ДИ КЪАФЭР ХУЩХЪУЭФIЫМ ХУЭДЭЩИлъэс 20-м щIигъукIэ IэнатIэ мытыншым пэрытахэм ящыщщ Даурхэ Розэрэ Тамарэрэ. Ди къафэ гъуазджэр дунейпсо утыкум ирахьэну лъэпкъыр къазэрыщыгугъыр а зэшыпхъуитIым ягъэзэщIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблыр зыгъэбжьыфIахэми ящыщщ ахэр. Унагъуэ къызэрыгуэкIым къыщыхъуами, гъуазджэм и мыхьэнэр къагурыIуэрт, и пщIэр яIэтырт. Артист къыхэмыкIами, Розэрэ Тамарэрэ я анэм зыхилъхьэ щыIэтэкъым уэрэд жыIэнымрэ усэ тхынымрэ. А зэманым Профсоюзхэм я щIыпIэ советым сабийхэм папщIэ къызэригъэпэщауэ къафэмкIэ гупжьей зэхишати, абы хъыджэбз цIыкIуитIыр зэпымыууэ ишащ, зэрысабийрэ концертхэм зыкъыщагъэлъагъуэу къыдэкIуэтеящ. Розэ 8-нэ классыр къиуха нэужь, куэдрэ мыгупсысэу Налшык къалэм дэт культпросветучилищэм щIэтIысхьащ. Абы къафэмкIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ, Дашу Хьэшыррэ Къашыргъэ Билалрэ ягъасэу. Къафэм зи гъащIэр хухэзыха а цIыхуитIыр я IэщIагъэм хуэпэжт, хуэгумызагъэти, я гъэсэнхэми я зэфIэкIыр асыхьэту наIуэ ящIат. «Гъуазджэм узыIэпишамэ, укъиутIыпщыжыркъым. Ар къыппкърыхьэ узыфэ гуэрым ещхьщ... «Кабардинка»-м сыкъыхэкIыжа нэужьи, куэдрэ сыкъыщыфащ пщIыхьэпIэм», - жиIэрт Розэ. Абы ар хыхьат училищэр къызэриухыу, 1966 гъэм. Балетмейстер цIэрыIуэ Ульбашев Мутай и къару емыблэжу жэщи махуи щIалэгъуалэм ядэлажьэрт. Гугъуехьхэр къащыхукъуэкIкIэ, абы и ущиехэр щIэгъэкъуэн яхуэхъурт къэфакIуэхэм икIи гушхуахэу щхьэж и Iуэху зэрыригъэфIэкIуэнум и ужь ихьэжырт… Ансамблым и зыужьыныгъэр нэхъыбэу 1970 гъэхэм техуэу жаIэр. А илъэсхэрщ япэу Африкэм и къэралхэм гупыр щыкIуар, уеблэмэ илъэс 30-кIэ зыкIэлъымыкIуа Тунис къэралыгъуэми пыщIа хъужат. Сыт хуэдэу гуапэу СССР-м икIа артистхэм абы къыщыIущIауэ щытауэ ятхыжрэ! Псом хуэмыдэу а къэралым щыпсэухэм мыхьэнэшхуэ иратат я хьэщIэхэр здикIа щIыналъэм и нэхъыбэр зэрымуслъымэныр къыщащIам… «Африкэм щIыпIэ гуэрхэр иIэщ артистхэм Iэгуауэ щыхуамыIэту, арщхьэкIэ дэ а хабзэр ди къафэм икъутат. Нэхъыщхьэрати, дызыхыхьахэм къалъытэрт мамырыгъэм дрилIыкIуэу. Тунисым и Президент Бургиба къытIущIащ абы щыгъуэм. ФIэгъэщIэгъуэну ди лъахэми абы щыпсэухэми я Iуэху зэрыдэкIым щIэупщIат, дыкъыщригъэжьэжми, саугъэт