ГЪУЭГУУХУЭ ЛЭЖЬЫГЪЭХЭМРЭ ЖЫЛАГЪУЭ ГУЛЪЫТЭМРЭ

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым зыхуигъэувыж къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ цIыхубэм дэлэжьэныр, гъуэгуухуэ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIымкIэ жылагъуэм и Iуэху еплъыкIэхэр къэлъытэныр. Гъуэгухэмрэ цIыхухэр щызэхэзекIуэ лъагъуэхэмрэ зыхуей хуэгъэзэныр, шынагъуэ ямыIэу къызэгъэпэщыныр зыкъомкIэ елъытащ цIыхухэм я еплъыкIэм.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Транспортымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгухэм зыщегъэужьын» къэрал программэр зэрылажьэ щIыкIэм, гъуэгуухуэ IэнатIэм къащехъулIэмрэ щыщIэныгъэ зиIэхэмкIэ цIыхубэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ зэралъэIэсынум, я Iуэху еплъыкIэхэр лэжьыгъэхэм зэрыхалъхьэным иужь итщ.

«КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэмрэ гъуэгуухуэ лэжьакIуэхэмрэ ящIыгъуу гъуэгущIэхэр щытралъхьэ е цIыхухэр щызэхэзекIуэ щIыпIэхэр щызэрагъэпэщыж жылагъуэхэм щIэх-щIэхыурэ докIуэ. IэнатIэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм ди нэIэ ятетщ, щыщIэныгъэ тлъагъухэр унафэщIхэм яжыдоIэ, Iэмал зэриIэкIэ цIыхум зэран къыхуэхъужын, и ягъэ къызэкIын нэмыщIысыныгъэхэр блэдгъэкIыркъым», – жиIащ Урысейпсо цIыхубэ фронтым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ щIыналъэ къудамэм щыщ Тхьэмокъуэ Анзор.

2022 гъэм къриубыдэу жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэгуухуэ лэжьыгъэр щекIуэкI зы щIыпIэ къамыгъанэу кIуащ. Апхуэдэу Налшык къалэ дэт Къэбэрдей уэрамышхуэм щекIуэкI зэзыгъэпэщыж лэжьыгъэхэм къахэкIыу, и бгъуитIымкIэ ирикIуэ лъагъуэхэм куэд лъандэрэ цIыхур хуиту щыземыкIуэфIу къекIуэкIащ. Иджы, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я фIыгъэкIэ, абыхэм метр зэбгъузэнатIэ мин 17-м щIигъу плиткэ иралъхьащ, зекIуапIэхэр къыхагъэщащ, зэпрыкIыпIэхэр ягъэнэхуащ.

Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Бэтэх къуажэм километрищ зи кIыхьагъ гъуэгум лъэс лъагъуэхэр щIэуэ хуащIащ. Абы къищынэмыщIауэ, уэх зиIэ, еуэкIыпIэ бзаджэхэр къыщыхъу щIыпIэхэм гъуэгурыкIуэхэри машинэзехуэхэри хуэсакъыну къыхуезыджэ дамыгъэхэри щагъэуващ, уэздыгъэ пкъохэр ягъэуващ.

Тэрч щIыналъэм хыхьэ Инэрыкъуейрэ Ислъэмейрэ дэт курыт еджапIэхэри, нэгузегъэужьыпIэ центрхэри, сабий гъэсапIэхэри гъуэгущхьэм тетщ. КъуажитIыр зэпызыщIэ гъуэгу занщIэм телъ асфальт пIащIэр трахри, геотекстиль иралъхьащ, абы къатитIу зэтелъ асфальбетоныр къытраубгъуэжащ, зэпрыкIыпIэхэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхуэфащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэща нэужь, къуажэм и кIыхьагъкIэ гъуэгум тет къэувыIэпIэ зыбжанэ къагъэщIэрэщIэжащ. Абы ещхь ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр Дзэлыкъуэ щIыналъэм хиубыдэ Ашэбей (Малкэ) къуажэми щекIуэкIащ. Псори зэгъусэу къуажищми километрипщIым щIигъу гъуэгу щытралъхьащ.

Джэрмэншык, Жэмтхьэлэ, Анзорей, Псыншокъуэ, Псыхъурей, Къубэ-Тэбэ къуажэхэми гъуэгур зэрыщыту щызэрахъуэкIащ: машинэхэр щызэхэзежэ гъуэгухэм зрагъэубгъуащ, и гъунэхэр лъагэу къыхагъэкIащ, дэхыпIэхэр гъуэгушхуэм зэпрыу къыхэмыкIыу асфальбетонкIэ къыхагъэхьэжащ, гъуэгу нагъыщэхэр трагъэувэжащ.

ЩIыпIэхэм щыIа жылагъуэ кIэлъыплъакIуэхэм гъуэгухэм я фIагъыр зыхуэдэмрэ гъуэгуухуэ мардэхэр зэрагъэзэщIэмрэ къыщапщытащ, щыщIэныгъэ щалъагъу щIыпIэхэм хуаIэ гуныкъуэгъуэхэр къызыхэщ тхыгъэхэр ягъэхьэзырурэ къулыкъущIэхэм я пащхьэ иралъхьащ. Къыхэгъэщын хуейщ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм апхуэдэ жэрдэмыр игъуэу къызэрилъытэр, цIыхум и арэзыныгъэр ипэ игъэщыныр нэхъыщхьэу къызэрилъытэр.

Иужьрей илъэсхэм къулыкъущIапIэхэм апхуэдэ щыщIэныгъэу зыбжанэ зэригъэзэхуэжащ, икIи, нахуэ зэрыхъуащи, апхуэдэ кIэлъыплъакIуэхэм я нэIэ къыптетыныр лэжьыгъэр фIы и лъэныкъуэкIэ зыунэтIщ, щыщIэныгъэхэмрэ нэмыщIысыныгъэмрэ зыгъэкIуэдщ.

«ЦIыхум гъащIэр гъуэгум тету ехь, абыхэм я шынагъэшагъэр къызэгъэпэщыныр, щызекIуэ щIыпIэхэр фIагъ и лъэныкъуэкIэ дагъуэ имыIэу къэIэтыныр узэбакъуэ мыхъун хьэкъщ, ар зыхуей хуэдгъэзэныр ди хьэкъщ», – щыжаIэ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм.

 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.