ЗИ БЗЭ НЫКЪУЭМ ГУНЫКЪУЭГЪУЭ УЩИГЪАЩIЭРКЪЫМ

Бзэм и щытыкIэм елъытауэ, ООН-м щэнхабзэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм бзэ псори лIэужьыгъуитхуу егуэш. НэхъыфI дыдэр «зыхуей хуэзахэм» хеубыдэ, нэхъыкIэр – «кIуэдыжахэм». Адыгэбзэр зыхиубыдэр «зи щытыкIэр тIасхъэхэрщ»: «Сабийхэм я нэхъыбэр мы бзэм иропсалъэ, ауэ абы зыщиубгъу щIыпIэхэр щхьэхуэщ (псалъэм папщIэ, унэм)». Ар дигу къыщIэкIыжар дызытехьэну 2023 гъэр Шэшэныбзэм и илъэсу щытыну ди гъунэгъу республикэм унафэ къызэрыщыдагъэкIарщ. Узэхъуэпсэн щыIэщ.
Кибрик Андрей Бзэ щIэныгъэмкIэ РАН-м и институтым и унафэщIщ. ЩIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, Урысейм иджыри бзэуэ I60-рэ хуэдиз щызокIуэ. Дэ зэхэтхыну дызыхуейр абы «Сыт щIэн хуейр бзэр мыкIуэдыжын папщIэ?» упщIэм ирит жэуапырщ.
«Бзэ щхьэхуэм зыщIэбгъэкъуэн папщIэ, - жеIэ Кибрик, - ар цIыхубэм къафIэIуэхун хуейщ. Куэдрэ къохъу цIыхухэм ямыщIэу я бзэм лей щрахыж. ИужькIэ, дгъэкIуэдыжащ жаIэри щIогъуэж. ЕтIуанэрауэ, бзэм мылъкурэ къызэгъэпэщын къарукIэ дэIэпыкъун хуейщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, бзэр жэщым урипсалъэ къудейкIэ хъума хъунукъым. Ар лэжьыгъэ гугъущ. Ещанэрауэ, мы Iуэхум IэщIагъэлIхэр хэмылэжьыхьу хъунукъым, зэманым декIу методикэхэр къагъэсэбэпу. Бжыгъэр зи тегъэщIапIэ лIэщIыгъуэм лъэпкъ цIыкIухэм къахуэщхьэпэн гуэрхэри пхузэхэлъхьэнущ. Псалъэм и хьэтыркIэ, щыхь зезыхуэхэр щыкIуэдыжкIэ, щыхь зезыхуэхэм я бзэри мэкIуэдыж. Сытми, бзэр къыщагъэсэбэп лъэныкъуэхэм зегъэубгъун хуейщ. А телефон дыдэхэм гуэдзэнхэр хуэпщI хъунущ. ЩIалэгъуалэм абы мыхьэнэшхуэ ират.
- Дунейм щымащIэ бзэхэр сыт хуэдэ щIыкIэу зэрахъумэр? - еупщIащ щIэныгъэлIым.
- Иджыпсту бзэхэр щIэкIуэдыжыр, нэхъ зызыубгъуар, сабийм нэхъ къыхуэщхьэпэнур, нэхъ «ехьэжьар» адэ-анэхэм япэ ирагъэщри аращ. Сыт пщэдей къыпхуэмысэбэпыну бзэр бджыкIэ?
Узыдэплъей хъуну щапхъэхэри мымащIэу жеIэ Кибрик.
- Лъэпкъыбзэ кIуэдыжхэр яхъумэн щхьэкIэ къагупсысахэм язщ «Бзэ абгъуэ» жыхуаIэ Iэмалыр. Новая Зеландием «маори» жеIэри бзэ гуэр щызекIуэрти, ар зэрыкIуэдыжым гу лъатэри, кIэлъыIэбэжын щIадзащ. Сыт иджы ящIэр? Iэмалыр зэрылажьэр мыпхуэдэущ. Псалъэм папщIэ, адэ-анэ хъуну зи чэзу щIалэмрэ хъыджэбзымрэ инджылызыбзэ (е урысыбзэ) фIэкIа ящIэркъым. Абыхэм я адэ-анэм маорибзэр (е адыгэбзэр) кърагъэщIакъыми, ирипсэлъэфхэркъым. Ауэ езы адэшхуэ-анэшхуэхэм я бзэр фIы дыдэу ящIэж. Аращи, къуэрылъху-пхъурылъхухэр дунейм къытехьа иужь, нэхъыжьхэм «Анэдэлъхубзэр щадж садик» къызэIуах. Тхьэмахуэ псокIэ сабийхэр маори бзэмкIэ (е адыгэбзэкIэ) а сабий IыгъыпIэм щопсалъэ. Апхуэдэу лъэпкъым анэдэлъхубзэр зыщIэ зы лъэхъэнэ къыщоунэхуж. А Iуэхум хэпщIа сабийхэм я адэ-анэми я бзэр зрагъэщIэж.
Адыгэхэм ди Iуэхур тIэкIу нэхъ гугъущ. Дэ ди адэ-анэхэм я нэхъыбэми адэшхэ-анэшхуэхэми ящIэ адыгэбзэ. Ауэ Кибрик зэрыжиIам ещхьу, бзэр «ехьэжьахэм» ящыщкъыми, уи бзэм уримыпсэлъэжыным зыгуэрым ухигъэкIыжу я фIэщ тхуэщIыжыркъым.

Чэрим Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.