ГУАПАГЪЭРЭ ПСАПЭРЭ ЗЫЛЭЖЬХЭР

Дуней псом, ди къэралым и дэтхэнэ плIанэпэми хуэдэу, ди щIыналъэми дыгъуасэ Волонтёрхэм я дунейпсо махуэр щагъэлъэпIащ. Сабий творчествэмкIэ республикэ Уардэунэм а махуэм республикэм и волонтёр зэгухьэныгъэхэмрэ волонтёрхэмрэ зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр щрагъэкIуэкIащ. 
Республикэм и районхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ колледжхэмрэ щIэс волонтёрхэм, #МЫВМЕСТЕ штабым IуэхущIапIэм щагъэува плIанэпэхэм я фIыгъэкIэ зэхыхьэм кърихьэлIахэм щхьэпэ яхуэхъун щIэ куэд къыщащIащ. ЩIыуэпсыр зыхъумэ волонтёрхэм ягъэува дапхъэм щагъэлъэгъуащ зыхуэмеиж материалхэм къэбгъэсэбэп хъуну хьэпшыпхэр къызэрыхэпщIыкIыр. Дохутыр IэщIагъэм хуеджэ волонтёрхэм къызэхуэсахэр хагъэгъуэзащ хуэныкъуэхэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ зэрыхуащIэм. Журналист ныбжьыщIэхэр тепсэлъыхьащ зэIущIэхэмрэ махуэшхуэхэмрэ зэрекIуэкIыр цIыхубэм я деж зэрынахьэс Iэмалхэм, ТекIуэныгъэ Иным и волонтёрхэм тхыдэ напэкIуэцIхэм ирагъэплъэжащ. Волонтёр IэпщIэлъапщIэхэм я IэщIагъэ дахэр ягъэлъэгъуащ - хьэпIацIэ щыгъэкIэ фэилъхьэгъуэхэр зэрыхадыкIымрэ хьэпшып цIугъэнэхэр зэращIымрэ. 
- Республикэм и Iэтащхьэми сэри къыдбгъэдэкIыу волонтёрхэм фIэхъус гуапэ фызох икIи фи махуэмкIэ сынывохъуэхъу! КIуэкIуэ Казбек влэжь Iуэху гуапэхэр зэрылъапIэр къелъытэ, – жиIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат. – Фи лэжьыгъэхэм сыщыгъуазэу къысщыхъуа щхьэкIэ, зэхыхьэм и выставкэм щывгъэува дапхъэхэм сеплъа нэужь, гурыIуэгъуэ сщыхъуащ фи IэщIагъэ дахэхэм республикэм исхэр дригушхуэ зэрыхъунур! Хуэныкъуэ цIыхухэм сыт щыгъуи фыдоIэпыкъури, фыздынэса лъагапIэм фыкъыщымыувыIэу дяпэкIи ехъулIэныгъэхэр зыIэрывгъэхьэну, фи зэфIэкIым хэвгъэхъуэну, фи IуэхущIафэ дахэхэр зылъагъухэм щапхъэ фтрахыну си гуапэщ!
Хъубий Марат КIуэкIуэ Казбек волонтёрхэм зэразыхуигъазэ тхыгъэм къахуеджащ. Абы итщ хьэл-щэн дахэхэр – гуапагъэ, жэуаплыныгъэ, гу-уз лы-уз зиIэ волонтёрхэм я махуэмкIэ зэрехъуэхъур, ялэжь Iуэху дахэм ахэр нэхъри зэрызэкъуигъэувэр, къэралым, жылагъуэм пщIэншэу хуэлэжьэным и щапхъэ дахэ зэрагъэлъагъуэр. КIуэкIуэм и тхыгъэм къыщыхьащ республикэм и волонтёр зэгухьэныгъэхэм хэтхэм я бжыгъэм гъэ къэс зэрыхэхъуэр гуапэ зэрыщыхъур, Хэку лъагъуныгъэм, щэнхабзэм, щIыуэпсыр хъумэным теухуауэ зэфIах лэжьыгъэфIхэм кIуэ пэтми зэрызрагъэубгъур, дунейм къыщыхъу Iуэхугъуэхэм жыджэру зэрыхэтыр: коронавирус узыфэм зыщиубгъум куэдым щIэгъэкъуэн зэрахуэхъуар, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм зэрадэIэпыкъур, фэеплъхэмрэ къуэшыкхъэхэмрэ зэрыкIэлъыплъыр, ахэр зэрахъумэр, тхыдэм, лIыгъэрэ хахуагъэрэ зезыхьа лIыхъужьхэм я фэеплъхэр зыщамыгъэгъупщэным, Хэкур тхуэзыхъума лIыхъужьхэм пщIэ хуащIыным щIэблэр зэрыхуаущийр, апхуэдэу #МЫВМЕСТЕ урысейпсо Iуэхум хыхьэу, мобилизованнэ зауэлI щIалэхэм, абыхэм я унагъуэхэм шхыныгъуэхэмрэ фэилъхьэгъуэхэмкIэ зэрадэIэпыкъум, нэгъуэщIхэри. 
Зэхыхьэм и программэм хыхьэу къызэрагъэпэщащ мастер-классхэр, зэIущIэ щIэщыгъуэхэр, зэпсэлъэныгъэхэр, зэрыцIыхуныгъэхэр. Псом хуэмыдэу ягу дыхьащ «Гуапагъэ фщIэну фыпащIэ» псапэ Iуэхур. Абы хыхьэу художник ныбжьыщIэхэм я сурэтхэр, IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэхэр аукционкIэ, насыпырыхь джэгукIэ ящэхуащ. Абы къыхэкIа ахъшэмкIэ гуманитарнэ дэIэпыкъуныгъэхэр ящIэнущ. 
Волонтёрхэм я махуэр гукъинэжу ягъэлъэпIащ. КърихьэлIахэр ирагъэплъащ псапащIэм, гуапагъэм теухуа фильм гъэщIэгъуэн. Гулъытэрэ дэIэпыкъуныгъэрэ хуэныкъуэхэм ныбжьыщIэхэм пщIэншэу зэрызыщIагъакъуэм укIэлъыплъыну гухэхъуэт. ЩIалэгъуалэр волонтёрхэм я махуэшхуэм нэхъри зэкъуигъэуващ. ЗэIущIэ нэужьым волонтёрхэм хьэщIэхэм я гъусэу сурэт зытрагъэхащ.
Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.02.2025 - 15:02

