ЩIЭУПЩIЭШХУЭ ЗИIЭ МУЗЕЙХЭР

Дуней псом щIэупщIэ нэхъ ин щызиIэу къалъытэ художественнэ музейхэм ящыщщ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, Великобританием, Франджым, Урысейм, Австралием, Испанием щыIэхэр. Къэбгъэлъагъуэмэ, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я музейхэм илъэсым цIыху мелуан 12-м нэблагъэм зыщаплъыхь. Урысейм и апхуэдэ бжыгъэр мелуани 10-м нызэрохьэс.

ЗыгъэпсэхупIэхэм зи нэгу зыщрагъэужьынымрэ музейхэмрэ галереехэмрэ зыщаплъыхьынымрэ зыхэзылъхьэ щымыIэ, гъуазджэм дихьэх цIыхухэр мащIэкъым. Дэри мы тхыгъэмкIэ «дыщыхьэщIэнщ» ищхьэкIэ зи гугъу сщIа, дуней псом и музей нэхъыфIу къалъытэхэм ящыщ зыбжанэм.

Лувр

Париж и нэхъ зыгъэпсэхупIэ цIэрыIуэу къалъытэхэм ящыщ зыщ абы и курыкупсым ит Луврыр. ЗыплъыхьакIуэ кIуэхэм ящыщу мащIэщ щыгъуазэр а архитектурэ фэеплъыр франджы пащтыхьхэм я псэупIэу зэгуэр зэрыщытам. Гъуазджэр фIыуэ зылъагъухэм ящыщу дуней псом и плIанэпэ куэдым икIыу абы кIуэхэм Лувр зэрацIыхур музей телъыджэущ. Абы хьэпшып мин 400-м щIигъу щIэлъщ. Музейм екIуалIэхэм псом хуэмыдэу «Денон» плIанэпэм зыщаплъыхьыну яфIэфIщ, XIX-нэ лIэщIыгъуэм и итальян сурэтыщI цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр, классикэ скульптурэхэр щахъумэм.

Къэбгъэлъагъуэмэ, Леонардо да Винчи и «Джоконда» сурэтыр щагъэлъагъуэ пэшым сытым щыгъуи цIыхур щыкуэдым, бгъэдыхьэпIэ имыIэу. Зэгуэр «Джоконда» Москва щагъэлъэгъуауэ щытащ. Иджы ар музейм къыщIамышыну унафэ щыIэщи, Лувр умыкIуэмэ, нэгъуэщI щIыпIэ ущеплъыфынукъым.

Апхуэдэу щIэупщIэшхуэ зиIэхэм ящыщщ Милосская Венерэ (Афродитэ), Самофракийская Никэ, Рамзес 11-м я скульптурэхэр, Месопотамием и фэеплъхэр, нэгъуэщIхэри.

Третьяковым и галерее

Урысейм и щэнхабзэ IуэхущIапIэ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ Къэрал къалъытэ Третьяковскэ музейр. Москва кIуэуэ а галереем зыщызымыплъыхьу къэкIуэжыр мащIэщ, экскурсие программэ псоми хагъэхьэри.

Хэт а галереер къызэзыгъэпэщар? Гъуазджэ щIэныгъэ бгъэдэмылъми, щэнхабзэм дихьэх, хьэрычэтыщI унагъуэм къыхэкIа Третьяков Павелщ. И адэ-анэр дунейм ехыжа нэужь, хэхъуэшхуэ къызыпэкIуэ фабрикэм ар и унафэщI хъуащ. Илъэс 24-рэ хъу щIалэр егупсысырт сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ япэ галерее Урысейм къыщызэIухыным. 1856 гъэм щIидзэри, абы хуэм-хуэмурэ зэхуихьэсащ художник Iэзэхэм я лэжьыгъэхэр. 1892 гъэм Третьяков Павел а сурэтхэмрэ скульптурэхэмрэ Москва тыгъэ хуищIащ. Апхуэдэу Третьяковкэр Урысейм и музей хъуащ. Москва и унафэщIхэм абы щIэлъ лэжьыгъэхэм хагъэхъуащ, дунейпсо сурэтыщI гъуазджэм, Москва щылажьэ нэгъуэщI музейхэм щахъумэхэм ящыщхэр халъхьэурэ. I9I8 гъэм хьэпшып миниплIым щIигъу щахъумэ IуэхущIапIэр къэрал музей хъуащ.

