КХЪУАФЭЖЬЕЙ

ЛIы гуэрым лэжьакIуэ къриджат, и кхъуафэжьейр иригъэлэну. ЛэжьакIуэм кхъуафэжьейр щилэм щыгъуэ гу лъитащ, абы и лъабжьэм гъуанэ зэриIэм икIи ари игъэбыдэжащ. И Iуэхутхьэбзэм къыпэкIуэ пщIэр къратри, и унэм екIуэлIэжащ. ЕтIуанэ махуэм абы и деж къэкIуащ кхъуафэжьейр зейр. «Си кхъуафэжьейр зэрыпщIыжам и уасэр сIых», - жери ахъшэ къыхуеший.

- Сыт щхьэкIэ, - жи – мыдрейм, сэ си лэжьыгъэм къыпэкIуэ псори дыгъуасэ къызэптагъэххэщ.

- Дыгъуасэ уэстар лапщIэщ, мыр щIыжыпщIэщ, - жиIащ лIым.

- Хьэуэ, дакъикъэ бжыгъэщ абы тезгъэкIуэдар. Гу лъыстати, сщIыжащ, ахъумэ ахъшэ къризлэжьыну зезгъэлIэлIауэ аракъым.

- А дакъикъэ бжыгъэ жыхуэпIэм си быныр къригъэлащ, - жиIащ кхъуафэжьейр зейм. – Сэ а гъуанэр зэриIэр сIэщIэгъупщыкIыжат. Унэм секIуэлIэжауэщ щIыIэ-щIыIэу сигу къыщыкIыжар. Абы щыгъуэ цIыкIухэр кхъуафэжьейм итIысхьэри, хым техьакIэт. Абыхэм лажьэншэу къагъэзэжа нэужь къызгурыIуащ, кхъухьым гъуанэ зэримыIэжыр. Си быныр къезыгъэлар уэращ, – къитащ жэуап.

Гуэдз къэп

Къуажэ гуэрым нэхъ къулейуэ дэсым зэгуэрым лIы мэжэщIалIитI къыхуэкIуащ лъэIуакIуэ. Къулейр псэ хьэлэл гуэрти, тIуми гуэдз къэп зырыз яритащ.

Зыр кIуэжри, гуэдз къэпыр тIу ирищIыкIащ: ишхыну зрикъун къигъанэри, адрейр и хадэм хисащ. Бжьыхьэм гуэдзу кърихьэлIэжам иджыри зы илъэскIэ ирикъунут, икIи къыдэхуэжынут. Арати, лIым мурад ищIащ гуэдз къэп къызыIриха къулейм хуишэжыну.  АрщхьэкIэ къулейм Iихыжакъым:

- Сэ уэстауэ щыта гуэдзыр уэ уиIэжкъым. Иджы уиIэр уэ езым къепхьэлIэжарщ. Ауэ щыхъукIэ, сэ уэ гуэдз къыпIысхыжынкъым, фIыщIэ къысхуэпщIыну ухуеймэ, уэри хуэныкъуэ гуэрым сэбэп хуэхъу, - жиIэри.

ЕтIуанэ лIым гуэдз къэпыр гъэ псом игъавэурэ ишхащ. ЩIымахуэр къыщихьэм, ишхын къэнэжатэкъыми, аргуэру къулейм деж кIуащ, иджыри зы гуэдз къэп щIэлъэIуу. АрщхьэкIэ къулейр лIы Iущти, къелIэлIакъым.

- Сыт уи гугъар? ИгъащIэкIэ сэ узгъэшхэну укъысщыгугъауэ ара? Хьэуэ-тIэ! Зи хадэм гуэдз жылэ хэзысэу къэзыгъэкIа уи гъунэгъум щапхъэ щхьэ тумыхарэ? Уэ щхьэхынагъэр зытебгъэкIуащ. Ухуеймэ, уи гъунэгъум елъэIу, гъэтIылъыгъэ къыхуэнащи. Си гугъэщ и гуапэу къыбдэгуэшэну. Ауэ аргуэру ущымыуэ - умыщхьэх! – къыжриIэри къыIуигъэкIыжащ.

 

Гуащэ зэрыхъахэр

Илъэс 60-кIэ зэдэпсэуат зэщхьэгъусэхэр. Бзылъхугъэм зы щэху иIэт: шкафыщхьэм тетт пхъуантэ цIыкIу, лIыжьым зэи имылъэгъуауэ. Бзылъхугъэр жьы хъуат, сымаджэу пIэм хэгъуэлъхьати, и щэхумкIэ щхьэгъусэм дэгуэшэну мурад ищIащ. ПхъуантIэ цIыкIур къригъэхьрэ къызэтрихмэ, езым зэрихъа гуащэ цIыкIуитIрэ ахъшэ зэрыIыгърэ дэлът.

- Мыр сыт? – щIоупщIэ лIыжьыр.

- СыщыбдэкIуэм щыгъуэ си анэшхуэм зы чэнджэщ къызитат: «Уи щхьэгъусэм ухуэгубжьын хуей хъумэ, уфIэмынэ икIи уемыдауэ, лъэныкъуэ зегъэзи, зы гуащэ уи IэкIэ зэрыхъэ», - жиIэри.

ЛIыжьым и гуапэ хъуат пхъуантэм гуащитI фIэкIа зэрыдэмылъыр.

- Пхъуантэм дэлъ ахъшэр дэнэ къипха атIэ, ди унагъуэ ахъшэм зэи ухэIэбауэ сщIэжыркъым? - жиIэуи щIэупщIащ.

- Ахэр гуащэу зэрысхъэхэр сщэурэ зэхуэсхьэсащ, - къыжриIащ бзылъхугъэм.

Шыдымрэ псыкъуиймрэ

ЛIы гуэрым и шыдыр псыкъуийм ехуэхат. ЛIым ар къыщыхуимыхыжым, мурад ищIащ къримыгъэлыну: шыдыр жьы хъуати, щIагъуэу къыхуэмысэбэпыжыну къилъытащ. Псыкъуийри куэд щIауэ игъуэжати, итхъуэжын хуейт. ЛIым и гъунэгъухэр щIыхьэху ищIри, и Iуэхур зэфIихыну иужь ихьащ – шыдым щIыр тритхъуэжынути зэфIэкIат. Псоми белыр къызэдащтэу щIыр щрадзыхым, шыдыр гужьеящ, кIиящ. Ауэ тэлай дэкIри, щым хъужащ. ЛIыр псыкъуийм еплъыхмэ, елъагъу: щIыуэ ирадзыхыр зытригъэщэщыжым, теувэм зэхиубэурэ ищхьэм къыдэкIуеижырт шыдыр. Къыщысым, ар псыкъуийм къилъыжри, щIэпхъуэжащ.

 

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.