ЛЪЭСЫРЫКIУЭНЫР ТЕДГЪАКIУЭУ

Кавказ КъухьэпIэ дахащэм и адыгэ лъагъуэжьхэмкIэ ирикIуэныр фIыуэ зылъагъухэм ди гъуэгуанэм пыдощэ.

ЩIалиплI дыхъуу, Бышэнхэ Хьэбасрэ сэрэ, ныбжьыщIэхэу Бышэн Аслъэнрэ Мэремыкъуэ Амиррэ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ дыдэкIри, Щхьэгуащэ псыхъуащхьэ иужьрейуэ къыдэс Гъуазэрыплъ жылэ цIыкIум дынэсащ. Абдеж нэху дыкъыщекIри, къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ мэзылъэ бгым дыкIэрыхьащ.

Хы ФIыцIэм (адыгэхэм Ахын хужаIэрт) хуеIэу, къуакIи-бгыкIи къызэзынэкI гупыр еплIанэ махуэм и егъэзыхыгъуэм иужьрей щхьэдэхыпIэм дынэсащ. Кавказ адрыщIым тIэкIу-тIэкIуурэ дызэрихьэри мыбдежым нэхъ щызыхэтщIащ.

ЩIалэхэм иужьрей сэнтхым куэдрэ зыщытIэжьакъым. Ди щIыб илъ хьэпшып хьэлъэхэм драхужьа - сытми егъэзыхыгъуэ задэм жэрыгъэкIэ дехырт. Сыхьэт ныкъуэ нэблагъэкIэ джабэм лъэхъу-лъэущу деущэхауэ, дыпэмыплъагъэххэу, дамэщI гуэр дихьащ. А пщыхьэщхьэм ар дэ, гъуэгурыкIуэхэм, зыгъэпсэхупIэ тхуэхъуащ...

Пщэдджыжь пшэкIэхум къыдэушу еса Хьэбас жьэгу ужьыхыжар къызэщIигъэстыжащ. МахуэщIэм дызэрыпежьам папщIэ Тхьэм фIыщIэ хуэтщIу, псынщIэ - псынщIэу дызэIурыури, гъуэгу дытехьэжащ.

Бгыщхьэхэм нэхъ пасэу щыпылъэлъыж пщIащэр уэхым епсынщIэхыу ех ди лъакъуэхэм щхъыщхъыжу къыщIэщэщырт. Куэд ткIуа-мащIэ ткIуа, сытми мэзыр нэхъ цIырхъ щыхъум, псалъэмакъ гуэрхэр ди тхьэкIумэ къиIуащ.

Ар зищIысым дегупсысыну дыхунэмысу, ди пащхьэ къихутащ нэрыбгэ зыбжанэм къауфэрэзыхь «Уаз» автомашинэмрэ абы пэгъунэгъуу щыхъуакIуэ шыхэмрэ.

Адыгэм и «фIыцIэ»

Гъунэгъу дащыхуэхъум, къэлътмакъ гуэрхэр зэзыгъэзахуэ лIым, къытхудэплъей щIыкIэу и щхьэр къиIэтри, урысыбзэкIэ: «Уарэ. адыгэхэр!» («Ага! Черкесы идут?»), - жиIащ. «Иджыщ дэ нэгъэсауэ шэч къыщытедмыхьэжыр, - дыгуфIэрт дэри, - гъуэгу захуэ дызэрытетым».

Дызыхуэза щIалэхэр гупитIу зэрызэхэгъэщхьэхукIами гу лъыттащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, щакIуэ кIуэхэм я гъуэмылэрэ хьэлъэрэ я гъусэу къыдэкIуэтеяхэм бгым къыхудрашеяуэ арат…  

Япэу гу къытлъызыта лIым и гъусэхэр къриджэри, псоми фIэхъус гуапэ зэтхащ. ДызэрыцIыхуащ. НэIуасэ зэхуэхъуахэр дызэхэтIысхьэжри, тэлаифIкIэ дызэдэуэршэращ, зэгъусэуи видео зытредгъэхащ. «Черкес» къытфIэзыща лIы лъагъугъуафIэм и цIэр Георгийт. Абы зыкъытхуегъазэри:

- Сэ IэфIу сигу къинэжащ Къэбэрдейр, - жеIэ. - Первомайскэ къуажэм ныбжьэгъуфIхэр щызиIащ.

