АКЪЫЛ ЖАН

Апхуэдэ фIэщыгъэ иIэу иджыблагъэ зэIущIэ-зэпеуэ хьэлэмэт щекIуэкIащ Бахъсэненкэ (Къэсейхьэблэ) и курыт еджапIэ №3-м хэт сабий садым.
ЗэIущIэр къызэригъэпэщащ илъэс куэд хъуауэ мыбы щылажьэ егъэджакIуэ-гъэсакIуэ Къущхьэкъан Тоня. Зэпеуэр теухуат адыгэ бзылъхугъэм и хьэл-щэныр, нэмысыр, цIыху хэтыкIэр, зэфIэкIхэр къэгъэлъэгъуэным.
Зэпеуэхэр сабий садым и лэжьакIуэ-гъэсакIуэхэрт. Ахэр гупитIу гуэшат, дэтхэнэри цIыху хырых хъууэ. Гупхэм къалэн цIыкIутэкъым къапэплъэр: гупым цIэ фIащар къыщIыхаха щхьэусыгъуэр, абы хэтхэм зыкърагъэцIыхуныр, теплъэгъуэхэр ягъэхьэзырыныр, псалъэжьхэм, къуажэхьхэм, псынщIэрыпсалъэхэм, пасэрей джэгукIэхэм зэрыщыгъуазэр къагъэнэIуэныр. Гупхэм я пашэхэр зэпеуэн хуейт адыгэ IуэрыIуатэмкIэ.
Япэ гупым я фIэщыгъэ «Шэрджэс пщащэхэр» езыхэм яхуэфэщэну 
къыхахыжат - псоми ди адыгэ фащэр къащылыдыкIыу ящыгът, зэкIужхэт. Махуэ къэс тлъагъу мы цIыхубз цIыкIухэр къыпхуэцIыхужыртэкъым, я теплъэхэм фащэм апхуэдизкIэ зригъэхъуэжати.
ЕтIуанэ гупым я цIэр «Дахэжант». Хьэлэмэтыр аракъэ, мы гупитIми фIэщыгъэу къыхахам езыхэр я теплъэкIи зыIыгъыкIэкIи зэрещхьым нэмыщI, къыбжаIэрт я хьэл-щэным ехьэлIа гуэрхэри. «Дахэжан» гупыр зэрыдахэм и мызакъуэу, егъэлеяуэ жыджэрт. Мыбыхэм сыт хуэдэ Iуэху пщэрылъ ящыпщIми, утемыукIытыхьу, кIэлъэф ямыщIу, псынщIэу
зэрызэфIагъэкIынур фэуэ ятетт.
Зылъэгъуа псоми гукъинэж ящыхъунущ «Шэрджэс пщащэхэм» ЩоджэнцIыкIу Алий и «ЩIымахуэ жэщым» къытрищIыкIа теплъэгъуэр. «Дахэжан» гупым къагъэлъэгъуащ ЩоджэнцIыкIу Алий и «Мадинэм» къытращIыкIа теплъэгъуэр. Мадинэ и образыр пхужымыIэным хуэдизу ещхьу игъэзэщIащ ЛIымахуэ Оксанэ, апхуэдэу Заур, Къасым, Пылыжь Джэрий, Мадинэ и адэ-анэм я образхэр къайхъулIащ Тхьэгъэпсо Мадинэ, Акъущэ Раметэ, Джатокъуэ Асимэ, Щоджэн Мадинэ сымэ.
«Шэрджэс пщащэхэм» я гушыIэ теплъэгъуэ «ЗэгъунэгъуитIым» ролхэр щызыгъэзэщIахэу Батыр Асярэ ЛIымахуэ Ирэрэ зэпеуэм кърихьэлIа псоми я гукъыдэжым зыкъригъэIэтащ. Мыпхуэдэ гушыIэхэр къызытращIыкIыж куэдым ноби гъащIэм уащыхуозэ. 
«Дахэжан» гупым ягъэлъэгъуа «Гуащэхэмрэ нысэхэмрэ» гушыIэм сэ ди адыгэ театрым сыщеплъати, мыбыхэм я утыку итыкIар мынэхъыфIмэ, зыкIи къыкIэрыхуртэкъым ди артистхэм я джэгукIэм. Ролхэр ягъэзэщIащ Акъущэ Раметэ, Джатокъуэ Асимэ, Щоджэн Мадинэ, Тхьэгъэпсо Мадинэ сымэ.
ЩIэщыгъуэу, удихьэхыу гупитIри зэпеуащ адыгэ къуажэхьхэмкIэ, псалъэжьхэмкIэ, псынщIэрыпсалъэхэмкIэ.
Гупхэм я пашэхэу ЛIымахуэ Ирэрэ Хьэтыкъуэ Маринэрэ зэрызэпеуа «Адыгэ IуэрыIуатэ» Iыхьэми куэд къыбжиIэрт. Мы цIыхубз цIыкIуитIми ди IуэрыIуатэм куууэ зэрыхащIыкIым шэч хэлътэкъым.
ЗэIущIэ-зэпеуэр сыхьэтищкIэ екIуэкIами, напIэдэхьеигъуэм хуэдэу псынщIэу кIуауэ псоми къытщыхъуащ. Гупыр игъэгупу, джэгукIэ дахэ хэлъу ажэгъафэ Джатокъуэ Лабинэ утыкум итащ.
Зэхьэзэхуэ щыхъукIэ, зыгуэрым бжьыпэр еубыд - зы мэскъалкIэ япэ ищащ «Дахэжан» гупыр.
Зэпеуэр екIуу ирагъэкIуэкIащ Къущхьэкъан Тонярэ ТхьэмлIокъуэ Анджелэрэ. ХеящIэу щытащ курыт еджапIэ №3-м и унафэщI Ныр Маритэ, сабий садым и унафэщI Нэзэр Мадинэ, абы и къуэдзэ Зэгъэщтокъуэ Дахэлинэ, сэри сащIыгъуу. 

 

ЗЭГЪЭЩТОКЪУЭ Людэ, усакIуэ, тхакIуэ, щэнхабзэ центрым и методист.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