IУЭХУФI ЛЭЖЬЫНЫМ КЪЫХУИГЪЭЩIАХЭР

Волонтёрхэм я дунейпсо махуэр Iэтауэ щагъэлъэпIащ ди республикэми. Сабий творчествэмкIэ уардэунэм щIыналъэм и волонтёрхэр щагъэпажэ зэIущIэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам.

Министрым зэхыхьэм хэтхэм защыхуигъазэм къыхигъэщащ дохутыр IэщIагъэр къыхэзыха дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми волонтёрхэм я еджапIэр къызэринэкIауэ зэрыщытыпхъэр.

«Волонтёрхэр къэзыухъуреихьхэм сэбэп яхуэхъуныр къалэну зыхуэзыгъэувыжа, псэ къабзэ зиIэ цIыху гуапэхэщ. Ахэращ нобэрей ди зэманым и лIыхъужьхэр: гущIэгъу яIэу, гумащIэу, Iуэху щхьэпэ зэфIагъэкIын папщIэ я зэман щымысхьу, цIыхугум гугъапIэ дахэхэр къыщагъэушыжыфу, я дэIэпыкъуныгъэр хуэныкъуэм лъагъэсу гъащIэм хэтхэрщ. Апхуэдэу ущытыфын папщIэ, шэч хэмылъу, абы укъыхуигъэщIауэ щытын хуейщ!» - жиIащ министрым.

Къалэбатэм щхьэхуэу къыхигъэщащ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зыщиубгъу лъэхъэнэм медицинэм и лэжьакIуэ волонтёрхэм лIыгъэ къагъэлъагъуэу лэжьыгъэшхуэ зэрызэфIагъэкIар. «Узыншагъэр хъумэн IэнатIэр лъэхъэнэ нэхъ гугъу дыдэ щитам, зи гуащIэ емыблэжу коронавирусым пэщIэта дохутырхэм дэIэпыкъуэгъушхуэ яхуэхъуащ ахэр. Волонтёрхэр щылэжьащ госпиталхэм, унэм къыщIэкIыну Iэмал зимыIэ цIыхухэр хущхъуэкIэ, ерыскъыкIэ, зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмкIэ къызэрагъэпэщащ. ЖыпIэнурамэ, щытыкIэм дыкъызэрикIам абыхэм я фIыщIи мымащIэу хэлъщ», - къыхигъэщэща министрым.

Медицинэм и лэжьакIуэ волонтёрхэр ягъэпэжащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и фIыщIэ тхылъхэмкIэ.

ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)