АХЪШЭР ШЫГУКIЭ КЪРАШЭКIЫРТ…

Нэхъ пасэхэм Урысейм нэхъыбэу къыщагъэсэбэпу щытар жэз ахъшэрщ. Ахэр къыщIэбгъэкIыным гугъуехь пыщIатэкъым. Гугъуехь хъур жэз ахъшэхэр куэду зы щIыпIэм ипшу нэгъуэ щI щIыпIэ нэбгъэсын папщIэ шыгу зэщIэщIахэм узэрыхуейрт, ахэр зыхъумэни ядэщIыгъужу.
XVIII - нэ лIэщIыгъуэм и пэм Урысейм дыжьын, дыщэ ахъшэхэр къыщыщIэгъэкIыныр импорт Iуэхум тещIыхьат. нэхъ пасэжу къежьа Iуэхут ар. Иджыри Рюрик и пащтыхьыгъуэм и пэкIэ, пасэрей славянхэм урымхэм я дыжьын ахъшэхэр къагъэсэбэпырт. Ахэр - динархэмрэ драхмэхэмрэ - къыщыщIагъэкIыр Къэжэрырт (Персырт). Къагъэсэбэпырт VIII - нэ лIэщIыгъуэм Хьэрып халифатым къыщыщIагъэкIыу щыта дыжьын дирхемхэри, Византием я дыжьын милиарисхэмрэ дыщэ солидхэмри.
Урысейм езым и ахъшэ жьгъей къыщIигъэкI щыхъуар X - нэ лIэщIыгъуэм и кIэухырщ. Князь Владимир Киев къыщыщIигъэкIырт дыжьын, дыщэ ахъшэхэр. Пщыхэм я зэныкъуэкъумрэ монголхэмрэ тэтэрхэмрэ къазэрытегуплIэмрэ я зэранкIэ ахъшэ жьгъей къыщIамыгъэкIыж хъуат. XIV - нэ лIэщIыгъуэм икухэм иужькIэ гривенькIэ зэджэ дыжьын кIанэхэр къагъэсэбэпырт ахъшэшхуэу. Нэхъ цIыкIуфэкIуу зэIэпахырт дирхемхэр, динархэр. Ахъшэ папщIэу къагъэсэбэпырт хьэпшып цIыкIухэри (щыгъэ, фэ, н. къ).
Япэ дыжьын сомхэр Москва къыщыщIагъэкIащ I38I гъэм, Донской Дмитрий и тетыгъуэм. Абы и щапхъэм ирикIуащ адрей урыс пащтыхьыгъуэхэри. Москва щащI ахъшэхэм псори хуигъэкIуэн папщIэ, Грозный Иван IV-м зэрысабийм къыхэкIыу къэралыгъуэ Iуэхухэр зи пщэ дэлъа (регент) Глинская Еленэ пасэрей жьгъей ахъшэжьхэр къамыгъэсэбэпыну унафэ ищIащ. I547 гъэм щегъэжьауэ Грозный Иван и унафэкIэ гъущI ахъшэу хъуам «Царь и Великий князь всея Руси» псалъэхэр трагъауэрт.
I655 гъэм Москва унэм (Московский двор) жэз жьгъейхэр – кIэпIейкIэхэмрэ грошхэмрэ - къыщыщIагъэкIырт. Ауэ ахэр куэдыщэ щыхъум къыщIэкI щымыIэу пуд хъуати, абы и ужькIэ а жьгъейхэр къагъэсэбэпыну хуитыжакъым.
I700     гъэм Пётр I иублэжащ жэз ахъшэхэр къыщIагъэкIыныр. ЦIыхухэм абы щыгъуэ къэралым и рату щыта пщIэр (подать) нэхъ къащтэрт жэз ахъшэхэмкIэ зыщхьэщагъэкIыну, дыжьын ахъшэхэр нэхъ яхъумэрт. Пётр и тетыгъуэм къэралым дыжьын къыщыщIагъэкIыу щIадзащ. Ауэ иджыри жэз ахъшэхэр нэхъыбэу зэIэпахырт. Жэз ахъшэхэр щIыпIэ нэхъ пхыдзахэм, псом хуэмыдэу Сыбырым нэпшэсыным лъэпощхьэпохэр пыщIат. Сом миным жэз ахъшэкIэ къэббжымэ, пуд 62,5-рэ и хьэлъагът. Ар шыгу зэщIэщIаитIым ихуэ къудейт.
Пащтыху гуащэ Елизаветэ Урысейм тхылъымпIэ ахъшэ къыщыщIигъэкIыну чэнджэщ къритауэ щытащ Сенатым и генерал-прокурор Шаховский Яков. Ауэ абы и тетыгъуэми ахъшэ Iуэхур зэхуэхъуакъым.
