ЗЫРИ ЗЫПЭМЫПЛЪА ТЫГЪЭТ

 Хэт хьэщыкъ ямыщIар Налшык и псей щIыхухэм я дахагъым… нэхущ гъуэзым и плъыфэ а жыг телъыджэхэм ягъэдахэ ди щыхьэрым и зыгъэпсэхупIэ паркхэр, лъэс зекIуапIэхэр, уеблэмэ уэрамыбгъухэр. ЗэманыфIкIэ дызэIэбэкIмэ, ар къыщыкIыу зы щIы кIапэ Урысейм иIакъым икIи гъэщIэгъуэныщэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым псей щхъуантIэр япэу къызэрыщыхута щIыкIэр.
    Жыгым и лъахэр Америкэ Ищхъэрэм и ипщэ- къуэкIыпIэ лъэныкъуэм хуэзэ Айдахо, Ютэ, Колорадэ, Аризон штатхэм я бгы къырхэрщ. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и етIуанэ Iыхьэм ар Европэм ягъэIэпхъуэу щIадзащ, ауэ гъэщIэгъуэнракъэ, гъэбэгъуэныр ауэ къэгъэнауэ, щахухэкIэр зэзэмызэххэт, и жылэр хэпсэкIи, щыуэу зы къуэпс къикIыкIыртэкъым. Зэман дэкIри, зыри зыпэмыплъа Iуэху къэхъуащ.
Революцэр иджыри къэхъеятэкъым Украинэм и Днепропетровскэ областым къыщалъхуа, зыкIи адрейхэм къахэмыщ щIалэ щIыкIафIэ Ковтуненко Иван Полтавэ дэт цIыхухъу гимназием щыщIэтIысхьам. Ар ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, абы и щIэныгъэм щыпищащ жыг гъэкIынымкIэ зэфIэкIышхуэ зиIэ Корочанскэ школ цIэрыIуэм. 1916 гъэм Иван дзэм ираджэ, икIи здашэр дэнэ - Прохладнэм и гъущI гъуэгу станцым… Абы и IэщIагъэр зыхуэдэр къащIа нэужь, щIалэр ягъэуващ Налшык и гъущIгъуэгу станцым и пхъэщхьэмыщхьэ-декоративнэ питомникым и унафэщIу. 1918 гъэр екIуэкIырт. Абдежырщ Ковтуненко Иван цIэрыIуагъэр къыхуэзыхьа и щIэныгъэ гъуэгуанэм щытеувар.
 Къэхъея зэрызехьэм хиубыдарэ, щIэупщIэншэу станцым къытенауэ тет вагонхэм ящыщ зым къыщагъуэтащ зэи зыми имылъэгъуа псей щIыхупс. Вагоныр къыздикIари здэкIуэри зыми къыхуэгъуэтыжыну зэманыр апхуэдэтэкъым. ЗэрыхуагъэфэщамкIэ, ар зыхузэфIэкI цIыху гуэрым Iэрыхьэн хуейуэ щIыпIэ жыжьэ кIуэрт… сыт ящIэнт, къраха псей жыг цIыкIухэр Иван хисащ, щыгуфIыкIыпэу. Зэрамыгугъауэ къиину къыщIэкIащ тропикымрэ субтропикымрэ я дуней щытыкIэм еса псейхэр. Езэш имыщIэу илъэс I5-кIэ абы елIэлIащ щIэныгъэлIыр икIи зыри къикIакъым: хаса жыгхэр хъарзынэу хэкIа щхьэкIэ, сыт имыщIэми, къару хуигъуэтыртэкъым хуэбэгъуэну. Арати, махуэ гуэрым абы игу къокI, псейм къыпыщэщ тхьэмпэ мастэхэр Iуву зэтрихьа нэужь, жылэхэмрэ ахэр къызриха шишкэхэмрэ зэщIыгъуу абы хисэну.
 Апхуэдиз илъэскIэ Иван зытелэжьа Iуэхур Iэужьыншэ хъуакъым; псейм и щIагъым зэуэ къыщIикIутащ жыгыщIэ къыхэпщагъащIэ цIыкIухэр. КъызэрыщIэкIымкIэ, псей лъабжьэм щызэтрихьэ банэ цIыкIухэм жылэм узыфэ къезмыгъэуалIэ Iэгъэбэгу лIэужьыгъуэ хищIэрт, жылэр къикIыкIынымкIи сэбэпышхуэ хъууэ.
Америкэм и къуакIэбгыкIэхэр зи хэщIапIэу щыта псей щIыхум Ковтуненкэ Иван и фIыгъэкIэ лъахэ етIуанэ хуэхъуащ ди щIыналъэр. Псэемыблэжу зи къалэныр къезыхьэлIа щIэныгъэлIым и гуащIэдэкIыр къэралым и деж жэуапыншэ щыхъуакъым. I952 гъэм къыщыщIэдзауэ абы къыхуагъэфэщащ Сталиным и Премиер, «Ленин» -м, «Лэжьыгъэм и бэракъ плъыжь», «Знак почета» орден лъапIэхэмрэ медалхэмрэ, I96I гъэм КъБАССР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэр къыфIащащ.
Куэдыр зэрыщыгъуазэщи, Налшык щагъэбэгъуа псей щIыхухэм ноби ягъэдахэ Москва Кремлым, Брест быдапIэм я блынхэр, ахэр щокI Мамай Курганым и хъуреягъым, Урысейм и къалэ куэдым.
I933 гъэм щыщIидзэри, псэуху Ковтуненко Иван щылэжьащ КПСС-м и областной Комитетым удз гъэгъа щагъэкI и оранжереем. I950 гъэм ар иратыжауэ щытащ Къэбэрдей АССР-м Коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министерствэм и «Горзеленхоз» трестым. Псей щIыхур ди щIыпIэм щыгъэбэгъуэным и мызакъуэу, ар телэжьащ псоми фIыуэ ялъагъу розэ лIэужьыгъуэхэм, (абыхэм ящыщ зым «Адыгэ пщащэ» цIэр фIищауэ щытащ) пхъэщхьэмыщхьэ, гъэ псор щхъуантIэу изых къэкIыгъэ, удз гъэгъа лIэужьыгъуэщIэхэр къэгъэкIыным.
 Совет къэралым и селекционер цIэрыIуэ, пщIэрэ щIыхьрэ къыхуащIу ди щIыналъэм лэжьыгъэ купщIафIэ куэд къыщезыхьэлIа Ковтуненко Иван I984 гъэм, и ныбжьыр илъэс 93-м щIигъуауэ, дунейм ехыжащ, щыщIалъхьэжари Къэбэрдей-Балъкъэрырщ. Гранит фIыцIэм къыхэщIыкIарэ и сурэтри тетыжу абы хуагъэува фэеплъым ноби цIыхухэр кIэлъоплъ, гъэгъахэр хутралъхьэ.   

 

Лъостэн Музэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.