лъапIэхэр къытхуищIат: хъыджэбзхэм - дыжьын пщэрылъхэр, щIалэхэм - тутынылъэхэр, - итхыжауэ дрихьэлIащ Розэ и зы гукъэкIыж. - Хьэлэмэт хъуат Ливием дыщыIэу ансамблым хэту хъуар дызрагъэблэгъа зэхуэсри. Ди къэралым и лIыкIуэу зыкъом щIауэ а щIыпIэм щылажьэ ермэлы зэщхьэгъуситIым я жэрдэмт ар. А тIум я пIейтеигъэм наIуэ къищIырт ахэр я щIыналъэм фIыуэ зэрыхуэзэшар. Шхыныгъуэ IэфIкIэ дызыгъэшха, гуапэу къыдэпсэлъа зэщхьэгъусэхэм ягу дыпыкIыртэкъым, арщхьэкIэ дэ адэкIэ гъуэгуанэ къытпэщылът… КъызэрысщыхъумкIэ, сыт хуэдэ гугъуехьри къызэбнэкIыфынущ узыхэт гупыр зэрыIыгъмэ. Апхуэдэ къарум зэщIиIыгъэу къэгъуэгурыкIуащ ансамблыр. Нобэр къыздэсми зытетыр аращ - зы унагъуэм хуэдэу, гуфIэгъуэри гузэвэгъуэри зэдагуэшу. Розэ и шыпхъу Тамарэ, зэрыжаIэмкIэ, и IэщIагъэм тригъэтхыхьыну зэи фIэфIакъым, апхуэдизкIэ цIыху къызэрыгуэкIти, укIытэ хэлъти. «Сыт дэ апхуэдизу тщIар?!» - жиIэрти, зытригъэпсэлъыхьыртэкъым. Розэ дэплъейуэ къафэм дихьэхауэ арагъэнут Тамарэ. Ар школым иджыри щыщIэсым, хъыджэбз нэхъыжьыр ансамблым хыхьагъэххэт. Розэ зыхэт концертхэм ар щIэх-щIэхыурэ здишэрт. Дауи, ди лъэпкъ гъуазджэм зыIэпимышэу Тамари къэнакъым. «Кабардинка»-м хыхьа нэужь, къэфакIуэхэм я гъусэу абы къэрал куэд къызэхикIухьащ. Тамарэ нэхъ тыгъэ лъапIэу къилъытэрт Иорданием и къэрал дамыгъэр тету кърата дыщэ сыхьэтыр. Хъыджэбзхэм я дэлъху Хъусени лъэпкъ къафэхэм къызэрымыкIуэу дихьэхырт. Уеблэмэ ар Японием здашауэ щытащ къэфэну. …Зы махуэ гуэрым «Телемеханика» заводым лъэпкъ къафэхэмкIэ и ансамблым хъыбар къыIэрыхьат и артистхэм зыкъагъэлъэгъуэну Японием зэрырагъэблагъэм теухуауэ. Гупым къэфакIуэхэр къемэщIэкIырт. Хъусен лъагэт, Iэпкълъэпкъ зэкIужт, и цIыху щIыкIэкIэ къикIти, къелъэIуащ абыхэм яхыхьэну. ЯпэщIыкIэ, дауи, зихъунщIащ «сэ сыкъэфакIуэ-тIэ?», - жиIэу. АрщхьэкIэ, къытрагъэхьэри, кIуащ икIи Хъусен къалэн къыщащIар нэсу зэфIигъэкIат. Къафэм гурымыхь куэдым зэманкIэ уахеIэтыкI, зыуегъэгъэпсэху, хущхъуэфIым хуэдэу псэм йоIэзэ. Араш ди лъэпкъ гъуазджэр адэкIи щIэблэм Iэпэгъу щIахуэтщIыпхъэр, апхуэдэ дахагъэмрэ беягъымрэ тхъумэн зэрыхуейм и гугъу тщIыххэнкъыми. БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|