А лъэхъэнэм ирихьэлIэу Европэм къыщагъэсэбэпырт тхылъымпIэ ахъшэхэр. Япэ дыдэу I66I гъэм ахэр къыщIигъэкIащ Стокгольм банкым.
1761 гъэм Пётр III-м тетыгъуэр иубыда нэужь, илъэс ныкъуэ дэкIри, Англием и банкым и щIыкIэм тет къэрал банк къызэгъэпэщынымкIэ унафэ къищтащ. Абы къыщIигъэкIын хуейт соми 10, 50, 100,500, 1000 тхылъымпIэ ахъшэхэр. Псори зэхэту сом мелуанитху ирикъунут. Ауэ абы хунэмысу, гвардейцхэм зэщIэхъееиныгъэ къаIэтащ Екатеринэ II - м и щхьэгъусэм къыдэщIу. КъыщIагъэкIыну зыхунэса банкнот тIэкIури Пётр III - м и блыгущIэту щытахэм икIэщIыпIэкIэ ягъэсыжащ, пащтыхь традзам къыдэщIу ягъэкъуэншэнкIэ шынэхэри.
Илъэсих дэкIри, Екатеринэ II - м къыщIигъэкIын хуей хъуащ тхылъымпIэ ахъшэхэр. Дыжьыну къыщIахым и гъэтIылъыгъэхэр мащIэ хъуат, жэз ахъшэхэр хьэлъащэти къепшэкIыну гугъут.
I768 гъэм граф Сиверс Яков Екатеринэ II-м и пащхьэм ирихьащ тхылъымпIэ ахъшэхэм техьэным сэбэпынагъыу иIэр щызэпкърыха проект. Проектым зэритымкIэ, абы папщIэ яухуэну банкым къыщIигъэкIыну тхылъымпIэ ахъшэхэр хуиту къэпхъуэжи хъунут гъущI ахъшэкIэ. I768 гъэм Екатеринэ II-м Iэ щIидзащ Санкт-Петербургрэ Москварэ тхылъымпIэ ахъшэхэр къыщыщIагъэкI банк щаухуэным теухуа унафэм. Банкым и къудамитIми сом мелуан зырыз хэлът. Абы и унафэщIу трагъэуващ граф Шувалов Андрей. Ахъшэу къыщIагъэкIынум и бжыгъэр зэпилъытыну пщэрылъ щащIащ Вяземский Александр. ИужькIэ, Сенатым и генерал-прокурор хъуа нэужь, къэралым и мылъкур зытекIуадэхэм кIэлъыплъынымрэ зэпильытынымрэ зи къалэнар Вяземскэрщ. Нэхъыбэ дыдэу бюджетыр а зэманми зытекIуадэр дзэ Iуэхухэрт.
I769 гъэм къыщIагъэкIыу ирагъэжьа ахъшэхэр тхылъымпIэ Iув къызэрыгуэкIым къыхэщIыкIат, тхылъ напэ хуэдиз и инагът, хьэрфхэмрэ бжыгъэхэмрэ зэрытедза шрифтри тхылъхэм щхьэкIэ къагъэсэбэпым къыщхьэщыкIыртэкъым. Ахъшэр хужьрэ фIыцIэу тедзат. Япэ тхылъымпIэ ахъшэхэр къызэрыгуэкIыу къызэрыщIагъэкIым къыхэкIыу, ахъшэ нэпцIхэр зыщIхэри зэуэ къэунэхуащ. ПIалъэкIэ абыхэм япэщIэтами, щымыхъум, апхуэдэ ахъшэхэр къыдигъэкIыжакъым къэралым.
Нэхъ иужькIэ, банкым и унафэщI Шуваловым и жэрдэмкIэ, абы «Дворянский заёмный банк» фIащыжащ. 1780 гъэхэм и етIуанэ Iыхьэм Урысейм и тхылъымпIэ ахъшэхэми жэз жьгъейхэми я уасэр ехуэх хъуащ. Абы щыгъуэ къэралым ахъшэ лIэужьыгъуитI къыщагъэсэбэпырт: дыжьын сомрэ кIэпIейкIэрэ, жэз жьгъей.
1796 гъэм пащтыхьыгъуэр зыубыда Павел унафэ ищIащ тхылъымпIэ ахъшэхэр ягъэсыну. Абы щыгъуэ ягъэсащ сом мелуани 6. АрщхьэкIэ, къэралым и бюджетыр нэщI хъурти, тхылъымпIэ ахъшэхэм къытехьэжащ. Абы и ужькIэ, зы пащтыхьи и ужь ихьэжакъым тхылъымпIэ ахъшэхэр игъэкIуэдыжыну.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)