ЗэкIэ и закъуэщ

Самбэ

11.02.2025 - 12:25

БлэкIамрэ нобэмрэ зэпащIэ

«Искож» хьэблэм щаухуа Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым япэу щагъэлъэгъуащ «Лица Кавказа» выставкэр.

11.02.2025 - 09:03

Наркотикым и бийхэр

Республикэм и курыт еджапIэхэм я командэхэм футзалымкIэ я зэхьэзэхуэ «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ. «Фэ топ» фIэщыгъэр зезыхьэ а зэпеуэр хохьэ еджакIуэхэм я футбол лигэм.

11.02.2025 - 09:03

Сом мелуан 224-кIэ нэхъыбэщ

«Урысей сетхэр - Кавказ Ищхъэрэ» IуэхущIапIэм и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм 2024 гъэм республикэм и цIыхухэм яхуищIа Iуэхутхьэбзэм къыпэкIуа ахъшэр къанэ щымыIэу къыхихыжащ икIи ар сом мела

11.02.2025 - 09:03

Щапхъэхэм толажьэ

КъыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым зегъэIэтыным, зыдэплъеин нэрылъагъу щапхъэхэр нэхъыбэ щIыным и IуэхукIэ Хэкум и хъумакIуэм и илъэсым къриубыдэу къэралым лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIыну