КЪАФЭМРЭ УЭРЭДЫМРЭ ЗИ IЭПЭГЪУ

ХьэIупэ ДжэбрэIил хуэдэ адэшхуэ зиIэ къуэрылъхум лъэпкъ макъамэмрэ къафэмрэ фIыуэ имылъагъункIэ Iэмал иIэтэкъым.
ХьэIупэ Къантемыр япэщIыкIэ къафэм дихьэхри, иужькIэ уэрэдым зритыжащ. Гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я цIыхухэм псынщIэу гу лъатат абы макъ гуакIуэ зэриIэмрэ утыкум екIуу зэритымрэ. ЦIыхубэм ягу дыхьащ икIи занщIэу япхъуэтащ Къантемыр игъэзащIэ «Девушки Кавказа», «Кабардино-Балкария» уэрэдхэр. Абы и псалъэри макъамэри зейр и адэ къуэш ХьэIупэ Анзорщ.
Кушмэзокъуэхэ Рафаилрэ Иринэрэ я «Дети гор» ансамблым япэу къэфэн щыщIидзат Къантемыр. ИужькIэ «Хатти», «Синдхэр», «Кабардинка» къэфакIуэ аснамблхэм хэтащ. ХьэгъуэлIыгъуэхэр зы зэманкIи иригъэкIуэкIащ абы.
- Илъэс куэдкIэ къафэм сыдихьэхыу къекIуэкIами, иужькIэ макъамэ псынщIэм зестыжащ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ «Трио» гупым я гъусэу дыхэтащ Кавказ Ищхъэрэм и «I2 звёзд» проектым. Ар зи жэрдэм Жырыкъ Рузанэ куэд щIауэ сцIыхути, а Iуэхум сыхэтыну сыщригъэблагъэм, арэзы сыхъуат, - жеIэ Къантемыр. – Гуапэщ нобэ лъэпкъ макъамэм и пщIэр къызэраIэтыжыр, щIэупщIэ зэригъуэтыжыр. ГъащIэр и пIэм иткъым. Лъэпкъ щэнхабзэм зедгъэужьын хуейщ. Зэпымыууэ зым утету укIуэныр зэшыгъуэщ.
Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш къэрал университетым и экономикэ факультетыр къэзыуха щIалэм, иджыри еджапIэм щыщIэсым, къафэмрэ макъамэмрэ IэщIагъэу къыхихащ. АбыкIэ щапхъэфI хуэхъуар зи гъащIэр макъамэм епха и адэшхуэ ДжэбрэIилщ. А тIур Iуэху куэдым теухуауэ зэакъылэгъущ икIи сыт щыгъуи зытепсэлъыхьын я куэдщ. КIэщIу жыпIэмэ, адэшхуэмрэ къуэрылъхумрэ зэрыгъэзэшкъым. Къантемыр и хъуэпсапIэщ и адэшхуэм итха уэрэдхэр псори зэгуэр игъэзэщIэну, сыту жыпIэмэ абыхэм щедаIуэкIэ зыхещIэ дэтхэнэ нотэми ДжэбрэIил и псэр зэрыхилъхьар. Макъамэм имызакъуэу, композиторым и дежкIэ псалъэми мыхьэнэшхуэ иIэщ.
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджырей эстрадэм макъамэ куэд зэрыщызэтехуэм гу лъыботэ, псалъэхэми купщIэ яхэлъкъым. Абы и лъэныкъуэкIэ совет зэманым щыIа уэрэдхэр нэхъ сигу дохьэ, - жеIэ Къантемыр.
Мы зэманым Москва щыпсэу артистым уэрэд жыIэным пещэ. Кавказым, Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуахэм къадэкIуэу, абы и репертуарым хэтщ Киркоров, Колдун, Кельми, нэгъуэщI артистхэм ягъэзащIэ уэрэдхэр.
Нэхъыжьхэм я жыIэм щIэт, гъэсэныгъэ зыхэлъ щIалэр, дэнэ щIыпIэ щыIэми, и ужь итщ къызыхэкIар зэрызыщимыгъэгъупщэным, зыщыщ лъэпкъым зэрыхуэфэщэным. НэгъуэщI лъэпкъхэм щыщхэм пщIэ яхуищIу егъэныбжьэгъу, куэдым задрегъэкIуф.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.12.2024 - 09:13

Къалэн нэхъыщхьэр цIыхубэм я Iуэху дэгъэкIынырщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Президентым и деж щыIэ Стратегие зыужьы­ныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ советым и зэIущIэм кърикIуам зэреплъыр къигъэлъэгъуащ:

09.12.2024 - 09:12

Адыгэхэм я дунейм щыхагъэгъуазэ

Налшык къалэм и япэ мо­дельнэ библиотекэм щекIуэ­кIащ гъуазджэм, тхыдэм, графикэм, адыгэхэм я дунейм ухэ­зышэ «Печать, тираж, тхы­лъымпIэ, адыгэхэр…» зыфIаща лекцэ.

09.12.2024 - 09:11

Я лэжьакIуэхэр ягъэлъапIэ

Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм ще­кIуэкIащ я шофёрхэм ведомствэ дамыгъэхэр щрата Iуэху гуапэ. 

09.12.2024 - 09:09

Къэхъундэсхэр зэрыгушхуэ щIалэ хахуэхэр

Къыщалъхуа хэкум хуэпэжу, къызыхэкIа лъэпкъым хуэфащэу псэурщ цIыху нэсу игъащIэми къалъытэр.

08.12.2024 - 09:03

ПсэупIэ фондым и лэжьыгъэр къалъытэ

Фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэхэр щIыналъэхэм зэрагъэзащIэм и фIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхыхьащ.