ХУЭСАКЪЫУ ЯХЪУМЭ ХЬЭПШЫП

 ЩIэщыгъуэ тщыхъуащ зы Iэм IэрыкIыу адрейм IэщIыхьэу зы унагъуэм зэрахьэ хьэпшып лъапIэм - адыгэ фащэр зэрагъэдахэ бгырыпхым - теухуа хъыбарыр. Адыгэ щэнхабзэмкIэ «Адыгэ» фондымрэ «Каракан» телестудиемрэ я унафэщI Къущхьэ Оксанэ и унагъуэрщ а хабзэ дахэр къызыдекIуэкIыр.

Хъыбар гъэщIэгъуэныр къытхуэзыIуэтэжа Къущхьэ Оксанэ и анэшхуэм и анэ Щомахуэ - Сыжажэ Даус I927 гъэм унагъуэ щихьэм, и адыгэ фащэр ирагъэдэхэн мурадкIэ адыгэ бгырыпх IэпщIэлъапщIэхэм ирагъэщIат. Зэман дэкIри, Даус ипхъу нэхъыжь Сыжажэ - Къущхьэ Нинэ бгырыпхыр иратыжащ. Нинэ къуибл къыщIэхъуат. Хабзэм тету, бгырыпхыр пщащэхэрт зезыхьэри, Нинэ и япэ къуэрылъху Къущхьэ - Ехъутэныдж Оксанэ и насып кърихьэкIри, ар лъысащ.

- Си анэшхуэм пхъу щимыIэм, зэман дэкIыу бгырыпхыр къызэрысхуагъэфэщар гуапэ сщыхъуащ, - жеIэ Оксанэ. – Чэзур къэсри, иджы а хьэпшып лъапIэр сипхъу Ехъутэныдж Алинэ естыжащи, хуэсакъыу ехъумэ. Лъэпкъ бгырыпхым иджыри къикIуну къыпэщылъыр зыхуэдизыр Тхьэм ещIэ, ауэ куэдрэ зэрахьэну сыхуейт!

Ди гуапэу фигу къэдгъэкIыжыну дыхуейт ди фащэм и тхыдэм и напэкIуэцIхэм щыщхэр.

 Адыгэ фащэр VI лIэщIыгъуэм къежьауэ хуагъэфащэ. Ар тохуэ алыджхэмрэ византийхэмрэ адыгэхэм нэхъ тпэгъунэгъу щыхъуа лъэхъэнэм. Адыгэ фащэр махуэ къэс къагъэсэбэп фэилъхьэгъуэ щыхъуауэ къалъытэр XVIII - XIX лIэщIыгъуэхэрщ. Апхуэдэ щыгъыныгъуэхэр нэхъ хъума хъуауэ къыщагъуэтыжар Лабэ хэхуэж Балкэ псы Iуфэрщ.

Ижь-ижьыжым щыгъа фащэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр химылъхьэу нобэ къэзыхьэсыфа е зыхъумэфа зы лъэпкъи дунейм тету фIэщщIыгъуейщ. Ди лъэпкъми зэманым декIуу ихъуэж, иригъэфIакIуэ зэпыту къикIуащ фэилъхьэгъуэм и тхыдэ кIыхьыр, уеблэмэ, гъунэгъу лъэпкъхэр къыддэплъейуэ нобэр къыздэсым ди фащэр къащтэу. Кавказым Ищхьэрэм ис лъэпкъхэр сыт щыгъуи зэхыхьэ-зэхэкIырт, зэзауэ-зэкIужу къэгъуэгурыкIуэрт. АпщIондэху лъэпкъхэр я щэнхабзэ, гъуазджэ, хабзэ, нэгъуэщI лъэныкъуэхэмкIэ зэхъуажэрт. I9-нэ лIэщIыгъуэм ди фащэр къэзыщтауэ щыта къэзакъхэм нобэр къыздэсым зэрахьэ. Куэд щIоупщIэ икIи куэдми жэуап тэрэз ятыфыркъым къэзакъхэм ди фащэр къыздрахамкIэ, ящта зэрыхъуамкIэ. Адыгэ фащэр къэзакъхэм щащтар I828 гъэращ. Кавказ линием и генерал-лейтенант Эммануэль къэзакъхэм я фащэ зэхэтхъуар хуэмышэчыжу, псоми адыгэ Iэщэ-фащэр зэрахьэну унафэ ищIат. I83I гъэм щIышылэм и 6-м а унафэм пащтыхь Александр ЕтIуанэм Iэ щIидзащ.
Ди фащэм «черкескэкIэ» еджэу урысыбзэм щыхыхьар I86I гъэм щэкIуэгъуэм и 27-ращ.

Адыгэм сыт хуэдэ зэманми дыщэм нэхърэ дыжьыным пщIэ нэхъ хуищIу къекIуэкIащ. Дыщэр нэхъ зэхьэлIапхьэу къалъытэр бзылъхугъэхэрт.
Хъыджэбз дэсхэм я бгырыпххэр, щIыIухэр, нэхъ ягъэщIэращIэрт, дыщэпс трагъэлъадэрт, мыщIэхэр ирагъэтIысхьэрт, кIэрыщIэн зэмылIэужьыгъуэхэри хуащIырт. Унагъуэ ихьа бзылъхугъэм и бгырыпхыр нэхъ бгъуэт, и быжри нэхъ инт, апхуэдэ дыдэуи ягъэдахэртэкъым.

ЗытIэкIукIэ, узэIэбэкIыжмэ, дуней хъурейм яфIэтелъыджэ ди фащэ хъуэпсэгъуэр ансамблхэм хэтхжм щатIагъэу, музейхэм щIэлъ мыхъумэ, зезыхьэр мащIэ дыдэт. Ауэ иджы узыгъэгуфIэщ лъэпкъым къыддекIуэкI тхыдэр, хабзэ дахэхэр, щэнхабзэр, гъуазджэр, анэдэлъхубзэр тхъумэжын зэрыхуейр къызэрыдгурыIуэжар. Ди лъэпкъ фащэм и лъапIагъэр зыхэзыщIэ щIэблэ къызэрыунэхум и щыхьэтщ абы щIалэгъуалэм я гупэр зэрыхуагъэзэжыр, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм, нысашэхэм деж зэрыщатIагъэр. Хуэм-хуэмурэ и пщIэр егъуэтыж нобэ Кавказ псом я фащэ хъуа ди лъэпкъ фащэм!

Зы унагъуэм зэIэпахыу зэрахьэ бгырыпхым и хъыбарыр щапхъэ дахэщ. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэщи, щыгъыным цIыхур егъэщIэращIэ, акъылым егъэдахэ!

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.