Мыр музей къудей мыхъуу, гъуазджэм и лIэужьыгъуэ куэд щадж центрщ. Мы зэманым музейм сурэт мини 170-м нэблагъэ щIэлъщ, а лэжьыгъэхэм зэпымыууэ IуэхущIапIэ, цIыху щхьэхуэхэм къыхагъахъуэ. Репин И. Е., Суриков В. И., Шишкин И. И., Левитан И. И., Серов В. А., Врубель М. А., нэгъуэщI сурэтыщI Iэзэхэм я лэжьыгъэу абы щIэлъхэр уасэншэщ. Псом хуэмыдэу щIэупщIэ нэхъ ин зиIэхэм ящыщщ Малевичым и «Черный квадрат» лэжьыгъэ цIэрыIуэр. «ХъугъуэфIыгъуэхэр» Iыхьэм щызэхуахьэсащ XII-нэ лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ XX-нэ лIэщIыгъуэ пщIондэ ящIа мывэ лъапIэхэр.

Прадо

Дуней псом и музей нэхъыфIхэм хабжэ, иужькIэ Прадо (Испание) зыфIаща тхыдэ музейр Карл III-м хуэзыухуауэ щытар архитектор Хуан де Виллануэвщ. Музейр къыщызэIуаха 1819 гъэм абы хуамурадар Испанием тетыгъуэ щызыIыгъхэм я сурэт гъэтIылъыгъэхэр щахъумэнырт. Абы нобэ щIэлъщ Веласкес, Эль Греко, Рафаэль, Тициан, Пуссен, Боттичелли, Караваджо, Веронезе, Босхэ, Рубенс, Дюрер, Рембрандт, Брейгель сымэ, нэгъуэщIхэми я IэдакъэщIэкIхэр.

Прадо музейм зэуэ гъуазджэ лэжьыгъэ 1500-м щIигъу щагъэлъагъуэ. Абы пэмыжыьэу щыIэщ пащтыхь гуащэ Софие и музейр, Тиссен-Борнемис музейр, Археологие музейр (мысыр, месопотамие, алыдж, итальян гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр къызэщIэзыубыдэхэр).

Метрополитен-музей

Дунейпсо гъуазджэм и хъугъуэфIыгъуэ куэд щахъумэ Нью-Йорк и Метрополитен-музейм. Илъэсым къриубыдэу абы и хьэщIэщ цIыху мелуанитхум щIигъу. XIX-нэ лIэщIыгъуэм Европэм и сурэтыщIхэмрэ скульпторхэмрэ я Iэдакъэ къыщIэкIахэр щызэхуэхьэса галереер къагъэщIэрэщIэжри зрагъэубгъуащ.

Метрополитен-музейм щызэхуахьэсащ европей, мысыр, алыдж, итальян, американ IэпщIэлъапщIэхэм я сурэтхэмрэ скульптурэхэмрэ, Iэщэ-фащэхэр, иджырей гъуазджэр.

Мы музейр и мыхьэнэкIэ Эрмитаж, Лувр, Прадо музейхэм яхуэбгъадэ хъунущ. Ар гъузаджэм дихьэххэм 1870 гъэм къызэIуахащ. Абы гъуазджэм и лIэужьыгъуэ псори къызэщIэзыубыдэ хьэпшып мелуанитIым щIигъу щахъумэ.

