ЩIЭНЫГЪЭМРЭ ФЭЕПЛЪЫМРЭ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым химиемрэ биологиемкIэ и институтым «ГъэгъулIа удзхэм я пэшым» иджыблагъэ фIащащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, биологиемкIэ, щIыуэпсымрэ псэущхьэхэм я лъыщхьэмкIэ кафедрэм и профессору щыта Слъон Людин и цIэр.
Iэтауэ екIуэкIа цIэфIэщ пшыхьым къекIуэлIащ къытхэмытыж нэхъыжьыфIым и Iыхьлыхэр, и лэжьэгъухэр, иригъэджахэр. Зэхуэсым и ублапIэм псалъэ зрата, химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, органикэ химиемрэ молекулэ пкъыгъуэ зэхэжыхьахэмкIэ кафедрэм и профессор Мусей Юрэ зэрыжиIамкIэ, зи фэеплъыр ягъэлъапIэ Слъон Людин лъэужьышхуэрэ Iэужьышхуэрэ къэзыгъэна цIыху гъэщIэгъуэн дыдэщ.
«Нобэ ди университетым щылажьэ егъэджакIуэхэм я нэхъыбэр Слъон Людин дежщ щеджар. Абы и Iуэху щIэкIэрэ и лэжьэкIэрэ зымылъэгъуарэ иримыгъуазэрэ щIагъуэ яхэту къыщIэкIынкъым. Слъоным и гъэсэнхэм ящыщщ къыщIэна щIэныгъэ щIэиныр сакъыу зыхъумэ и къуэри. Университетым иIэщ къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щагъэкI, къэкIыгъэхэм я зыужьыкIэм щыкIэлъыплъ Ботаникэ жыг хадэ. Слъон Людин щIэхъуэпсырт ди хэгъэгум къыщыкI къэкIыгъэхэм къищынэмыщIауэ, хамэ щIыналъэхэми къыщыхъу къэкIыгъэ лIэужьыгъуэхэр абдеж щыхисэу, зэрызаужьым кIэлъыплъыну, абы къэхутэныгъэхэр езыми и гъэсэнхэми ярищIэкIыу лэжьыгъэ иригъэкIуэкIыну. И нэ къыхуикIырт жьэрыIуатэу мыхъуу, сыт хуэдэ ботаникэ хуэIухуэщIэри зэрекIуэкIыр щIалэгъуалэм я нэкIэ яригъэлъагъуу щIэныгъэ ябгъэдилъхьэным. Ботаникэ щIэныгъэм епха сыт хуэдэ жэрдэмми Слъоным деж гъуэгу щигъуэтынут, апхуэдизкIэ а IэнатIэм ар гурэ псэкIэ хуэщыпкъэти. Апхуэдэу «ГъэгъулIа удзхэм я пэшыр» къызэгъэпэщыным зи гуащIэ хэзылъхьари, ар къызэIузыхыу студентхэм нэрылъагъу лъэщапIэ яхуэзыщIари Слъон Людинщ. Дунейм темытыж цIыхум и фэеплъыр пхъумэнумэ, абы и IуэхущIафэхэр зымыгъэкIуэд, и лэжьыгъэхэм я цIэр зыIэт гукъэкIым мыхьэнэшхуэ иIэщ. Людин и цIэр а пэшым зэрыфIащыжыр захуагъэу икIи игъуэу къызолъытэ», – жиIащ Мусей Юрэ.
Слъон Людин и цIэр а пэшым фIэщыныр зи жэрдэмыр Щхьэгъэпсо Сэфарбийрэ Пэрыт Анзоррэщ. А гукъэкIыр абыхэм даIыгъащ университетым и унафэщIхэм. «ЩIэныгъэм зи гуащIэ хэзылъхьа, абы зиужьын и IуэхукIэ емышыжу лэжьа еджагъэшхуэхэм я цIэр хъумэныр псэууэ къанэхэм я хьэкъщ. Апхуэдэ цIыхут Слъон Людини. Университетым лэжьэн щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ Людин зэрысцIыхуар дзыхь зыхуэпщI хъун цIыху телъыджэущ, и щIэныгъэмрэ есэныгъэхэмрэ зэдэууэ IэнатIэм хэзыухуанэ щIэныгъэлI хьэлэмэтущ. Зи Iуэху щIэкIэр, ущIэмыупщIэжу, къапщтэ цIыхур зырызыххэщ. Людин зэпIэзэрыту, шыIэныгъэ хэлъу и щIэныгъэр щIалэгъуалэм зэрабгъэдилъхьэм узыIэпишэрт, сыт жимыIэми ар уи фIэщ зыщI IуэхугъуэхэмкIэ щыхьэт зэрытехъуэжым къыхэкIыу. Профессор цIэм хуэфащэу зыгуэрым зэрихьамэ, абыхэм ящыщщ Людин. «ГъэгъулIа удзхэм я пэшыр» – зыми хуэмыдэ центр хьэлэмэт дыдэщ. Мыбы къэкIыгъэ мин бжыгъэхэм я жылапхъэри, тхьэмпэхэри, лъабжьэхэри щахъумэ. Апхуэдиз хъугъуэфIыгъуэр щIэныгъэлIым зы мазэкъым икIи зы илъэскъым зэрызэхуихьэсар. ИкIи, дауи, абыхэм якIэлъыплъын, щIэблэм къахуэгъэнэн хуейщ. КъыпфIэмыIуэхункIи хъунт къэкIыгъэ жылапхъэхэр зэхэпхъауэ, тхьэмпэхэр зэтелъу щытамэ, ахэр зэхэзыдзын щымыIамэ. Ауэ Слъон Людин апхуэдиз къэкIыгъэр щIэныгъэ жыпхъэм тету зэхидзащ, дэтхэнэми щыхьэт тхылъ иIэщ, щылъыпIэрэ хъумапIэрэ яIэщ. Апхуэдиз лэжьыгъэ щызэгъэуIуарэ зы пкъым иту гъэпсауэ зиIэ щIыналъэ университет куэд щыIэу фIэщщIыгъуейщ. Лэжьыгъэшхуэ къызэзынэкIа щIэныгъэлIым и гуащIэм хуэфащэ пщIэ егъэгъуэтыныр зэрыIэмалыншэр университетым и унафэщIхэм къазэрыгурыIуэм къыхэкIащ абы и цIэр пэшым фIэщыжынри. Сыщогугъ щIэныгъэлIым и фэеплъым хуэфащэу дыкъыщIэкIыну, абы и Iэужьыр щIэныгъэ къигъэхъуапIэ щIалэгъуалэм яхуэхъуну», – жиIащ КъБКъУ-м щIэгъэтIысхьэнымрэ IэщIагъэм зэрыхуаунэтI лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ и проректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ, химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Хъурей Арсен.
«Куэдрэ къэхъуу пхужыIэнукъым щIэныгъэлIхэм я цIэр ахэр щылэжьа лъэщапIэхэм, кафедрэхэм, институтхэм фIащу… Абы къыхэкIыу си щхьэкIэ гуапэ сщохъу ди лэжьэгъуу щыта, псэуху етIысэх зимыIа Слъон Людин игъуэта пщIэр. Сэ Людин сригъэджакъым, си жагъуэ зэрыхъущи, си IэщIагъэр химиерат. Ауэ сыдэлэжьащ. Сыт хуэдэ Iуэхугъуэ зэIумыбз къытлъыкъуэмыкIми, Людин ар тынш дыдэу зэфIихырт. Дапщэщи зэпIэзэрытт, шыIэныгъэшхуэ хэлът, гупсэхуу къодаIуэрти, Iуэхум и зэблэгъэкIыкIэ хъунур къыбжиIэрт. Ар зэхуэдэу епсалъэрт унафэщIхэми, егъэджакIуэми, еджакIуэми. Ди Iэм имылъ Iуэхущ гъащIэм и хабзэ нэхъыщхьэр – абы хэкIыжыныр. Ауэ дэр фIэкIаи нэгъуэщIым елъытауэ къыщIэкIынкъым абы къыхэднэну лъэужьыр. Людин лъэужьыфIэу къыщIэкIащ, гуапэщ абы къыпызыщэн гъэсэнхэр зэрыщыIэр, абы и фэеплъыр мыкIуасэу зыхъумэн гумызагъэхэр къызэрытхэтыр. Слъоным и цIэр зыфIащ пэшыр ефIэкIуэну си гуапэщ, абы и Iуэхум къыпызыщэ дэтхэнэри ехъулIэну си хъуэхъущ», – жиIащ КъБКъУ-м химиемрэ биологиемкIэ и институтым и унафэщI, химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, органикэ химиемрэ молекулэ пкъыгъуэ зэхэжыхьахэмкIэ кафедрэм и профессор Бажэ Риммэ.
«Слъон Людин къигъэна щIэныгъэ щIэиным уасэ хуэщIыгъуейщ, апхуэдизкIэ ар лъапIэщи. Къэбэрдей-Балъкъэрым фIэкIа, нэгъуэщI щIыпIэ къыщымыкI къэкIыгъэ лIэужьыгъуэхэр щыIэщ. И гъащIэ псом Людин зи ужь итар аращ – а къэкIыгъэхэр зэхуэхьэсынырщ, джынырщ, къэхутэныгъэхэр егъэкIуэкIынырщ. ЩIэныгъэ зекIуэ мащIи хэтакъым Людин а щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр зэхуихьэсын папщIэ. Ауэ, хьэлэмэтращи, апхуэдэ зекIуэхэр Людин къызэрыфIэIуэху щIагъуэ щыIэтэкъым, абы щIалэгъуалэр хэмытмэ. «Хэт мы псор щIызэхуэтхьэсыр, ахэр абы хэпщIауэ щымытынумэ, къэкIыгъэ дунейм щекIуэкIыр я нэкIэ ялъагъуу щIэныгъэ ябгъэдумылъхьэнумэ», – жиIэрт Людин. Жэщ-махуэ имыIэу фIыуэ илъагъу Iуэхум зэрыбгъэдэтам къыхэкIар, мис, нэрылъагъуу къытхуэнащи, абы и цIэр пэшым зэрыфIащынур унафэ захуэу къызолъытэ икIи, къыслъысу, сыщогуфIыкI», – жиIащ КъБКъУ-м химиемрэ биологиемкIэ институтым и унафэщI, химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, органикэ химиемрэ молекулэ пкъыгъуэ зэхэжыхьахэмкIэ кафедрэм и профессор Малкандуев Юсуф.
Слъон Людин КъБКъУ-м I963 гъэм къыщегъэжьауэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирихьэкIыу щылэжьащ. Абы лаборант нэхъыжьу къыщIидзащ, иужькIэ кафедрэм и доценту, итIанэ профессору лэжьащ. Слъон Людин ботаникэмкIэ кафедрэм и унафэщIу илъэс 25-кIэ щытащ. А зэманым къриубыдэу кафедрэм и лэжьакIуэхэм доктор диссертацэу тIу, кандидат лэжьыгъэу блы пхагъэкIащ, къэкIыгъэхэм я зэхэлъыкIэмкIэ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лъэщапIэ къызэIуахащ, «КъэкIыгъэхэм я зэхэлъыкIэ» унэтIыныгъэмкIэ аспирантурэм къудамэ къыщызэрагъэпэщащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэ дунейр щадж «ГъэгъулIа удзхэм я пэшым» и лъабжьэр ягъэтIылъащ. Слъон Людин лэжьыгъэ щитIым щIигъу и къалэмыпэ къыщIэкIащ, абыхэм ящыщу 12-р монографиещ. Еджагъэшхуэм и нэIэ тету ботаникэмкIэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щызэгъэуIуа щIэныгъэ зэужьу хы дунейм къытехьауэ щытащ.
ЦIыхум и фэеплъыр сыт щыгъуи лъапIэщ. ЛъапIэщ и Iэужьри, абы къуэж иIэмэ, гъэщIэгъуэнхэр къигъэщIыну и дамэдазэр зэIухамэ. Слъон Людин, егъэлея хэмылъу, и щIэныгъэр уардэ унэжьым хуэдэщ, и дамэдазэри сыт щыгъуи зэIухауэ щытынущ, щIэныгъэм хыхьэ щIалэгъуалэм я гъуэгур игъэнэхуу, ишэщIу, телъыджэр къызыкъуихыу.

