ЖУРНАЛИСТИКЭР ИПIЭ ИТКЪЫМ

«Российская газета» журналым и корреспондентым иджыблагъэ интервью къыIихащ Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Соловьев Владимир. Журналистикэм иджыпсту и Iуэху зыIутым, абы къэралым щиIэ гулъытэм, хэтхэм я лэжьыгъэ къызэгъэпэщыкIэм, нэгъуэщIхэми теухуауэ Соловьевым жиIахэр тфIэгъэщIэгъуэну тыдодзэ ди газетым.
- Владимир Геннадьевич, иджырей урысей журналистыр сыт хуэдэ? ЛэжьыгъэкIэ, бжыгъэкIэ, улахуэкIэ къэбгъэлъэгъуамэ арат а IэнатIэмрэ абы пэрытхэмрэ.
Соловьёв Владимир: ПыухыкIа дыдэу бжыгъэхэр къэбгъэлъэгъуэну гугъу хъунущ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, махуэ къэс зехъуэж. Ауэ Роскомнадзорым къызэритымкIэ, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэу мин 59-рэ щатхащ, ауэ абы щыщу и ныкъуэращ лажьэр. Языныкъуэхэр зэхуащIыж, адрейхэр къызэIуах.
Журналистхэм я гугъу пщIымэ, ди къэралым мелуан ныкъуэ хуэдиз щылажьэу худогъэфащэ. Абыхэм я нэхъыбэр щIыналъэ, район газетхэмрэ хэгъэгу телерадиокомпаниехэмрэ Iуэху щащIэ. Сэ сызэреплъымкIэ, урысей журналистыр – бзылъхугъэщ, курыт ныбжьым тIэкIу фIэкIауэ. Улахуэшхуи къихькъым.
- Апхуэдэу сытым щыгъуи щытакъым. Мы IэщIагъэр бзылъхугъэ IэщIагъэ зэрыхъур фIы хьэмэрэ Iей?
Соловьёв Владимир: 1990 гъэм къэзухащ сэ Ломоносовым и цIэр зезыхьэ Москва къэрал университетым ЖурналистикэмкIэ и факультетыр. Абы щыгъуэм щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ зэхуэдизу дызэхэст. Иджы куэд мыщIэу ЖурналистикэмкIэ факультетым щеджэхэм я деж сыкъыщыпсэлъэну срагъэблэгъати, си пащхьэ исар пщащэ щэ ныкъуэ хуэдиз хъунрэ щIалэ зыщыплIрэщ. Иджыпсту а къудамэм щеджэхэм я процент 80-90 хуэдизыр бзылъхугъэщ. Ауэ зэрыжысIащи, щытыкIэм зихъуэж зэпыту макIуэ. Мы гъэм щIалэ нэхъыбэ щIэтIысхьащ а факультетым. Ар къызыхэкIауэ къэслъытэр ди къэралым иригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхахэм военкорхэр кIуэ зэрыхъуарщ. Зауэ репортерхэр щIалэгъуалэр зэхъуапсэ IэщIагъэщ, цIыхухъу цIыкIухэм яфIэфIщ ар, дехьэх.
- Къахь улахуэр инкъым жыпIащ. Ауэ щIэкIыджакIуэхэм, телевизореплъхэм я гугъэщ журналистым ахъшэ хъарзынэ къихьу.
Соловьёв Владимир: Ди жагъуэ зэрыхъущи, ар пэжкъым. Япэм щыгъуэ егъэджакIуэ IэщIагъэ зиIэхэри журналистикэм хыхьэу щытащ, школым къыщахьым нэхърэ журналистхэм къахьыр нэхъыбэти. Ауэ иджы нэгъуэщIщ: журналистыр егъэджакIуэу школым щыкIуэр Iэджэрэщ. Уеблэмэ мыпхуэдэ Iуэхуи къэхъуащ: Хакасием ЖурналистикэмкIэ факультетыр къыщызыуха щIалэр газетым уващ сом мини 7 фIэкIа къимылэжьу, редактор нэхъыщхьэм и улахуэр сом мин 20-т, ауэ пэшхэр зэлъыIузыхым сом мин 24-рэ къихьт. А псори стажым, тариф зэгъэзэхуэкIэм елъытауэ арат.
Урысейм и хэгъэгухэм иджыпсту сом мин 20-м щегъэжьауэ 40-м нэс къыщахьу аращ журналистхэм, телевиденэм щыIэхэм ящыщу эфирым къитIысхьэм ейр сом мин 50-60-рэ мэхъу.
- Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэм я бжыгъэми зихъуэжрэ хьэмэрэ зэпIэзэрыт?
Соловьёв Владимир: Хохъуэ. Иужьрей илъэситхум СЖР-м цIыху 6846-рэ къыхыхьащ. Абы хэтхэм я бжыгъэр мин 77-м щIегъу. СЖР-м и къудамэхэр Урысей Федерацэм и щIыналъэ псоми щолажьэ. Иджыри плIы мыгувэу къыхэхъуэнущ Урысейм и хэгъуэгуиплI щIэуэ къыхыхьам щылэжьэну. Абыхэми я дэфтэрхэр Минюстым щрагъэтхмэ, щIыналъэ къудамэу 89-рэ диIэнущ.
- ЕкIуэкI дзэ Iуэху хэхахэр зэрыщIидзэрэ хэкIыжа щыIэ?
Соловьёв Владимир: ЦIыхуихым заявлениехэр къатхащ.
- Хы къудейми?
Соловьёв Владимир: Хы къудейм. Абыхэм ящыщ зыр Невзоров Александрщ. Абы илъэситI хэтIыпщIэр къыхилъхьакIэт. Ауэ иджы лъагъуэ пхэнж гуэрым теуващ. Сэ пщIэ хуэсщIу щытащ абы «600 секунд» нэтыныр щригъэкIуэкIым. Ауэ иджы щоуэ.
- Журналистхэм судхэм куэдрэ факъыщыщхьэщыжын хуей хъурэ?
Соловьёв Владимир: Ар ди лэжьыгъэщ. protectmedia.org порталым сытым дежи къыдогъэхьэ журналистхэм я хуитыныгъэхэр къыщызэпауд къэхъумэ. Дэри занщIэу гулъытэ худощI. Куэдрэ къохъу къулыкъущIэм журналистым и къалэнхэр е журналистикэм и хабзэхэр гурыдгъэIуэн хуей щыхъу. Языныкъуэхэм къазэрыщыхъумкIэ, районым и унафэщIмэ, район газетыр абы и унафэ щIэтын хуейщ. КъыдэкIыгъуэ къэс япэ напэкIуэцIым - унафэщIым и сурэтитI, етIуанэм сурэтиплI тетын хуейуэ къэзылъытэхэр щыIэщ. Апхуэдэу ямыщIрэ, журналистыр егъэкъуаншэ, пщалъэ гуэрхэм ирегъэувэ.
- Ар псалъэм къыдэкIуэу жыпIауэ ара?
Соловьёв Владимир: Хьэуэ къэхъуащ апхуэдэ. Углегорск (Южно-Сахалинск километр 300 хуэдизкIэ пэжыжьэ къалэщ) къыщыдэкI газетым и редактор нэхъыщхьэ бзылъхугъэм район Iэтащхьэм и апхуэдэ унафэ гуэр игъэзэщIатэкъыми, редакцэм къекIуалIэ токыр пригъэупщIат. Абы щхьэкIэ сэ губернаторым зыпысщIэн хуей хъуащ, ар кIуэщ, Iуэхур зэхигъэкIри, къулыкъущIэр тригъэкIащ. Журналистыр пресс-конференцэхэм щыщIамыгъэхьэ, хъыбар къыщрамыт къохъу, хабзэр къызэпауду. Мис апхуэдэ куэд догъэзэкIуэж, кIэщIу жыпIэмэ, лэжьыгъэ дыщыщIэркъым.
- БлэкIа илъэситхум къриубыдэу зэфIэвгъэкIахэм ящыщу сыткIэ укъыддэгуэшэнт? Сыт къывэхъулIахэр?
Соловьёв Владимир: Пэжым ухуеймэ, къыдэхъулIамрэ къыдэмыхъулIамрэ сэракъым зэхэзыгъэкIын хуейр. Ауэ срипагэу къыхэзгъэщынущ «ЩIыхь зиIэ журналист», «Связымрэ информацэмкIэ щIыхь зиIэ лэжьакIуэ» цIэ лъапIэхэр дэ къыхэтлъхьэу зэрыпхыдгъэкIар. Ар УФ-м и Президентым къыддиIыгъри, 20I8 гъэм ягъэувауэ щытащ.
ДяпэкIэ дзэ корреспондентхэр дгъэхьэзырыным иужь дитынущ нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ. Журналистхэм зэрызащIэдгъэкъуэн фонд къызэIутхащ: IэщIагъэм и ветеранхэм дадоIэпыкъу. Фи нэгу къыщIэвгъэхьэт: ветеран-журналистым сом мини I0 пенсэу къихьу аращ. Дэ ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу абы сом мин 40 худоутIыпщ. Абы щогуфIыкI цIыхухэр.
