ГЪЭЩIЭГЪУЭНЩ ПЦIАЩХЪУЭХЭР

И кIэр дыкъуакъуэу бзу цIыкIухэр уэгум куэдрэ иболъагъуэ. Абыхэм абгъуэ щаухуэкIэ я IэпщIэлъэпщIагъри умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Я уэрэд къишыкIэми нэжэгужэ уащI. ПцIащхъуэхэм дэ ядэтлъагъум нэмыщI телъыджэ куэд хэлъщ я теплъэми я хьэлми, я ухуэкIэми:

- ПцIащхъуэм и пкъыр псынщIэу къэлъэтыхьыным хуэгъэпсащ: и дамэхэр псыгъуэщ, и кIэр дыкъуакъуэщ. И пкъым и иныгъыу щытыфынущ сантиметри 6-м щегъэжьауэ 23-м нэс. И хьэлъагъыр грамми 10-м щегъэжьауэ 60-м нэблагъэщ.

- Нэхъыбэм пцIащхъуэхэр уэгум итщ, щIым къыщызэтеувыIэр мащIэ дыдэрэщ. Уэгум иту машхэ, уеблэмэ я шырхэри къалъэтыхьурэ ягъашхэ.

- Илъэси 4 - 8-кIэ мэпсэухэ.

- Здэлъатэм, хуабжьагъыу къащтэфынущ сыхьэтым километри 120-рэ.

- Языныкъуэ пцIащхъуэхэм я абгъуэхэр унащхьэхэм и лъабжьэм кIэщIащIыхь, языныкъуэхэм бгы нэпкъхэм щаухуэ, жыгым щызыщIхэри яхэтщ. Зы пцIащхъуэ унагъуэм абгъуэ яухуэным токIуадэ махуи 8 нэс. Абгъуэхэр быдэу зэращIым и фIыгъэкIэ, илъэс бжыгъэкIэ щопсэухэ Я IупсымкIэ IэкIуэлъакIуэу ятIэ зэкIэрашхэурэ яухуэ, и кIуэцIым цы, мэкъущIэщ, джэдыц, удз щабэ ираубгъуэж.

- ПцIащхъуэм и нэхэр жанщ. Къыздилъэтыхьым хьэпщхупщ цIыкIухэр къелъэгъуф икIи тыншу къебыд.

- ХуабапIэ зыфIэфI пцIащхъуэхэм илъэсым тIэу я хэщIапIэр яхъуэж.

- ПцIащхъуэ шырхэм лъэтэфу зрагъасэ кърашу, махуэ 22 - 32 дэкIа нэужь.

- ПцIащхъуэхэр Эстонием дамыгъэу къыщагъэсэбэп. 2008 гъэм абы къыщыдагъэкIа ахъшэм жьгъейм пцIащхъуэ сурэт хэщIыхьащ.

- Къэрал зыбжанэм пцIащхъуэхэр нэщэнэфIу къыщалъытэ: Африкэм ар къабзагъэм и нэщэнэщ, Китайм - унагъуэ насыпым.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.