ИДЖЫРИ ЗЫ СПОРТ УТЫКУЩIЭ

Бахъсэн къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм иригъэкIуэкI щIалэгъуалэ политикэм зэрызиубгъум къищынэмыщIауэ, зэрефIакIуэм и щыхьэт куэдым гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым. Иужьрей илъэсхэм къалэм дэт, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэр къыщагъэщIэрэщIэж, еджапIэщIэхэр щаухуэ, щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ епха унапIэхэр ирагъэфIакIуэ. КъулыкъущIэхэм я нэIэ тетщ спорт IэнатIэми.

ЩIалэгъуалэр спортым дегъэхьэхыныр къыхуеджэныгъэ къудейкIэ зэрызэфIэмыкIынур къызыгурыIуэ къулыкъущIэхэр а Iэмалыр нэсу зэфIэха щыхъун щIыпIэхэр къызэгъэпэща зэрыхъунуми толажьэ. Апхуэдэу иджы дыдэ Дыгулыбгъуей къуажэ къыщызэIуахащ спортым дихьэххэм папщIэ зы утыкущIэ. «Лэжьыгъэмрэ зыхъумэжынымрэ сыхуэхьэзырщ» (ГТО) зи фIэщыгъэ урысейпсо спорт мардэхэр щагъэзэщIэфын Iэмэпсымэхэр ягъэуващ.

Спорт утыкущIэхэр къуажэкум ирагъэуващ, ар Дыгулыбгъуей къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм къыбгъурытщ. Иджырей мардэхэм тет Iэмэпсымэхэм хеубыдэ хьэлъэ IэтыпIэхэр, зыдэшеипIэхэр, къэжыхьыпIэхэр, швед блыныр, Iэпкълъэпкъым зыщрагъэужь щIыпIэхэр. Утыкум псори зэгъусэу абы метр зэбгъузэнатIи 108-рэ еубыд.

Спорт утыкур «Лэжьыгъэмрэ зыхъумэжынымрэ сыхухьэзырщ» мардэхэр щагъэзащIэу Дыгулыбгъуей япэу къыщызэIуаха щIыпIэщ. Мыбдеж тай боксымкIэ дунейм тIэуней чемпион щыхъуа Бекбулатов Рашид и гъэсэнхэми я зэIущIапIэр щыIэнущ.

Спорт утыкущIэхэр ухуэным, ар зращIыхь щIыпIэр зыхуей хуэгъэзэным хухаха мылъкур «Спортыр гъащIэм и мардэщ» къэралпсо программэм къыхэкIащ.

 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.06.2025 - 09:03

ГуфIэгъуэ дауэдапщэ

Налшык, ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэхэм я зым и пщIантIэм  щекIуэкIащ Къурмэн махуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэр. 

11.06.2025 - 09:03

ЩIэблэр щIапIыкI

Хэку зауэшхуэм и илъэс хьэлъэхэр кIуэ пэтми тпэIэщIэ мэхъу, ауэ ди цIыхухэм зэрахьа лIыгъэр, къагъэлъэгъуа хахуагъэр, къалъыкъуэкIа къару мыкIуэщIыжыр дапщэщи фэеплъ лъапIэу къыддокIуэкI.

11.06.2025 - 09:03

IэщIагъэмрэ щыIэныгъэмрэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр университетым IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым зыбжанэ лъандэрэ лэжьыгъэ хъарзынэ ирегъэкIуэкI, еджапIэ нэхъыщхьэр къэзуха ныбжьыщIэхэр лэжьыг

10.06.2025 - 09:03

АдэкIи апхуэдизрэ екIуэкIмэ

УФ-м Мэкъумэш хозяйст­вэмкIэ и министерствэм нэгъабэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм къарикIуахэм щы­теп­сэлъыхьым а IэнатIэм и уна­фэщI Лут Оксанэ жиIащ Iэ­щымкIэ, джэдкъазымкIэ, гъэшымкIэ хэхъуэ зэраIа

10.06.2025 - 09:03

Тэрч щIыналъэм щызэхуос

«Тэрч Олимп» спорт комплексым щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ республикэ зэхьэзэхуэ. Ар ирагъэхьэлIат Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм.