ХЭКУПСЭХЭМ Я ДЕРСХЭР

Афганистаным щызэуахэм, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щекIуэкIа зауэхэмрэ зэпэщIэтыныгъэхэмрэ хэтахэм я хасэм къызэригъэпэщри, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэмрэ зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ зауэлIхэм я «ДзэкIуэлI» зэгухьэныгъэмрэ я дэIэпыкъуныгъи хэлъу, «Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэр щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм щIэпIыкIынымрэ хэкупсэу къэгъэтэджынымрэ я IуэхукIэ» зи фIэщыгъэ Iэнэ хъурейр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. «ЩымыIэжхэм я фэеплъыр псэухэм я гъуазэу» жылагъуэ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ зэхаша зэIущIэр Хэкум и Л1ыхъужьхэм я махуэм и щIыхькIэ къызэрагъэпэщри, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэм щызэхэтащ, Iэнэ хъурейм хэтащ хабзэубзыху икIи гъэзэщIакIуэ къэрал къулыкъущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, ветеран, щIалэгъуалэ, лъэпкъ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, къэрал IуэхущIапIэхэм я жылагъуэ советхэм хэтхэр. ЗэIущIэм кърихьэлIахэм фIэхъус псалъэкIэ захуэзыгъэза, КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министр КIурашын Анзор и псалъэм къызэрыхэщамкIэ, щIалэгъуалэр гъуэгу захуэ тегъэувэнымкIэ, абыхэм я зэхэщIыкIыр лъэпкъхэм щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэу къалъытэхэм хуэунэтIымкIэ щIыналъэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI. Абыхэм языхэзщ Iэнэ хъурейри.
- ЩIэблэ дахэ къызэрытщIэхъуэм шэч хэлъкъым. Ауэ сыт хуэдэ Iуэхури зэпымычу ебгъэфIакIуэ зэрыхъунум хуэдэу, щIалэгъуалэм ядебгъэкIуэкI лэжьыгъэми хэбгъэхъуэфынущ, нэхъыфI пхуэщIынущ, уеблэмэ лъагэу къэпIэтыфынущ. Арыххэуи, дызэрыгушхуэ щIалэгъуалэр я хабзэкIи, я щытыкIэкIи, я дуней еплъыкIэкIи нэхъ дахэж пхуэщIынущ. Псори зэлъытар гъэсэныгъэ лэжьыгъэм узэрыбгъэдыхьэрщ, ар щIалэгъуалэм зэрепхьэлIэрщ, гъащIэм и мардэхэм техуэу зэрыбгъэпсырщ. Щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр къэIэтыныр, абыхэм япкърылъ лъапIэныгъэхэр цIыхубэм зэлъегъэщIысыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ къалэнхэм ящыщщ. УФ-м и Президентым дызэрыт илъэсым и жэпуэгъуэ мазэм къищта унафэр, «Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным икIи зегъэужьыным епха къэрал политикэм и лъабжьэхэр убзыхуным и IуэхукIэ» зи фIэщыгъэр, гъэзэщIа хъун папщIэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и Правительствэм пщэрылъ хуищIащ абы хуэгъэза Iуэхугъуэхэм я планыр игъэхьэзырыну. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, мыпхуэдэ Iуэхум къыхэшэн хуейщ щэнхабзэм, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, диным, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр. Псалъэмакъым Iэмалыншэу къыхыхьэну дыщогугъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэри. ЩIэблэр гъэсэным егугъу жылагъуэ лэжьакIуэхэм ди къулыкъущIапIэр сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуэгъу яхуэхъунущ, игъэгъуэзэнущ, Iэмал зэриIэкIи апхуэдэ мыхьэнэ зиIэ пэхуэщIэхэм гъуэгу яритынущ, – жиIащ КIурашын Анзор.
Афганистаным щызэуахэм, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щекIуэкIа зауэхэмрэ зэпэщIэтыныгъэхэмрэ хэтахэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Тхьэгъэлэдж Тимур къыщыпсалъэм, зи гъащIэр лIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIа, хэкумрэ лъэпкъымрэ я щхьэхуитыныгъэм зи псэр щIэзыта щIалэхэр игу къигъэкIыжащ.
«Жылагъуэ мыхьэнэшхуэ зиIэ ди зэIущIэм къыщыхэтлъхьэ псалъэмакъым къыдэкIуэу, дигу къыдогъэкIыж Хэкум и дамыгъэ лъапIэхэр зи хахуагъэкIэ къэзылъэща ди щIалэхэр. Я цIэ къыдоIуэ, я IуэхущIафэхэм дытопсэлъыхь, зэуапIэм щагъахъа лIыхъужьыгъэр щIэблэм щапхъэу къыхудохь. Дигу къыдогъэкIыж зауэм зи щхьэ хэзылъхьа щIалэхэри, къэзыгъэзэжахэри, мафIэ лыгъейр ягъэункIыфIын папщIэ зэмыблэжу къалэным телэжьахэри. Напэр, цIыхугъэр, щыпкъагъэр, пэжыгъэр, шыIэныгъэр сытми ипэ иригъэщу зи зауэ къалэныр нэсу езыхьэкI икIи абы емыбакъуэу зи гъащIэр зыта щIалэхэр дапщэщи щапхъэщ икIи фэеплъ нэхущ. Фэеплъ гугъу пщIымэ, ди щIыналъэм щекIуэкI лэжьыгъэр гуапэ пщымыхъункIэ Iэмал иIэкъым. ЩIалэхэм я цIэхэр щалъхуа къуажэхэм я уэрамхэм фIащ, я фэеплъыр щагъэлъапIэ плIанэпэхэр курыт школхэм къыщызэрагъэпэщ, я лIыгъэм щытепсэлъыхь тхыгъэ купщIафIэхэр газетхэм къытрадзэ, радиомрэ телевиденэмрэ къат. Къыхэгъэщын хуейщ лIыгъэ пхэлъыныр, псалъэм ухуэпэжыныр, ныбжьэгъум къуэтэгъу щыпкъэу уриIэныр ди щIыналъэм и щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм зэращыщыр. Лъэпкъхэм я тхыдэ жыжьэм и дерсри хэкупсэхэм я дерсри къытщIэхъуэ щIэблэм егъэщIэныр ди хьэкъщ, аращ зыхуэунэтIар ди зэIущIэр, аращ зытеухуар къызэхуэсахэм псоми едгъэкIуэкI жылагъуэ лэжьыгъэр», – жиIащ Тхьэгъэлэдж Тимур.
ЗэIущIэм хэтхэр щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щекIуэкIа зауэхэмрэ зэпэщIэтыныгъэхэмрэ хэкIуэдахэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ.
Щыгъуэ дакъикъэр щызэфIэкIым, Афганистаным щызэуахэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм къыбгъэдэк1ыу Тхьэгъэлэдж Тимур Украинэм щекIуэкI зауэ операцэм хэкIуэда ХьэтIэхъу Iэдэм хуагъэфэща «Хахуагъэмрэ лIыхъужьыгъэмрэ папщIэ» медалыр абы и адэ Заурбий иритыжащ. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, езы ХьэтIэхъу Заурбий Афганистаным щекIуэкIа зауэм и ветеранщ.
Iэнэ хъурейм кърихьэлIа щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэр тепсэлъыхьащ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм, къыхалъхьэ пэхуэщIэхэм, абыхэм ныбжьыщIэхэр уэру къызэрыхыхьэм. Нэхъыбэр, дауи, хуэгъэзащ жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэхэм: дэIэпыкъуэгъу зимыIэ жьыкIэфэкIэхэм защIэгъэкъуэным, жыгхэр гъэтIысыным, зеиншэхэмрэ екIуэлIапIэншэхэмрэ ягу къыдэзышей жэрдэмхэр гъэзэщIэным, нэгъуэщIхэми. Абы къыдэкIуэу егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ зи лъабжьэ узэщIакIуэ пэхуэщIэ зыбжани щIалэгъуалэм зэрыдрагъэкIуэкIым и гугъу ящIащ. НыбжьыщIэ хасэхэм я лIыкIуэхэм къыхагъэщащ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным икIи зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэми жыджэру зэрыхэтынур, езыхэри апхуэдэ гукъэкIкIэ утыкум къызэрихьэнур.
Апхуэдэу зэхуэсым къыщыпсэлъащ УФ-м ЩытыкIэ къызэрымыкIуэхэмкIэ и министерствэмрэ Урысей гвардиемрэ я ветеран зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэ Бочкарёв Сергейрэ Хужьокъуэ Русланрэ, Афганистаным щекIуэкIа зауэм и ветеран Атоев Борис, ЕджакIуэхэм я урысейпсо зэщIэхъееныгъэм и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хэт, Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №5-м щыщ ныбжьыщIэхэр, нэгъуэщIхэри.
 «Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэным икIи зегъэужьыным епха къэрал политикэм и лъабжьэхэр убзыхуным и IуэхукIэ» зи фIэщыгъэ къэрал унафэр гъэзэщIэным КъБР-м и ветеран икIи щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэр Iэмалыншэу хэтыну, дяпэкIи абы ехьэлIауэ КъБР-м и Правительствэм къищтэну планым хэлъхьапхъэу къалъытэ еплъыкIэхэр зэгъэуIужауэ пIалъэ кIэщIым къриубыдэу утыку кърахьэну зэгурыIуащ.

 

ТРАМЭ Батырджэрий.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.