АГУИЙ

Агуий - аращ зэреджэр хы ФIыцIэ Iуфэм Iут ТIуапсы къалэм и гъунэгъуу щыс шапсыгъ къуажэмрэ абыкIэ блэж псымрэ. А цIэ дыдэр зэрехьэ метр 888-рэ и лъагагъыу а жылэм къыщхьэщыт мэзылъэ Iуащхьэми. «Агуий гъуэгукIэ» еджэрт Псыбэ, Агуий адыгэ жылэхэр зэпызыщIэу щыта лъагъуэми. А щIыпIэм щыпсэухэм къагъэсэбэп «Агуияшъхь» («Агуий и псыхъуащхьэ») псалъэри.
«АГУИЙ» фIэщыгъэр къызытехъукIам теухуауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, ар цIыхум хужаIэ «гуей», «гуий» псалъэхэм къытепщIыкIащ. Шапсыгъхэм а жыIэгъуэхэм «хахуэ», «гушхуэ зыкIуэцIылъ», «лIыгъэ зыхэлъ», «щхьэмыгъазэ», «шынэ зымыщIэ» мыхьэнэхэращ кърагъэкIыр.
Языныкъуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, фIэщыгъэр къуажэр бгы зэхуакум дэубыда хуэдэу зэрыщытым къытехъукIащ.
Мыдрейхэм зэрагъэувымкIэ, щIыпIэцIэр «аIуей» (хьэIуей, розалия) къэкIыгъэм зэреджэм къытепщIыкIащ.
XIX лIэщIыгъуэм Швейцарием щыпсэуа франджыхэм ящыщ, зекIуэлI икIи геологием фIыуэ хэзыщIыкI тхакIуэ Дюбуа-де-Монпере I833-43 гъэхэм Кавказым зыщиплъыхьауэ щытащ. А зекIуэм триухуа и тхылъым узыщыхуэзэ «Aughuie» псалъэр абы ТIуапсы и гъунэгъуу тенджызым хэлъэдэж псым ирипхырт икIи ар («Агуий» фIэщыгъэр) XVIII лIэщIыгъуэм и кIэхэм зи лъэужьыр кIуэдыжауэ щыта гъуае адыгэ лъэпкъым и цIэм къытехъукIауэ къилъытэрт.

БЭРАУ Бышэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.