ИЛЪЭСЫЩIЭМ ИРИХЬЭЛIЭУ

КъБР-м ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, илъэсыщIэр къыщыблагъэ махуэхэм ирихьэлIэу кхъуакIэпыкIэ жыг лIэужьыгъуэхэр щIэгъэхуэбжьауэ яхъумэнущ.
Апхуэдэ къалэныр я пщэм далъхьащ мэзхъумэхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым мэзым кIэлъыплъ и къэрал инспекторхэмрэ. Абыхэм щIапщытыкIынущ псейхэр къыщыкI щIыпIэхэр икIи апхуэдэ жыгхэр изыудхэр жэуапым ирашэлIэнущ.
КъБР-м ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, цIыхухэр къыхураджэ жыгыщIэхэр ирамыудыну, абы папщIэ къагъэсэбэп республикэм, щIыналъэхэм щылажьэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэр. ЦIыхухэм гурагъаIуэ абыкIэ хуит зыщI тхылъ ямыIыгъыу псейхэр изыуду яубыдар жэуапым зэрырашэлIэнур. Хабзэм къызэригъэувымкIэ, апхуэдэ цIыхухэм етхьэкъуну хуитщ сом мин 3 - 4-кIэ, ар юридическэ цIыхуу щытмэ, къуэдыр нэблэгъэнущ сом мин 200 - 300-м.
КъэкIыгъэхэм, жыгхэм хэщIыныгъэшхуэ иратауэ щытмэ, ар сом 5000 и уасэм щIигъуамэ, уголовнэ Iуэху къаIэту, хабзэр къызэпызыудар ягъэтIысынкIэ хъунущ.

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

22.04.2025 - 10:22

Къэралым цIыхухэм защIегъакъуэ

Хуэныкъуэхэм е уна­гъуэ хуэмыщIахэм зэгу­ры­IуэныгъэкIэ къэралым зэ­ры­защIигъакъуэ Iэмалыр зэ­рырагъэфIакIуэм теухуауэ щытащ КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмкIэ, узыншагъэр х

22.04.2025 - 09:14

ЗэкIэ нэхъ мащIэ хъуркъым

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщыIэ инфляцэр, илъэс пIалъэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, Кавказ Ищхъэрэми УФ-ми щынэхъ цIыкIущ, къитащ Урысей Банкым и къудамэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм.

22.04.2025 - 09:13

«ЩIы-Анэм и дунейпсо махуэ»

ЩIыуэпсым гулъытэ хэха хуэщIыным хуэгъэзауэ гъатхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм «ЩIым и махуэ» фIащами, нэхъапэхэм абы зэреджэу щытар «ЩIы-Анэм и дунейпсо махуэщ».

21.04.2025 - 12:00

Зэран мэхъу, хэщIыныгъи ирет

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэ­кIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленнэ продукцэр хабзэншагъэкIэ зэ­рызэрагъэкIуэкIым пэщIэтынымкIэ и комиссэм и зэIущIэ.

21.04.2025 - 09:01

Спорт хъыбархэр

НыбжьыщIэхэр зэпоуэ