ТАБЫЩ Мурат.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.11.2024 - 09:08

Я Iэзагъэм хагъахъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэ­защ Налшык щрагъэжьа «Команда управления КБР. Проводники изменений» япэ модуль практикэ программэм хэтхэм.

13.11.2024 - 09:07

Лъэпкъыбэр - лъэщагъщ

КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор иджыблагъэ хэтащ Москва щекIуэкIа «Урысейм и лъэпкъ­хэр» урысейпсо зэ­хыхьэм.

13.11.2024 - 09:05

Абдж заводым IэнатIэщIэ ирегъажьэ

Шэджэм къалэм дэт абдж заводым къыкIэлъыкIуэ инвестицэ пэхуэ­щIэ­щIэр мыгувэу иригъэжьэнущ: абы иутIыпщынущ медицинэм къыщагъэсэбэп, абджым къыхэщIыкIа банкI­хэм, птулъкIэхэм, пробиркэхэм, хьэкъущы

13.11.2024 - 09:04

Жыг хадэм цIыкIухэм зыщаплъыхь

Адыгэбзэмрэ лъэпкъ щэн­хабзэмрэ зегъэу­жьы­ным­кIэ «Адыгэ цIыкIу» центрым и гъэсэнхэм зыщ­рагъэплъы­хьащ ХьэтIохъущокъуэ Исмел и цIэр зезыхьэ жыг хадэм. 

12.11.2024 - 09:16

Бахъсэн къалэ гъуэгухэр зэрагъэпэщыж

Бахъсэн къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и мылъкукIэ 2024 гъэм гъуэгухэр щызэрагъэпэщыжыным щыпащэ.