АДЫГЭ ЩIЫПIЭЦIЭХЭР

Къуацэгъур (Къуацэ хъурей - Коцехур, Кецехур)

Мы фIэщыгъэр зезыхьэ къуршылъэ тхыцIэ джафэр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщыхэщхьэхукI Абын бгым пэгъунэгъущ, метр 921-рэ и лъагагъщ.
ТхакIуэ, егъэджакIуэ, лъахэхутэ Твёрдый Александр «Топонимический словарь Кавказа» и тхылъ телъыджэм зэрыщитхымкIэ, щIыпIэцIэр «къуацэ гъур», «къуацэ хъурей» мыхьэнэхэм хуэгъэкIуэгъуафIэ пэтми, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр купщIэншэу къэзылъытэхэри щыIэщ.
УарохьэлIэ фIэщыгъэр «кхъуэ», «цэ» («дзэ»), «гъур» псалъэхэмкIэ зэпкърызыхыну хэтхэми, нэгъуэщIу жытIэмэ, «кхъуэм и дзэпкъ быдэ» мыхьэнэм хуэзыгъакIуэхэми.
Краснодар къалэ щыщ лъахэхутэ цIэрыIуэ Ковешников Виктор «Очерки по топонимике Кубани» и тхылъым къызэрыщигъэлъэгъуамкIэ, щыIэщ щIыпIэцIэр «къэухъуреихьам ику» мыхьэнэм хуэзыхьыну пылъхэри, абхъазыбзэм хэт «ака-цахур» – «хьэцыбанэ» псалъэм тезыгъэхуэну хущIэкъухэри.

АтIэкIум

А цIэр зэрехьэ хы ФIыцIэм пэгъунэгъу мэзылъэ бгыщхьэхэм къыщежьэ Бэкъан (цIыхухъуцIэщ), Ныбэджай (кIахэ адыгэхэм я бзэкIэ «бгъэжь лъыиф, хьэщхьэрыIуэ» жыхуиIэщ) псы цIыкIуитIыр щызэхэлъэдэжым деж къыщыщIидзэ тIуащIэм. АтIэкIум (Адагум) цIэр кIэрыпщIащ абдежым пэмыжыжьэу щыс жылэми. Псым километр 66-рэ и кIыхьагъщ.

Адыгэ Республикэм щыпсэуа, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор Мерэтыкъуэ Къасым щIыпIэцIэхэм ятриухуа «Адыгейский топонимический словарь» и тхылъ телъыджэм щыхьэт зэрыщытехъуэмкIэ, шапсыгъ адыгэхэм Iущхьэ къэкIыгъэм щхьэкIэ «атIэкIум» псалъэр къагъэсэбэпу щытащ. Ауэ щыхъукIи, Мерэтыкъуэм зэригъэувымкIэ, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа пситIым зэхэлъэдэжа иужь къагъэщIым зэреджэри а жыIэкIэм къытехъукIагъэнущ.

Мыдрейуэ. Лъахэдж Ковешников Виктор «Очерки по топонимике Кубани» и тхылъым зэрыщитхымкIэ, щIыпIэцIэр «дэгу» мыхьэнэр иIэу абхъазыбзэм хэт «адэгууа» псалъэм хуэзыхьахэми уарихьэлIэнущ.  

I857 гъэм накъыгъэм и 7-м, Урыс-Кавказ зауэм и гуащIэгъуэу, мы щIыпIэм зэхэуэшхуэ щекIуэкIат. ИкIи, тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, абдежым къыщыхъуа зэпэщIэувэныгъэ хьэлъэм, ехъулIэныгъэ къыщагъэлъагъуэу, япэ дыдэу хэтащ а лъэхъэнэм ди лъэпкъэгъухэм къадэзэуа поляк дзэлIхэм я пашэ полковник Лапинский Теофил европей мардэхэм тету къызэригъэпэща топыдзэри.

XIX-нэ лIэщIыгъуэм ипэхэм кIахэ адыгэхэм я деж щыхьэщIа археолог икIи геолог Дюбуа де Монпере Фредерик (Швейцарием щыщ франджыт) щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, АтIэкIум и псыхъуэр Натхъуэдж (адыгэ лъэпкъхэм ящыщ зым зэреджэщ) хэгъэгум и зы щIыналъэу щытащ.

                  ТIуапсы и гъунэгъуу

Агуий - аращ зэреджэр зи гугъу тщIы къалэм и гъунэгъуу щыс шапсыгъ къуажэмрэ абы и бгъум блэж псымрэ. А цIэ дыдэр зэрехьэ метр 888-рэ зи лъагагъыу а жылэм къыщхьэщыт мэзылъэ Iуащхьэми. «Агуий гъуэгукIэ» еджэрт Псыбэ, Агуий адыгэ жылэхэр зэпызыщIэу щыта лъагъуэми. А щIыпIэм щыпсэухэм къагъэсэбэп «Агуияшъхь» («Агуий и псыхъуащхьэ») псалъэри.

«Агуий» фIэщыгъэр къызытехъукIам теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, ар цIыхум хужаIэ «гуей», «гуий» псалъэхэм къытепщIыкIащ. Шапсыгъхэм яхэтщ абыхэм «хахуэ», «гушхуэ зыкIуэцIылъ», «лIыгъэ зыхэлъ», «щхьэмыгъазэ», «шынэ зымыщIэ» мыхьэнэхэр къизыгъэкIхэри. НэгъуэщIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, мы фIэщыгъэр къуажэр бгы зэхуакум дэубыда хуэдэу зэрыщытым къытехъукIащ.

XIX-нэ лIэщIыгъуэм Швейцарием щыпсэуа франджыхэм ящыщ, зекIуэлI икIи геолог-тхакIуэ Дюбуа-де-Монпере 1833 - 43 гъэхэм къриубыдэу Кавказым зыбжанэрэ зыщиплъыхьат. И зекIуэхэм триухуа и тхылъым иритха «Aughuie» псалъэр абы ТIуапсы и гъунэгъуу хым хэлъэдэж псым ирипхырт, икIи ар («Агуий» фIэщыгъэр) XVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэм зи лъэужьыр кIуэдыжыпауэ къафIэщIа гъуае адыгэ лъэпкъым и цIэм къытехъукIауэ къилъытэрт. Къыхэдгъэщ зэрыхъунумкIи, 1864 гъэр къихьэху, ПсыфIыпэрэ (Псезуапсе) Шахэрэ я зэхуаку дэлъ Iэхэлъахэм щыпсэуа шапсыгъхэм яхэтащ «гъуае» фIэщыгъэм къафIытена лIакъуэм щыщхэри.

Мыдрейуэ. XIX-нэ лIэщIыгъуэм псэуа адыгэ тхакIуэ икIи тхыдэдж цIэрыIуэ Хъан-Джэрий «Агуий» фIэщыгъэр нэхъ зыхуигъакIуэу къыдэгъуэгурыкIуар «Акуе» жыIэкIэрт, къригъэкIауэ щытауэ языныкъуэхэм зыхуагъэфащэри «хыIуфэрыс» егупсысыкIэм техуэу абхъазыбзэм хэт «агъауаа» псалъэрщ.  

Агуий цIэр зытеIукIа псы цIыкIур хы ФIыцIэм щыхэлъэдэж и нэзыр ТIуапсы къалэм километри 8-кIэ пыIудзащ.

БЭРАУ Бышэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.