Художник цIэрыIуэхэу Вермеер, Сезанн, Моне, Тициан, Дюрер, Боттичели, Веласкес сымэ я Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэм Метрополитеным щIэупщIэшхуэ щаIэщ. Апхуэдэу Китай каллиграфиехэр, Хокусай и гравюрэ щхъуэкIэплъыкIэхэр, лIэщIыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ухэзышэ пэшхэр, унэлъащIэхэр, декоративно-прикладной гъуазджэм и хьэпшып телъыджэхэр - нэм къиубыд хъугъуэфIыгъуэ псори гъэщIэгъуэнщ.

Британие музейр

Дуней псом и музей нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ Британие музейр. 1823 гъэм яухуа музейр XIX-нэ лIэщIыгъуэм и неоклассикэ архитектурэм и щапхъэщ. Абы щахъумэ гъуазджэ хьэпшып мелуниблым щIигъу. Псом хуэмыдэу увыпIэфI щеубыд Пасэрей Мысырым и гъуазджэ сурэтхэмрэ гравюрэхэмрэ, Британие хытIыгум къыщагъуэта дыщэ-дыжьынхэкIхэм, Iэщэ-фащэхэм, мывэ лъапIэхэмкIэ гъэдэха сэшхуэхэм. Дуней псом и гъуазджэ хьэпшыпхэр щызэхуэхьэса музейр нэгъуэщIхэм къащхьэщызыгъэкIыр абы и курыкупсэм цIыхухэр щеджэ пэш, мультимедие центр зэрыхэтырщ.

Уффици галерее

Галерее цIэрыIуэм и тхыдэ дахэр 1560 гъэм къыщожьэ. Тосканэ и герцог Козимодо 1-м и унафэкIэ, итальян сурэтыщI икIи архитектор Вазари Джорджо уардэунэ щригъэухуам. Уффици и галереем япэ лэжьыгъэхэр щIэзылъхьар герцог Козимодо 1-м и къуэ Франческэ 1-рщ.

Флоренцием и Уффици галереер нобэ дуней псом и музей нэхъ инхэм, цIыхушхуэ зэкIуалIэхэм ящыщщ. Гъуазджэм и хьэпшып щIэщыгъуэхэр щызэхуэхьэсащ абы: курыт лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ иджырей художникхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэр, скульпутрэхэр, гобеленхэр, миниатюрэхэр къызэщIиубыдэу. Апхуэдэхэщ Леонардо да Винчи, Тициан, Микеланджелэ, Дюрер, Эль Греко, Веласкес, Рубенс, Рембрант, Рафаэль, Вазари, Кустодиев, Айвазовский сымэ, нэгъуэщIхэми я IэдакъэщIэкIхэр. Скульпутрэхэм ящыщу нэхъ щIэупщIэ зиIэхэм ящыщщ «Венера Медичи» статуер. Плиний ар къилъытащ дуней псом и скульптурэ нэхъ дахэу.

Уффици галереем щахъумэ хьэпшыпхэр Европэм и музейхэм щагъэлъагъуэхэм я нэхъ жьы дыдэхэм хабжэ. XVI-нэ лIэщIыгъуэм Арно псыежэхым и Iуфэм уардэунэхэр илъэс 20-м щIигъукIэ щаухуат, а хьэпшыпхэр щIалъхьэн папщIэ. Зэпымыууэ зи хьэпшыпхэм хагъахъуэ галереер XVIII-нэ лIэщIыгъуэм, 1737 гъэм, Флоренцием и япэ музей хъуащ, Медичи Аннэ Марие ар Уффици щыпсэухэм тыгъэ яхуищIа нэужь.

Италием щыпсэухэмрэ абы зыщызыгъэпсэхухэмрэ нэхъыбэрэ здэкIуэ гъуазджэ IуэхущIапIэу къалъытэр музейр. Пэш 50-м щIигъу хъу музейм щахъумэ лэжьыгъэхэм щынэрылъагъущ XIII-нэ лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ XVIII-нэ лIэщIыгъуэ пщIондэ сурэтыщI гъуазджэм игъуэта зыужьыныгъэмрэ зыхуэдэр.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.