ПЦIЫУПСЫМ И ХЪЫБАР

ЦIыхум гущыкI зыхуищIа хьэлхэм язщ пцIы упсыныр. Пэжыр зи гъащIэ хабзэу щымыт цIыхум насыпыншагъэ зэрызэришалIэм езыми гу лъитэжыркъым. А Iущыгъэм и щапхъэщ дагъыстэн Iустазышхуэ Ацаев Сэхьид-ефэнды и IэдакъэщIэкI, «Бегъымбархэм ятеухуа хъыбархэр» тхылъым къитха, Хьисэ лъапIэм гъусэ хуэхъуа насыпыншэм къыщыщIар. 
 Зэгуэрым Хьисэ бегъымбар лъапIэм зы журт щIалэ къыхуэзащ. ЩIалэм лэкъумитI иIэт, Хьисэ иIыгъыр зыт. «ИIэ ди ерыскъыр зэхэдгъалъхьэ», - жиIащ Хьисэ лъапIэм. И гъусэр арэзы хъуащ, ауэ Хьисэ нэмэз ищIыху, щэхуу зы лэкъумыр ишхащ. Арати, зэгъусэу шхэну мэтIыс. «Дэнэ щыIэ ещанэ лэкъумыр?» - щIэупщIащ Хьисэ лъапIэр. «Сэ зыщ сIыгъар», - жиIэри, зыкъиумысакъым журт щIалэм. Лэкъум зырызыр яшхри, гъуэгу теувэжауэ здэкIуэм, нэф гуэр къахуозэ. Хьисэ лъапIэр нэфым еупщIащ: «Уи нэр къэзгъэплъэжмэ, Алыхьым фIыщIэ хуэпщIын?» Нэфыр къэгуфIэри арэзы хъуащ. Арати, Хьисэ лъапIэм абы и нитIым и Iэр трилъхьэри, лIыр мастэнэм Iуданэ иришыфын хуэдизу нэ жан хъужащ. Хьисэ лъапIэр и гъусэм еупщIащ: «Мы уи нэгу щIэкIа телъыджэм и хьэтыркIэ, къызжеIэ ещанэ лэкъумыр здэкIуар». Модрейм Тхьэ иIуащ зы фIэкIа зэримыIыгъамкIэ. Гъуэгум пащэ. Ауэрэ пкъыуэ хъуа лIы къахуозэ, и Iэпкълэпкъыр къыдэмыбзу. Аргуэрым еупщIащ Хьисэ лъапIэр: «Узэрыщытам хуэдэу ухъужмэ, Алыхьым фIыщIэ хуэпщIын?» Модрейри арэзы хъури, бегъымбарым игъэхъужа иужь, шыщIэм хуэдэу щIэпхъуащ. Журт щIалэр къэуIэбжьащ, игъащIэм апхуэдэ телъыджэ слъэгъуакъым жыхуиIэу. «А уи нэгу щIэкIахэм я хьэтыркIэ, ещанэ лэкъумыр здэкIуар къызжеIэ», - лъэIуащ Хьисэ лъапIэр. Аргуэру журтым Тхьэ иIуащ, зы фIэкIа сIыгъакъым жиIэри. Ауэрэ зэгъуситIыр псыежэх гуэрым нос, лъэмыж темылъу, кхъуафи бгъэдэмыту. «Си ужь къиувэ», - жриIэщ Хьисэ и гъусэми, журт щIалэмрэ бегъымбарымрэ псыф мыхъуу, псы щIыIум тету зэпрыкIащ. Аргуэру лэкъумыр здэкIуар къызжеIэ щыжриIэм, зыкъиумысакъым. 
 Ауэрэ тафэм тохьэ Хьисэ лъапIэмрэ и гъусэ журт щIалэмрэ. ТIури къэмэжэлIат. Хьисэ лъапIэр щыхь блэкIым къеджэщ, ар фIагъэжщ, ягъажьэри яшхащ. ИтIанэ къупщхьэхэр зэхуихьэсыжри, «Алыхьым и цIэкIэ, къэхъуж!» жиIащ бегъымбарым. Щыхьыр къэхъужри, мэзым хыхьэжащ. «Субхьанэллахь!» - игъэщIэгъуащ журт щIалэм. «Уи нэгу щIэкIа телъыджэхэм я хьэтыркIэ, лэкъумыр здэкIуар къызжеIэ!» - зыхуигъэзащ абы аргуэру Хьисэ. Аргуэрым зы лэкъум фIэкIа имыIыгъауэ къыжриIащ. 
 АдэкIэ щIалитIым жэм зэщIэс игъэхъуу зылI къахуозэ. «Уи шкIэр къыдэт», - жиIэри, Хьисэ лIым зыхуигъэзащ. Уи гъусэр къагъакIуэ, - къет жэуап Iэхъуэм. ШкIэр фIагъэжщ, яшхри, и къупщхьэр фэм тралъхьэжащ. Аргуэрым Хьисэ лъапIэм «Алыхьым и цIэкIэ, тэдж!» жиIэри, шкIэр къэхъужащ, асыхьэтым бууэ щIэпхъуэжащ. «Тхьэр арэзы къыпхухъу, къэщтэж уи шкIэр», - жриIащ Хьисэ лапIэм Iэхъуэм. Модрейм ищIэнур имыщIэу къэуIэбжьат. «Ухэт уэ?» - къеупщIащ шкIэр зейр. «Марьям и къуэ Хьисэр сэращ», - иритыжащ жэуапу. АрщхьэкIэ лIыр шынэри, щIэпхъуащ. Аргуэру Хьисэ лъапIэр и гъусэм йоупщI: «Мы телъыджэм и хьэтыркIэ, лэкъум дапщэ пIыгъар?» «Зыщ сIыгъар», - жиIащ журтым. 
 Ауэрэ щIалитIыр къуажэ гуэрым къыщохутэ. Журтым щэхуу Хьисэ лъапIэм и башыр къещтэри, къару зыхэлъыр ара и гугъэу, и щхьэ хужеIэж: «Иджы сэри сымаджэхэр згъэхъужынущ, лIахэр къэзгъэтэджыжынущ». Бегъымбарыр хыфIедзэри, и закъуэу йожьэж. Баш къидыгъуам щыгугъыу, къуажэр къызэхекIухь, сымаджэхэр къысхуэфшэ яжриIэу. Зэгуэрым щIалэм пащтыхьыр сымаджэу хъыбар зэхех. «Сэ згъэхъужыфынущ ар», - яжреIэ, сэрей бжэIупэм Iуохьэри. Дохутырхэм къемыхъулIар уэ къохъулIэн, упэрымыхьэ жаIа щхьэкIэ, акъылыншэм и макъыр дрешей: «Сэ сымаджэхэр згъэхъуж къудейкъым, лIахэри къызогъэтэджыж». Арати, щIашэ пащтыхь тхьэмыщкIэм деж. Журт щIалэм и башыр ешэщIри, и къару къызэрихькIэ пащтыхьым йоуэ, сымаджэри малIэ. «КъызыфIэувэж, Алыхьым и хьэтыркIэ!» - жиIэурэ, бэрэбаным ещхьу башкIэ лIам и гущIыIум ирикIуащ журт щIалэр. Ауэ сытыт абы хузэфIэкIынур? 
 Пащтыхьыр зыукIар зыIэщIагъэкIынт? И IитIыр пхауэ, укIыпIэм яшэрэ пэт, и хъыбарыр Хьисэ лъапIэм зэхех. ЩхьэпылъапIэр зэфIащIэн яухатэкъым, Iуэхузехьэхэм бегъымбарыр щабгъэдыхьам. «Фи пащтыхьыр къэзгъэхъужмэ, си ныбжьэгъур къэвутIыпщыжын?» - захуигъэзащ абыхэм Тхьэм и лIыкIуэ Хьисэ. Къагъэгугъащ, дауи. Бегъымбар тхьэлъэIум пащтыхь лIар къигъэхъужа иужь, щхьэпылъапIэм къела журтыр гуфIэу Хьисэ къыбгъэдолъадэ. «Уэ пхуэдэ ныбжьэгъу пэж щыIэкъым!» - жиIэурэ, игъащIэкIи имыбгынэну тхьэ къыхуиIуэрт. Хьисэ лъапIэр щIалэм аргуэру йоупщI, лэкъум дапщэ пIыгъар жеIэри. Модрейми аргуэру пцIы къыхуеупс. Хьисэ къыфIэмыIуэху зещIри, гъуэгуанэм пащэ. 
 Ауэрэ щIалэхэм дыщэ кIанищ зэрылъ пасэрей кIадэ къагъуэт. Хьисэ лъапIэм дыщэ кIанэхэр щыуэ егуэш: мыр ууейщ, мыр сысейщ, мыр ещанэ лэкъумыр зышхам ейщ. Журт нэпсейм ар зыIэщIигъэкIынт? МыукIытэжу иджы жеIэ ещанэ лэкъум зэриIыгъари, ар зэришхари. Хьисэ щIалэр игъэунэхун папщIэ, дыщэ кIанищри къыхуегъанэри, езыр IуокIуэт, зэрыщыгуфIыкIым еплъыну. ИтIанэ жреIэ, мы дыщэ кIанэхэр зыIэрыхьэр абы зэрилIыкIынур. Журтым апхуэдэу напэтехыу къыIэрыхьа мылъкум зыхигъэкIыжынуи хуейтэкъым, бегъмбарым емыдаIуэуи хъунутэкъыми, зибзыщIри, Хьисэ и гъусэу ежьэжащ, и гур дыщэмкIэ къэнауэ. 
 Ауэрэ кIадэм нэгъуэщI щIалищ Iуоуэ. МэжэлIахэти, тIур зэгурыIуащ ещанэр гъуэмылэхьэ ягъэкIуэну. КъызэрыкIуэжу яукIыну загъэхьэзырат. Модрейр и ныбэ изу шхэри, къэна ерыскъым щхъухь хилъхьащ, дыщэ кIанищри езым и закъуэ къылъысын хуэдэу. Зи бгъэр кIикIыу къэкIуэжар и ныбжьэгъуитIым занщIэу яукIщ, здэмэжэлIам, щхъухь зыхэлъ ерыскъыр яшхри, щыри дыщэ кIанэм текIуэдащ. Хьисэ лъапIэмрэ и гъусэ журтымрэ къэкIуэжрэ пэт къахуэзащ хьэдищым. «Мис мыращ дунеягъэм и уасэр» - жриIащ и гъусэм Хьисэ бегъымбарым. Я гъуэгуанэм пащауэ кIуэрэ пэт, журтым и гум дыщэр иутIыпщэртэкъым, иIани. «КхъыIэ, сэ къэзгъащтэ а дыщэр», - жиIэри елъэIуащ. «Къащтэ. Ауэ аращ мы дунейми ахърэтми къыщыплъысынур», - жриIащ. ЩIалэ делэр дыщэм щыбгъэдыхьэм, щIыр зэгуэхури, езыр и зэхуакум дэхуащ. АфIэкIаи дунейм щалъагъужакъым. 
ЗэзыдзэкIар ЧЭРИМ Марианнэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