МАКЪАМЭ

Макъамэ защIэщ мы гъащIэр! Псори, псори гухэлъ изогъащIэ! Си гур щохъур дунейм насып защIэ… Дыгъэ бзийм, удз гъэгъам, жыг Iэрысэм, уафэгъуагъуэм, уэшх хуабжьым, уэс щабэм… Псоми, псоми макъамэ къапех. Макъыу хъуари мы си гум зэхех.
И къеуэкIэр мы си гум макъамэщ, сыщигъафIэкIэ куэщIкIэ хэку-анэм. Макъамэхьу йошкIурэх псыIэрышэр… Макъамэпсэу щопсэу вагъуэр уафэм… Дэпыр пIэнкIмэ – макъамэщ, жьыбгъэр фиймэ – макъамэщ. Хэт щегъафIэр игу шы лъэ макъыр, гукъэкIыжым зыхьыжри арауэ. 
Бжьыхьэр, гъатхэр, щIымахуэр, гъэмахуэр зэрощэщыр макъамэ-макъамэу. Бжьыхьэм, мес, Iэпощэщ дыщэ хъархэр. Дыжьын щIыIухэр тощащэ щIымахуэм. Гъатхэм хепхъэ гъэгъа псыIэрышэм. Къуалэбзухэр гъэмахуэм доушэ. 
ЗэIэпахыр уэрэд уэми щIыми. Сахэдэну макъамэм щытамэ, уигу нэщхъейм и щымыкIэ-щыIэкIэр щызгъэIунт мы дуней макъзэхъуэкIым.

* * *

Гур архъуанэм ирехьэри… гъащIэ псо щоуназэ. ГукъэкIыжхэр къожажьэ, гупсысэр мэятэ. ПщIэжрэ, пщIэжрэ жыпIатэр, сигу, зэгуэр узелъатэу… Къэбгъуэтауэ, бгъэфIэну, гухэлъ IэфIу уиIэну… Уэ гухэлъыр жыпIэнут, дуней псор ууей хъунут. Сэ сыноплъырти щыму, бжезмыIэфурэ зыри, уи дунейр сфIэгуэныхьт. 
Уимыхуэжу мы си бгъэм, уэми щIыми щыбгъафIэ гухэлъ нэхур зэгуэрым къыптесхынути, испхъэжынут ар уафэм. Уафэм ар имыхуэжу, хэз сфIэхъуати хьэуам… Иджы нэхъри угуфIэрт. Сэ уэсщIэн си гугъахэр пфIэделагъэу арати… бутIыпщауэ уи макъыр, лъагъуныгъэм и макъыр, удыхьэшхт.
Сигу, щытам сфIэгуэныхьу, си гугъам узым ихьу, узи гуауи илъагъукъым, зыри хъуркъым и жагъуэ. ГъащIэм IэплIэ хуищIауэ, нэхуу уэгум щыблауэ, и гухэлъ егъэпэж. КъыIэщIэпчи къытепхи хъуркъым гухэлъыр.

* * *

Хьэуам къыщыфэ уэс налъэхэр нэбжьыцкIэ къызоубыд. ЩIымахуэм сыхозэрыхь. Къыхыхьи, къыIукIэ псэуэ. Уэс къафэм макъамэ хуэхъу. Армыхъумэ, сохъу щIыIэрыс… Уи плъэкIэр уэсым къытощри, си нитIыр щоункIыфIыкI. Уэ сытхъуу укъыспощэщ. Хьэуам хэз уохъуж аргуэру. Уафэр куууэ мэбауэри, вагъуэхэм я щхъыщхъ макъыр щIылъэм къоIус. Уэсым къысхуихь гукъэкIыжыр уафэм из мэхъури, мэпщIыпщI. Уэсу къощэщэхыж…
Хьэуам къыщыфэ уэс налъэхэр нэбжьыцкIэ къызоубыд. Сэ зэхызох макъамэ. Сэ зэхызох уи макъ, уэс налъэхэр хуэму къыщехкIэ, зыхэсщIэу уигу и къеуэкIэр. 

* * *

Уэ умакъамэщ. Псалъэ хэмыту… си хьэуам щэхуу зыхэппхъэпауэ.
Уэ умакъамэщ. ЩIыуэпсым щэхуу ухэтIысхьащи, сыпIейтеижкъым - сыпщIодэIу. Укъыстощащэ. Уэ умакъамэщ. Мы си Iэпкълъэпкъым лъынтхуэу ирикIуэм ухызогуашэ. Ухызогуашэри, хуиту собауэ. СыкъощIэращIэ, гъащIэм сыпохьэ, уи псэм сыIуощIэ. Зыри жомыIэу, си гум ущыIэу, уэ умакъамэщ.
Уэ умакъамэщи, си хъуреягъыр хьэндрабгъуэ минщ. НапIэр щысIэткIэ, си Iэгу илъэтыр хьэндрабгъуэ хужьщ… Сыту ужыжьэ… сыту ухуэм… сыту усщыщ! Уэ схуэпхъумащ си гъащIэр. Уэ сыпщIэдэIуурэ, гъащIэм сыхохьэ. Си хъуреягъыр лъэс лъагъуэщ. Уэ сыпщIэдэIуурэ, си пIэм сыкъонэ, уэ сыкъыпхуонэ. Хуэму къэкIуатэ. Зыри жомыIэу, псори къызэIуэкIыж. Уэ умакъамэщ. 

