ЛIЫХЪУЖЬХЭМ Я ФЭЕПЛЪ

Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэм ирихьэлIэу Дзэлыкъуэ къуажэм къыщызэIуахащ Дзэлыкъуэ районым къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ.

Абы кърихьэлIащ КъБР-м щыIэ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министрым и къуэдзэ, полицэм и полковник Бахъуэ Аслъэн, республикэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Руслан, Дзэлыкъуэ районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Дэхъушокъуэ Исмаил, КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и IэнатIэхэмрэ къэрал кIуэцI дзэхэмрэ я ветеранхэм и советым и тхьэмадэ Пыхъ МуIэед, районым и  ОВД-м и ветернахэм я советым и тхьэмадэ Щоджэн Барасбий, Урысей МВД-м Дзэлыкъуэ районымкIэ и къудамэм и унафэщIхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ.

- Ди лэжьэгъу ныбжьэгъухэм зэрахьа лIыгъэр республикэм и тхыдэм хатхащ. Абыхэм я щIыхькIэ мемориалхэр ягъэув, я цIэхэр фIащ школхэмрэ уэрамхэмрэ. КъБР-м щыIэ МВД-м и унафэщIхэм къывдаIыгъ пхуэмыгъэзэкIуэжыну хэщIыныгъэм кърикIуа гуауэр икIи къыфхуощыгъуэ,- жиIащ Бахъуэ Аслъэн къыщыпсалъэм.

АдэкIэ къызэухэсахэм зыхуагъэзащ Дэхъушокъуэ Исмаил, Мэкъушэ Руслан, Пыхъ МуIэед сымэ.

- Махуэ къэс хабзэм и хъумакIуэ мин я лэжьыгъэм пэроувэ цIыхухэм я шынагъуэншагъэр яхъумэу. Ди къалэнщ хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуэщIыныр. Ахэр лIыгъэмрэ лIыхъужьыгъэмрэ я щапхъэу къэнэнущ хабзэхъумэ IэнатIэххэм я лэжьакIуэм я дежкIэ, - къыхагъэщащ абыхэм.

Мемориалыр къызэIуахащ Дэхъушокъуэ Исмаилрэ Щоджэн Барасбийрэ.

Iуэхум и кIэухыу къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ щымри хабзэхъумэ сэлэт хэкIуэдахэм я фэеплъым деж удз гъагъахэр щагъэтIылъащ.

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