Дэри дигукIэ: «Сыт Первомайскэ мыбы зи гугъу ищIыр?» жыдоIэ. Зы медан дэкIа иужьи къызогубзыгъыж апхуэдэ жылэ Къэрэшей – Шэрджэсым зэритыр. Ар икIи а республикэм щыIэ адыгэ къуажэхэм ящыщу Къэбэрдеишхуэм нэхъ пэгъунэгъу дыдэщ. «Первомайскэ посёлкэр» (аращ абы зэреджэр) Нартсанэ (Кисловодск) ищхьэкIэ Октябрь Революцэ Иным иужькIэ къыщызэрагъэпэща Къэрэшей ЦIыкIу щIыналъэм хеубыдэ. ТIэкIу нэхъ ипэIуэхэм адыгэ фIэкIа зыдэмысу щыта а къуажэм, Абыкъу хьэблэм, иджы, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди лъэпкъэгъуу къыдэнэжар мащIэ дыдэщ. Дапхуэдэу щымытми, Георгий: «Къэбэрдейм щыщхэр си ныбжьэгъуащ» зэрыжиIар Хьэбасрэ дэрэ ди гуапэ хъуат. ФIы къызэрыпхужаIэм ущыгуфIыкIынтэкъэ?! ДэнэкIэ щыIэ адыгэри дызэрызэкъуэшым, дызэрызэблагъэм ехьэлIа ди Iуэху еплъыкIэми ар техуэт.

Георгий адыгэм и фIыцIэ жиIэн абыкIи зэфIигъэкIакъым. Къыбгъэдэт ермэлыхэм зэхахыу, ар адыгэшым зэрыщытхъуари, абы хуэдэ щымыIэу зэрыжиIари дэ хуабжьу ди гуапэ хъуащ. Апхуэдэуи, дыздэкIуэм къыщыкI пхъэщхьэмыщхьэхэм я гугъу щытщIым, Георгий и гъусэу щакIуэ къыдэкIа ермэлыхэм я нэхъыжьыр «черкес кхъужьым» щытхъуащ:

- Мы щIыпIэм зэримысыжрэ апхуэдиз илъэс зэрыдэкIауэ, - жиIэрт абы, - адыгэхэм хасауэ щыта жыгхэм иджыри къыздэсым пхъэщхьэмыщхьэ дэгъуэхэр къапокIэ. Мэз лъапэхэм узыщрихьэлIэ черкес кхъужьхэм я IэфIагъым пэлъэщын мыбыкIэ иджыри къыздэсым къыщагъэкIакъым…

ЗэбгъэдэкIыжыгъуэм и пIалъэр къыщысым, машинэмкIэ бгым ехыжынухэм Георгий унафэ яхуищIащ дэ, «черкесхэр», Сочэ лъэныкъуэмкIэ дыздрашэхыну.

ГупитIу зэщхьэщыкIахэм фIэхъус гуапэ зэтхыжри, лъэныкъуэ зырызхэмкIэ дызэбгрыкIащ. Ныбжьэгъу тхуэхъуа щIалэр, Георгий, дэщэкIуэнухэр и гъусэу, дэгъэзеигъуэ защIэкIэ бгым кIэрыхьащ. Дэри, ахэр мы щIыпIэм къэзышэса «гъущIыгум» драгъэтIысхьагъэххэти, Шахэ и тIуащIэм бгъунжу хуэкIуэ къуэ зэв нашэкъашэмкIэ дежэхыу щIэддзащ.

Ди гъусэ щIалэ цIыкIухэр апхуэдизкIэ гуфIэщати, дызыблэкI Iэгъуэблагъэр, зыщамыгъэнщIу, къаплъыхьырт. Дызэрыс «Уаз» - м щхьэгъубжэ зэрыхэмылъым и фIыгъэкIэ, дыкъэзыухъуреихь хьэуам дыхэсыхьым хуэдэт.

