илъэсым мафIэсым пэщIэтынымкIэ IэнатIэм папщIэ депо Ново-Хьэмидей, Зеикъуэ къуажэхэм къыщызэIуахынущ. Абы къыдэкIуэу, мы Iуэхум зрагъэубгъун папщIэ зыхуэфащэ лэжьыгъэхэр зэрырагъэкIуэкIынум иджыпсту йогупсыс.
ЗэIущIэм щыжаIахэм япкъ иткIэ щIэрыщIэу хэплъэжауэ ягъэтэмэмыж 2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къыщымыгъэхъунымкIэ, абыхэм я лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ икIи мафIэсхэм я шынагъуэм пэщIэтынымкIэ комиссэм иригъэкIуэкIыну лэжьыгъэхэм я планыр.