НэгъуэщI зы лъэныкъуэкIи тхузэфIэкIар мащIэкъым: Полицэм, Росгвардием, абыхэм я пресс-IуэхущIапIэхэм къагурыдгъэIуэн тлъэкIащ пэкIухэм, зэхуэсхэм щылажьэ журналистхэм зэрахущытын хуей щIыкIэр. Ахэр адрейхэм здрагъэхь хъунукъым. Мыбдежым мыхьэнэшхуэ иIэщ езы журналистри Iуэхум хуэхьэзыру пэкIум кIуэн зэрыхуейм: абы и IэщIагъэр къызытещ плIэ Iэгъуапэншэрэ и цIэр зытет бейджрэ иIэн хуейщ, занщIэу къацIыхун хуэдэу. ИтIанэ псалъэмакъ къыхэкIынукъым.
Дэ щIэх-щIэхыурэ къызыдогъэпэщ «Инфорум» зэхыхьэр. Абы Урысейм и хъыбарегъащIэ IэнатIэ нэхъ ехьэжьахэм я редактор цIэрыIуэхэр къыщопсалъэ, мастер-классхэр щрагъэкIуэкI. Мы IэнатIэм и ветеранхэм ящIэж журналист форумхэр зэрекIуэкIыу щытар. Зэхуэст, доклад зыбжанэ къеджэрти, ефэ-ешхэм щIадзэрт. Иджы онлайн-формату IэщIагъэлI ехьэжьахэм я гъусэу зэпсэлъэныгъэхэр ирагъэкIуэкI, щхьэж нэхъ фIэгъэщIэгъуэн Iуэхум щытепсэлъыхьыр къыхехри, макIуэ, дунейм къыщекIуэкIри журналистикэм и щэхухэри зэпкърыхауэ утыку кърахьэ. Сахалин къыщыщIэдзауэ Калининград нэс инфорум 50 щедгъэкIуэкIащ, «иджыри дыхуейщ», - жаIэ.
Урысейм и Журналистхэм я союзыр къэралым и жылагъуэ, творческэ зэгухьэныгъэ ин икIи нэхъ жыджэр хъуащ. Жылагъуэ зэгухьэныгъэр ар фабрикэкъым икIи заводкъым, уеблэмэ редакцэкъым, унафэ пыухыкIа гуэрым тету лажьэу. Абы ныбжьэгъугъэ жыпхъэм тету зэхуэсхэр, зэIущIэхэр, зэпсэлъэныгъэхэр щекIуэкIыу аращ.
- Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэр япэм ещхьу дунейпсо IэщIагъэ сообществэм хэт? Украинэмрэ абы и телъхьэхэмрэ фыкъыхахужыну зыкъыфхуагъэдалъэркъэ?
Соловьёв Владимир: Дэ сытым дежи Журналистхэм я дунейпсо федерацэм мыхьэнэшхуэ щыдгъэзащIэу щытащ. А зэгухьэныгъэм лъэпкъ журналист союзу 186-рэ хэтщ, къэрал куэдым щыщ журналист мин 600 къызэщIеубыдэ. Мы гъэмахуэ кIуам Оман щекIуэкIат федерацэм и зи чэзу зэIущIэри, Украинэм и лIыкIуэхэм къыхалъхьащ дыхахужмэ, нэхъыфIу. IэIэткIэ ар ирагъэкIуэкIыну я гугъащ. Ауэ зыри къикIакъым.
Латин Америкэм, КъуэкIыпIэ хьэрыпым, Африкэм, Азием, Европэм щыщ къэралхэм къикIа журналистхэм а Iуэхум ауи иужь зэримыхьэхэнур жаIащ.
Журналистхэм я дунейпсо федерацэм унафэр щызезыхьэр ГъэзэщIакIуэ комитетращ. Абы хэтынухэр IэIэт щэхукIэ хах. ГъэзэщIакIуэ комитетым Украинэм щыщу зыри хэхуакъым. Абы куэд къыбжеIэ. ГурыIуэгъуафIэ пщещI абыхэм дуней псор зэрырагъэзэшар.
Журналистхэм я дунейпсо федерацэм дыхэтащ иджыри дыхэтщ, пщIэ ини дыщиIэщ.

RG.RU сайтым къизыхыжар НэщIэпыджэ Замирэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.