АЗЫКЪ - IУЗЭВ - МЫУТХЪУХ

Мы псы хъурейм и гугъу щащIкIэ, пасэрей алыджхэм «Меотидэ», «Мэуэт хыжьей» фIэщыгъэхэр къагъэсэбэпырт, урысхэм «Сурож тенджыз» хужаIэрт. Хы цIыкIум адыгэхэр зэреджэу щыта «Азыкъ» псалъэр, зэрынэрылъагъущи, мы зэманым «Азов» зыхужаIэм и гъунэгъубзэщ.

«Меотидэ» фIэщыгъэр зэман жыжьэм къыщежьащ. Языныкъуэхэм ар ирапх Азов хы цIыкIум къуэкIыпIэмкIэ щегъэщIылIа щIыналъэм тепсэукIыу щыта мэуэт лъэпкъым и цIэм. АтIэми, Тэн зыхэхуэж а псы хъурейм пасэрей адыгэхэр «МыутхъухкIэ» («Къэмыутхъуэ хыкIэ») еджэрт. «Мэуэт» лъэпкъыцIэр къызытехъукIар арауэ жызыIэхэри яхэтщ щIэныгъэлIхэм.

Азов хы цIыкIум и щхьэфэм километр зэбгъузэнатIэу мин 37,6-рэ еубыд. Псы хъурейм и нэхъ кууупIэ дыдэр мы зэманым зэрыхъур метр 13,5-рэщ. XIX-нэ лIэщIыгъуэм икухэм ар метр I6-м нэблагъэу щытащ. КIуэтэху къэси Азыкъ (Азов тенджызыр) нэхъри нэхъ чэнж зыщIу хуагъэфащэр адэкIэ-мыдэкIэ абы щыхэлъадэ псы къуэпсхэм халъасэ утхъуахуэхэрщ.

КъинэмыщIауэ, Азов цIэр мы зэманым зэрехьэ зи гугъу тщIы тенджызым и зэвыпIэ дыдэу ищхъэрэ-къуэкIыпIэмкIэ щыIэм (Таганрог псы дэлъэдапIэм) къеуалIэ щIыгум тес къалэми. А лъэныкъуэращ, зэрытщIэщи, здэщыIэр «Тэн» зыфIаща псышхуэр а хы цIыкIум щыхэлъэдэж щIыпIэр.

Тхыдэм дыпхыплъыжмэ…

Пасэрей алыджхэм я «хьэмтетыгъуэм» мыбдежыр Танаис зыфIаща жылэжьым и егъэзыпIэт. Дыщыпсэу лъэхъэнэм и I - III-нэ лIэщIыгъуэхэм Азов (Iузэв) и Iэхэлъахэм мэуэтхэри щыпсэуащ.

XIII-нэ лIэщIыгъуэм ар «Дыщэ ордам» и Азак къалэ хъуащ. XIV-нэ лIэщIыгъуэм мыбдеж дыдэм къыщоунэху Урымым и щIыналъэхэу Венециемрэ Генуемрэ къиIэпхъукIа сатуущIэхэм «Танэ» зыфIаща я быдапIэр.

1395 гъэм ар къезэу икIи зэтрекъутэ Тамерлан зэрыпхъуакIуэ шынагъуэм. Иужьым быдапIэу яухуэжа къалэр 1475 гъэм тыркухэм къазэури, абы «Азак» фIэщыгъэр трагъаIуэ, «псыIум деж, псым и лъабжьэкIэ щыIэ» мыхьэнэхэр кърагъэкIыу. Зэман докIри, а цIэр «Азау» къэпсэлъыкIэм хокIуэ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ, лъахэджхэм къызэралъытэмкIэ, иужьрейрщ мы къалэм хуэгъэзауэ урысхэр «Азов» егупсысыкIэм тезышар.

Адыгэхэр мы быдапIэм «Аскъалэ» - кIи еджэрт, «асхэм я къалэ» мыхьэнэр кърагъэкIыу. Ауэ щыхъукIи, «ас» псалъэр осетинхэр пасэм зэрызэджэжу щыта фIэщыгъэхэм язщ, тхыдэджхэр зэрегупсысымкIэ. Иужьым, осетинхэр къызытепщIыкIыжахэр мы щIыпIэм иIэпхъукIыжами, фIэщыгъэу къызэранэкIар къыщызэтенащ.

«Азы» пычыгъуэмрэ абхъазхэмрэ

АдэкIэ дыкIуэтэнщи, щыIэщ «Азов» фIэщыгъэр абхъазхэм я бзэм хуэзыхьыну хущIэкъухэри. Апхуэдэхэм зэрыжаIэмкIэ, «азы» псалъэр хуэпхь хъунущ адыгэхэм ящыщу шапсыгъхэр, хьэкIувхэр (шапсыгъхэм я гъунэгъуу бгыщхьэхэм исащ), хэбгъэзыхьмэ, адрей лIакъуэхэри абхъазхэм зэреджэу щытам. АтIэми, тхыдэджхэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, курыт лIэщIыгъуэхэм я лъэхъэнэм Абхъазым и зы щIы кIапэр иджырей Анапэ къалэр здэщыт щIыгум техьэу щытащ.

Узыгъэгупсысэщ, адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ зэрыса я хэкужьым «аз» пычыгъуэр зыхэухуэна щIыпIэцIэхэмрэ псыцIэхэмрэ мымащIэу зэрыщыIэри. Псалъэм папщIэ, апхуэдэщ Азыгъуч, Азып, Азыпэтх, Азыпэтхахъу (Азыпэ хъупIэ), Азыпс, Азыштау жыхуаIэхэр, нэгъуэщIхэри.

Къэнэжыр «Азов» фIэщыгъэм хэт «ов» пычыгъуэм и къэхъукIэр зэхэгъэкIыныр аращи, абы ехьэлIауэ абхъаз жылагъуэ цIэрыIуэ, лъахэдж емызэшыж Дасание Давид Iуэху еплъыкIэу къигъэлъагъуэри гъэщIэгъуэнщ. Абы зэрыжиIэмкIэ, щIыпIэцIэм и «ов» - «оу» пычыгъуэр къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ адыгэхэм нэхъ къедзауэ щыпсэуа абазэ-абхъазхэм я бзэм хэтащ, «цIыху» мыхьэнэр кърагъэкIыу. Ауэ щыхъукIи, Апсным и ипщэ-къуэкIыпIэр зи хэщIапIэ я лъэпкъэгъухэм цIыхум щхьэкIэ нобэр къыздэсми къагъэсэбэпыр «ауаҩы - ауаю́», «ауаа́» къэпсэлъыкIэхэрщ. Лъахэхутэм зэрыжиIэмкIэ, а псори къызэщIикъуэжри, «Азов» фIэщыгъэм «абхъазхэм ей» мыхьэнэр къригъэкIауэ аращ…

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)