МАРИОНЕТКЭХЭМ Я МУЗЕЙ

Марионеткэхэм (пасэрей гуащэхэм) я музей Лиссабон дэтым щызэхуэхьэсащ дуней псом щылажьэ Гуащэ театрхэм щахъумэхэм ящыщхэр. Нэхъыбэу абы щыболъагъу Португалием и спектаклхэмрэ оперэхэмрэ къыхэщ лIыхъужьхэм къытращIыкIа марионеткэхэр. Абы щIагъужащ къэрал куэдым къраша гуащэ зэмылIэужьыгъуэхэр. КъищынэмыщIауэ, театр, ажэгъафэ маскэхэр.

Марионеткэхэм я музейр 1987 гъэм къызэрагъэпэщащ музыкант Гил Хосе Альбертэрэ сурэтыщI, гуащэхэр зыгъэхьэзыр Вазэ Еленэрэ. 2001 гъэм щыщIэдзауэ музейр щолажьэ архитектурэ теплъэ дахэ зиIэ пасэрей ухуэныгъэм - Бернардас къулъшырыфым. Абы щахъумэ марионеткэхэр къэрал 30-м щIигъум кърашащ икIи я бжыгъэр мини 4-м щIегъу. Музейм щIэлъ дэтхэнэ хьэпшыпри егугъуу ящIащ. Португалием и марионеткэхэм къадэкIуэу, абы щахъумэ африкан, инд, китай, вьетнам, азиат марионеткэхэмрэ коллекционер Капелэ Францискэ зэхуихьэса маскэхэмрэ. Апхуэдэу музейм и хьэщIэхэр еплъыну Iэмал яIэщ къуэкIыпIэм и щIыпIэ куэдым: Явэ, Бали, Таиланд хытIыгухэм, Индием, Шри-Ланкэ, Вьетнам, Японием, Китайм къраша маскэхэмрэ марионеткэхэмрэ. КъищынэмыщIауэ, абы щIэлъщ урыс гуащэхэмрэ Сицилием къраша марионеткэхэмрэ. Европэм, Португалием я гуащэ лIэужьыгъуэхэм щыщхэр музейм щахъумэ хьэпшыпхэм я фIыпIэу къалъытэ. Абы щIэлъ хьэпшыпхэм ухагъэгъуазэ Европэм щыпсэу лъэпкъхэм я гуащэ театрхэмрэ абыхэм къыгуэхыпIэ ямыIэу ящIыгъу марионеткэхэмрэ зэрызаужьамрэ, кIэщIу жыпIэмэ а гъуазджэ лIэужьыгъуэм къыдекIуэкI тхыдэ гъэщIэгъуэным. Марионеткэхэм яхэтщ XVII-XVIII-нэ лIэщIыгъуэхэм щыIа спектаклхэм щыджэгуахэр, а зэманым къыпхыкIыу ди нобэм къэсахэр.

Хабзэ хъуауэ, Португалием зыгъэпсэхуакIуэ кIуэхэм Iэмал имыIэу а музей телъыджэм зыщаплъыхь. IуэхущIапIэм и пэшхэр иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщащ, абы екIуалIэхэр видео еплъыфын папщIэ. Ягъэлъагъуэ фильмхэр теухуащ гуащэхэр къыщагъэсэбэп пасэрей хабзэхэм, спектаклхэм, карнавалхэм, нэгъуэщI Iуэхухэм. Я спектаклхэм къыщагъэсэбэп курыт лIэщIыгъуэм щыIа гуащэхэр, таурыхъхэм къыхэщ лIыхъужьхэр.

КъыжыIапхъэщ, Португалием нэгъуэщI апхуэдэ музей зэрыщымылажьэр. Музейм иIэщ сабийхэр гуащэкIэ щыджэгу пэш хэхарэ таурыхъхэм къыхэщ лIыхъужьхэм я гъусэу щыджэгу утрэ. Апхуэдэу творческэ лъэщапIэхэри щолажьэ. ЗыплъыхьакIуэ кIуэхэмрэ а гъуазджэ унэтIыныгъэм дихьэххэмрэ ящыщу гукъыдэж зиIэ дэтхэнэми Iэмал иIэщ абы къыщызэрагъэпэщ мастер-классхэм хэтыну икIи гуащэ театрым и актерхэм я теплъэхэр зэрагъэхьэзырым, гуащэхэр зэрызрагъакIуэм зыхагъэгъуэзэну. Абы дихьэххэм я дежкIэ творческэ гупжьейхэр щхьэпэщ.

Блыщхьэр мыхъумэ, музейм и бжэр махуэ къэси зэIухащ. Хьэхэм къыщынэмIыщIа, нэгъуэщI псэущхьэ зи гъусэу кIуэхэмрэ къыкIэрыхухэмрэ абы щIагъэхьэркъым. Апхуэдэу абы щефэ-щешхэу, сурэт щытрахыу ядэркъым.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.