ШКОЛ ПАРТЭХЭР

Псоми дощIэж пэщIэдзэ классхэм дызыпэрыса пасэрей партэ тыншхэр, уеблэмэ абыхэм зыкъомкIэ епхауэ щытащ ди сабиигъуэр. Апхуэдэ партэхэм ди зэманым сабийхэр хуэмыныкъуэжу къалъытэми, ахэр егъэлеяуэ сэбэп хуэхъурт еджакIуэхэм я узыншагъэм. 
1861 гъэм «крепостное право» жыхуаIэр Iуахыжа нэужь, школхэм я бжыгъэр зэуэ хэхъуащ. Абы щыгъуэ нэхъыщхьэу къалъытэр бжэкIэрэ еджэкIэрэ сабийхэм ирагъэщIэнырт, зэрыгурыIуэгъуэщи, мыхьэнэшхуэ иратыртэкъым зыпэрыс стIолым. 
Школхэм щеджэхэм я бжыгъэр хэхъуэху, нэгъуджэ зезыхьэхэри нэхъыбэ хъурт. Япэу а Iуэхум тегузэвыхьар, хэкIыпIэ къыхуэзыгъуэтар дохутыр Эрисман Фёдорщ. Ар Швейцарием къыщыхъуат, Цирюх университетым щыхуеджат медицинэм. Студенту зэригъэцIыхуат абы щхьэгъусэ хуэхъуа урыс бзылъхугъэ Сусловэ Надеждэ. Ари медицинэм хуеджэрт. Сусловэр щхьэгъусэ ищIри, Эрисман Урысейм Iэпхъуащ. Чыристан диныр къищтащ, Фридрих цIэри ФёдоркIэ зэрихъуэкIащ. Швейцарием къикIа щIалэр нэм и узыфэхэм еIэзэрт икIи хъарзынэу къехъулIэрт. I870 гъэм Петербург гимназием и еджакIуэ 15-м я нэхэм кIэлъыплъри, жиIащ еджакIуэхэр нэхъыжьыху я нэхэм зэрилъагъур зэрынэхъмащIэр. А Iуэхугъуэм иригъэгупсысащ цIыхур тыншу щымысу тхылъым щеджэкIэ е щытхэкIэ и нэхэм къызэрытехьэлъэм. Абы теухуауэ итхащ «ЕджакIуэхэр школхэм набгъэ зэрыщыхъур» щIэныгъэ лэжьыгъэри. ХэкIыпIэу къилъытащ школхэм щIагъэувэн стIол тынш къэгупсысыныр. Зэпэлъытауэ щытыпхъэт а стIолым пэрыс ныбжьыщIэм и бгыр занщIэу зэриIыгъынури тхылъымрэ и нэхэмрэ я зэхуаку дэлъыпхъэ жыжьагъри. Эрисман и партэр тетIысхьэпIэрэ стIолу зэпытт. ЦIыхур захуэу партэм дэсу, тхылъым итыр тыншу илъагъун хуэдэу зэпкърилъхьат. Партэм и сэбэп нэмзэрекIым къыщынэмыщIа, еджакIуэхэм я бгри занщIэу яIыгъыу иригъасэрт. СтIолымрэ тетIысхьэпIэмрэ зэпэгъунэгъути, абы дэсым Iэмал иIэтэкъым зыкъигъэшынуи зигъэкIэрахъуэу щысынуи. Эрисман и партэр ирагъэлъэгъуащ пащтыхь Александр II-м. Пащтыхьым гу лъитащ партэм удэсу утхэну зэрытыншыр, ар стIол къызэрыгуэкIым нэхърэ зэрынэхъыфIыр. Абы тету, Петербург и гимназиехэм щIагъэуващ Эрисман къигупсыса партэхэр. Ахэр жыгейм къыхащIыкIырт. Зы партэм зы еджакIуэт дэсыр. 
Жыгейм къыхэщIыкIа партэхэр языныкъуэ еджапIэхэм я дежкIэ лъапIэт. Абы хэкIыпIэ къыхуэзыгъуэтар егъэджакIуэ Коротков Пётрщ. СтIолымрэ тетIысхьэпIэмрэ нэхъ кIыхь ищIащ, еджакIуитI зэбгъэдэсу дэхуэн папщIэ. Партэм и гъунэхэмкIэ тхъылъылъэм и фIэдзапIэхэр хуищIащ, стIолыщхьэм шэкъэ тегъэувапIэ, стIол щIагъым – тхылъ кIэщIэлъхьапIэ хуищIыжащ. Нэхъыщхьэу Коротков и партэр Эрисман ейм къыщхьэщызыгъэкIыр, абы и щхьэр къэпIэт зэрыхъурт. Иджы еджакIуэр партэм къыщыдэкIкIэ бгъу зимыщIми хъунут - партащхьэр къытриIэтыкIмэ зэфIэкIат. I887 гъэм Коротков партэм и патент къыдихащ. Урал-Сыбыр промышленннэ гъэлъэгъуэныгъэми медаль къыщратащ. I9I7 гъэм ирихьэлIэу Петербургрэ Москварэ дэт школхэм я нэхъыбэм щIэтт Эрисман е Коротков я партэхэр.
Ди зэманым а партэхэр нэхъыбэу щыплъагъур фильмхэрщ. Псалъэм папщIэ, мыпхуэдэхэм: «Друг мой, Колька!», «Весна на Заречной улице», «Дикая собака Динго», «Аттестат зрелости». I980 гъэхэм класс нэхъыжьхэм щеджэхэм я партэхэр стIол къызэрыгуэкIкIэ яхъуэжащ. Абы кърикIуар Эрисман зыпэщIэтауэ щытарщ: еджакIуэхэр зэрыхуейуэ стIолым пэрыст, я тхыр къагъэшырт, зэгъэкIэрахъуэрт. Тхылъым щеджэкIэ е щытхэкIэ стIолым зытрагъащIэрти, я нэхэри ирагъэзэшырт, зэран хуэхъурт. Ауэ ар балигъхэм къафIэIуэхуакъым. 1990 гъэхэм совет зэманым и партэхэр иужьрейуэ къэсэбэпыжащ. Къуажэ школхэм и класс нэхъыщIэхэм щеджэхэр абы иджыри зыкъомрэ дэсыжащ. XXI -нэ лIэщIыгъуэ пщIондэ къэсэбэпащ ахэр, стIолыщIэхэр зэзымыгъэпэщыф школхэр иджыри щыIэти.
Ди зэманым хуэкъулейхэм я бынхэр щеджэ гимназиехэмрэ лицейхэмрэ щIагъэувэу къаублащ партэ лIэужьыгъуэ, Эрисман къигупсысауэ щытар уигу къигъэкIыу. Партащхьэр пластикым къыхэщIыкIащ, нэхъ лъагэ е нэхъ лъахъшэ пщIы мэхъу. ЗэрыжаIэщи, жьы хъууэ ящыгъупщэжахэр щIэщыгъуэу къожьэж.
 

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.