ПСЫ ПЩТЫР КЪЫЩIЭКIЫПIЭХЭМ Я ЩIЫНАЛЪЭ

Шыпсэм къыхэкIам хуэдэу, Атлантикэ уаем пэмыжыжьэу зы хытIыгу телъыджэ щыIэщ - Исландиер. «Шынагъуэу дахэщ» жаIэ абы щхьэкIэ: вулканхэр, псы пщтыр къыщIэкIыпIэхэр (гейзерхэр), гуэлхэр щыкуэду, щIымылхэр бгым къещэтэхыу апхуэдэщ. Исландием и къалащхьэ Рейкьявик километри 100-кIэ пэжыжьэщ мы тхыгъэр зытеухуа псы пщтыр къыщIэкIыпIэ телъыджэхэр.

Жыжьэу уплъэмэ, бахъэ хужьышхуэхэм зэм лъагэу заIэт, зэми, зыри къэмыхъуам хуэдэу, сабыр мэхъуж. ХытIыгур къызэIузыха, хым щызекIуэ норвег Арнорсон Ингольфур 871 гъэм абы щесылIам япэ дыдэу гу зылъитар а бахъэхэрати, «бахъэм хэт кхъухь увыIапIэ» къригъэкIыу, Рейкьявик фIищIауэ щытащ иджы къалащхьэ хъуам. Исландием псы пщтыр къыщIэкIыпIэу 30-м нэс щыIэщ. Абыхэм ящыщу нэхъ лъагэ дыдэу дэкIуейр Грила жыхуаIэращ. Ар сыхьэтитI къэс къокI. Строккур гейзерыр дакъикъи 5 - 10 къэскIэ къреху.

Нэхъ цIэрыIуэ дыдэр Гейсир жыхуаIэ псы къыщIэкIыпIэращ. Ар къыщикIкIэ псы пщтырыр метр 60-кIэ дрехуей, ауэ илъэс бжыгъэкIэ «щыжеи» щыIэщ. И сабырыгъуэхэм деж метр 18 зи бгъуагъ, 1,2-рэ зи куууагъ гуэл удзыфэ цIыкIущ. Гейсирыр 1294 гъэм къэунэхуауэ жаIэ, щIыхъейм къыдэхъуауэ. Къапщтэмэ, псы пщтыр къыщIэкIыпIэхэм я «лэжьыгъэр» зэлъытэжар щIыхъейхэращ. Псалъэм и хьэтыркIэ, 1630 гъэм Исландием щIыхъей шынагъуэ щыщыIам, гейзер зыбжанэ къэунэхуащ. Абы щыгъуэ щIы лъабжьэр апхуэдизкIэ зекIуэрти, макъышхуэ ищIу гъуагъуэрт.

Гейсир 13-нэ лIэщIыгъуэм къэунэхуами, илъэс 500-кIэ зиIэтакъым, 1896 гъэм щIыр хъейя нэужь, махуэм и кIуэцIкIэ щэ-плIэ псы къэкъуалъэр кърихуу хъуат. 1901 гъэм ар сыхьэт ныкъуэ къэс къикIырт, 1915 гъэм махуэм 5 къикIыу хъуащ, 1916 гъэм увыIэжыпащ. Абы лъандэрэ Гейсир къызэрикIар IэпэкIэ къыпхуэбжынущ, ауэ дэтхэнэри гукъинэжщ.

Сыт-тIэ, гейзерхэр зищIысыр, дауэ къызэрыхъур, дэнэ къыздикIыр? Вулкан здэщыIэ щIыпIэхэм щIы лъабжьэм гъуэмбхэри щыкуэдщ. А гъуэмбхэм псымрэ бахъэмрэ щIы пщтырым къыщигъэхуэба нэужь, псыр щIым щIэмыхуэж мэхъури, къаруушхуэ иIэу къыдрехуей. ЩIым и пщтырагъым елъытащ гейзерым и къикIыгъуэхэри.

Псы пщтыр къыщIэкIхэр къабзэщ, хущхъуэщ, хлоридно-натриевэ е хлоридно-гидрокарбонатно-натриевэу зэхэлъщ. Пщтыр жыпIэкIэ, пщтыру къэнэжкъым апхуэдэ псыр, атIэ къэкъуалъэщ, градуси 100-м нэхъыбэ зыIыгъи къахокI.

Исландием и закъуэкъым гейзерхэр здэщыIэр. Урысейми, США-ми, Новэ Зеландиеми, Чилим щыбгъуэтынущ. Ауэ, псы пщтыр къыщIэкIыпIэхэм я нэхъыбапIэр здэщыIэр Исландиеращ.

ФЫРЭ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