ЩIыщхьэри псыщхьэри зи зэхуэдэ, къикIуэт зымыщIэ ди гъущIыгур, нэгъуэщI кIуапIэ щимыгъуэтыжкIэ дызыбгъурыт Беикъуэ хэлъэдэн хуей хъурт. АпщIондэхукIи псым зыхэзыудыныщIэ къазым ещхь ди «кхъуафэжьейм» къабзий ткIуаткIуэу къыкIэщIэбыбыкI ткIуэпсыбэм, дыгъэм пэджэгужрэ дыпхымыплъыфу, ди хъуреягъыр щызэщIагъэпщIыпщIэрт, лъагэу заIэтырти, «дуней гуфIэгъуэр» зэрыдагъыхьэу, дызэрыс машинэр яуфэнщIырт.

Убых щIыналъэт

Дызэжэх псыхъуэр Урыс-Кавказ зауэр имыух щIыкIэ «аптIэхъуэхэр» (убыххэр) зэрысу щыта щIыналъэм и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ гъунапкъэмкIэ щыIэщ. Кавказ шытхышхуэм къыщыщIэдзауэ, къуршыпс цIыкIу Iэджи зэщIэзыкъуэж Шахэ и псыхъуащхьэхэм дэсу щытар аптIэхъуэхэм я закъуэщ. АдэкIэ тIуащIэ бгъуфIэшхуэм тIууэ зыщрищIыкIым къыщыщIэдзауэ хым нэсыху псыхъуэм и ижьрабгъу лъэныкъуэмкIэ шапсыгъ жылагъуэхэр Iусыгъащ.

«Убых щIыналъэжьым дитщ!» - дыгуфIэрт дэ. Дызыблэж къуажэ цIыкIухэм я цIэхэмкIэ къапщIэрт ар. Зи лъагагъэр метр I954-рэ хъу Мэшыкъуащхьэ бгым дыкъыблэкIри, Беикъуэ псы бгъунжыр, гъуэгум и ижьрабгъумкIэ къыкъуэжу, Шахэпс щыхэлъэдэж щIыпIэм дыкъэсащ. Абдеж дыдэм Бабыкъу къуажэ (Бабук-Аул) жыхуиIэ жылэ цIыкIум «абгъуэ» щиухуащ, мэз чыцэ гуэрэнхэм ерагъкIэ къахэщрэ дэс тIэкIури ихъуреягъкIэ къыщылъ «мэзгъэфIэным» и хъумакIуэхэр арауэ.   

А щIыпIэм километри 7 хуэдизкIэ укъыфIэкIмэ, Ажыпс Шахэ щыхэлъэдэжым деж, Бзыч жылэ цIыкIум ущыIуощIэ. «АптIэхъуэхэм» я бзэкIэ «бзы» - м къикIыр «псыщ», «ткIы» пычыгъуэм адыгэбзэкIэ «щIыIэ» жыхуэтIэрщ. Аращи, «бзы ткIы» - «псы щIыIэ». Урысыбзэм ар «Бзыч» фIэхъуащ.

АдэкIэ километри 3 хуэдиз уежэхыжмэ, Бзогу къуажэ цIыкIум унос. И цIэр убыхыбзэкIэ зэрыжаIэу щытар «Бзыгъущ», хьэмэрэ «Бзыгущ». «Бзыгум», бзэщIэныгъэм дихьэххэм зэрыжаIэмкIэ, къикIыр «псыкущ». Пэж дыдэуи, Шахэ псыхъуэм, зэрыщыту и кIыхьагъыр къэтщтэнщи, мыбдежым тIу зыщрещIыкI.

Бзыгу къуажэм къыщегъэжьауэ, адэкIэ хы ФIыцIэм (Ахын) узэрыхуэжэ гъуэгум асфальт телъщ. Абы и фIыгъэкIи, куэд мыщIэу дэ дынэсащ зэгъунэгъу дыдэу зэбгъэдэт Хъырцыз 1-нэ, Хъырцыз 2-нэ къуажитIым. Дызэрыса машинэр абдежым къыщедгъэгъэувыIэри, дыкъикIащ. Аддэ жыжьэу бгыщхьэхэм къыщегъэжьауэ дыкъезышэха щIалэхэм иджыри зэ фIыщIэ яхуэтщIри, Шахэ и тIуащIэм дыдыхьащ, а псыхъуэм дэс шапсыгъ къуажэхэм нэс лъэсу дехыныр гукъыдэж нэхъ къыдэзыту къэтлъытати…   

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.