МИНИСТРЫР ВОЛОНТЁРХЭМ ЯХУОЗЭ

 КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ Волонтёрхэм я дунейпсо махуэм ехьэлIа Iуэху гуапэ.

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий ведомствэм и Щэнхабзэ центрым щахуэзащ республикэм и волонтёр зэщIэхъееныгъэхэм я лIыкIуэхэм. Кърагъэблэгъахэм яхэтт «ЛизаАлерт» къэлъыхъуэныгъэ-къегъэлакIуэ гупым, «ТекIуэныгъэм и волонтёрхэр», «Iуащхьэмахуэ» щIалэгъуалэ дружинэм, «Дэ дызэгъусэщ» дэIэпыкъуэгъу хъуну хьэзырхэм я штабым, апхуэдэуи «КъБР-м и гъуэгухэм насыпыншагъэ къыщымыгъэхъун» жылагъуэ зэгухьэныгъэм щыщхэр.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и лIыкIуэхэу Мэкъушэ Русланрэ Васин Владрэ.

          Павлов Василий къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ ягъэлъапIэ махуэшхуэмкIэ икIи къыхигъэщащ волонтёр зэщIэхъееныгъэм жылагъуэм и социальнэ зыужьыныгъэм мыхьэнэшхуэ зэрыщиIэр.

- Волонтёр Iуэхур – ар гъащIэм нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ уезыгъэплъщ, цIыху лъапIэныгъэхэр гъэбыдэнымрэ хъумэнымрэ хуэгъэпса философиещ. Мыхьэнэшхуэ зиIэу влэжь Iуэху гуапэхэм, фи гулъытэм, гудзакъагъэм папщIэ фIыщIэ фхузощI, - къыхигъэщащ министрым.

Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Руслан жиIащ нобэрей волонтёрхэм я лэжьыгъэр къэкIуэну щIэблэм я дежкIэ зэрыщапхъэр.

 Зэхуэзахэр гуапэу зэпсэлъащ, адэкIи зэрызэдэлэжьэнум ехьэлIа Iуэхухэм я гугъу ящIащ, щIалэгъуалэр зыщIэупщIахэм нэхъыжьхэм упщIэхэр иратащ.

ЗэIущIэм и кIэухым Павлов Василий министерствэм и ФIыщIэ тхылъхэр яритащ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм.

                                                      

БАХЪСЭН Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.06.2023 - 10:01

ФIЫМ Я ФIЫЖХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

«Уэ хьэрычэт щIэи, сэ берычэт хэслъхьэнщ», – жиIащ, жаIэ, Тхьэм.

01.06.2023 - 10:01

ПШЭРЫХЬ ХУЩАНЭ…

Новеллэ

01.06.2023 - 09:03

ГЪАЩIЭМ И ДАМЫГЪЭХЭР

Щыхьэрышхуэхэмрэ къалэ цIыкIухэмрэ я теплъэхэр егъэфIэкIуэным, хьэщIэ кIуапIэ щIыным, цIыху нэхъыбэ ешэлIэным, ахэр нэгузыужьыпIэу гъэпсыным ехьэлIауэ зэхьэзэхуэ куэд къэралым иужьрей илъэсхэм щраг

01.06.2023 - 09:03

ПХЪЭIЭПЭ

Ди зэманым хадэхэм дызэрилэжьыхь пхъэIэпэр къызытехъукIа Iэмэпсымэр къызэрыунэхурэ куэд щIащ.

31.05.2023 - 12:25

УАХЭР ЗЫЩIЭЗЫШЭЩ

 Къыщысынур дымыщIэми…

Хьэршыр зыдж щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, уахэ щIэншэм къыщызылъэтыхь мащэ кIыфIхэм я зэранкIэ ЩIы Хъурейр бзэхыжыпэнкIэ хъунущ.