* * *

Пщэдджыжь дыжьынычым къыхэзбжыкI уэс налъэхэм гъатхэ къагупсыс. Къагупсыс макъамэ. Акъужь щIыIэтыIэм макъыр епхъуэтэжри, ар жьы къабзэм хепхъэ. Мы дунейр мэдаIуэ, мы дунейр мэбауэ. IэгукIэ къыщIэзгъалъэри, сэ жьы щIыIэтыIэм щызу сеIубауэ, гъатхэм сыхокIуатэ… Уэ мы сигу къииным и дунейр пцIыхуатэм! Псалъи жомыIатэм… Гъатхэм уIущIатэм! Гъатхэм уIущIатэм, къэпцIыхунут си гур. Гухэлъ защIэу тIэпIрэ, имыхуэжу бгъэгум! ИлъэтыкIрэ накIуэу! Мы дуней архъуанэм си гур зыщ, зы закъуэщ. И закъуэщ! Си пкъым къыIэщIэкIри, езыр хуит хъужауэ, гъатхэкIэ мэбауэ. Мы си нэпсыр пщтыру щIыIэм къыщIихуауэ, сэ дунейм содауэ. Уи нэм сыщIэплъэжрэ, си псэ щымыIэжмэ, ар хэкIащ куэд щIауэ! 

Пэж

Гум пэж щыпсэут. ГуфIэу, пIейтейуэ, хахуэу, щабэу е жану. Хэхъуэм хэхъуэурэ, гум имыхуэж хъуащ. КъыщыпкIырт. Хуейт зиIэтыну, лъэтэну, зиплъыхьыну. Ар гум идэнут?! ЕупщIакъым… Гум изэгъэжыртэкъыми, гъуэгу хишыну ежьат. Жылэ трисэурэ ирикIуэнут. Жылэр къикIыкIынут, гъуэгур гъэгъэнут. Пэж защIэ хъунут хъуреягъыр. Арат и гугъэр. Гум къызэрикIыу, гъы макъ зэхихащ. ИтIанэ кIий макъ… дыхьэшх макъ… фий макъ. Псори зэщIовууэ. Пэжыр мэкIэзыз. Зызэтреубыдэри, мэбакъуэ. Уаем, псыдзэм, мафIэсым хобакъуэ. КъыщыувыIэкIэ кIиину мурад ещI – зэхахын хуейщ… дауэ мыхъуми зэхахын хуейщ.Iэмал имыIэу! Зэ мэкIийри, уафэр къыподжэж - мэхъуэпскI. ЕтIуанэу жиIэнIауэ зыщигъэхьэзырым, и макъ къикIыжыркъым. 
«Гум сыщыпсэужатэмэ!» жи пэжым. Къабзэу къэнэнут, щыму гугъэ иухуэнут, дзапэ уэрэд хъунут. ЗэхэзыхынуIатэкъым. Пэжым къригъауэнут гур… Щым зищIыжащ. Зыри щыдымкъым гу лъахэм. 
Пэжыр зэрыщымыр зыгуэрым зэхех. Ари гущ. Абыи пэж гуэр илъщ. Ари уIащ, пцIанэщ, щIыIэрысщ. Зиухыжыну хуеят. Ауэ нэгъуэщI зы пэжым и дуней щымыр зыхищIащ. Аращ къезыгъэлар. Гухэм я пэжхэр зэхуэзащ. Дунейр умэзэхри, гупсысащ. Егупсысащ уафэр зэрыкъабзэм! Пэжхэр зэрыщIэри, къару къахыхьащ. Къару къахыхьащ щыму гухэм щыпсэуну.

Псыежэхым жиIэр

Дыгъэм зеукъуэдийри, удз гъэгъа губгъуэм йоIусэ. Гъэгъахэр егъафIэ. Губгъуэ щхъуантIэм тепхъа гъэгъа щхъуэкIэплъыкIэхэм хьэндрабгъуэхэр тотIысхьэ, къытолъэтыж, ящхьэщолъатэри загъэкIэрахъуэ, къофэ. Жьы мащIэм гъэгъа тхьэмпэхэр щIигъэхъаеурэ, хьэуам мэ гуакIуэр хегуашэ. 
Псы ежэх цIыкIур мывэ кIэщхъым кIэщIэрыIэурэ, зэрегъэунтIэIу. Дунеяплъэ здрихьэхыну якIэщIэрыIэ хуэдэщ. Мыдрейхэм ар ядэркъым. Тегушхуэу зыкъэзыIэт къахэкIми, «тIыркъ» жригъэIэу и гупэкIэ къыщылъ мывэм тохуэж. Псалъэурэ йожэх псыр. Йопсалъэ губгъуэм, гъэгъахэм, хьэндрабгъуэхэм. Йопсалъэ дыгъэм. Езы дыгъэри, и бзий хуабэхэмкIэ къоIэбыхри, псы къабзэм и щIыфэм тоIэбэ, телъыджэу щхьэщолыдыкI. Дыгъэр зыхуэгуэпа псым и уэршэрым зрегъэIэт - жиIэн и куэдщ. ЕIуатэ куэд щIауэ зыщIэдэIу, зэхуихьэс хъыбархэр. КъэувыIэмэ, ахэр зэпыункIэ шынэ нэхъей, тетщ и гъуэгум. Здрехьэх зэгуэр псыхъуэм къызэрыдэхьа щIалэжь цIыкIухэм я дыхьэшх макъи, къыщхьэщылъатэурэ зэ зы уэрэд, зэми нэгъуэщI къыжезыIа бзухэм я бзэрабзи, зи губампIэ и Iуфэм щыдэзыха пщащэм и щэху нэгъунэ. Псыр игъуэжынти, а илъагъу, зэхих псом щыщIамэ. Ирежэх атIэ… къэмыувыIэу, псалъэу, дыгъэм пэлыду!
 

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)