БЗЭР ЩIЭНЫГЪЭМ И IУНКIЫБЗЭIУХЩБэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым къыщызэрагъэпэща бзэщIэныгъэ хасэм и япэ зэIущIэр иджыблагъэ зэхэтащ. «Бзэр щIэныгъэм и IункIыбзэ1ухщ» – аращ зэреджэр ныбжьыщIэхэм зэIущIэм къыщаIэта псалъэмакъым. Хасэм и унафэщI, КъБКъУ-м урысыбзэмрэ бзэщIэныгъэмкIэ и кафедрэм и доцент Дэхъу Залинэ къызэрыхигъэщамкIэ, щIэуэ къызэрагъэпэща зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм хэтыр урысыбзэмрэ литературэмрэ хуеджэу етIуанэ икIи еплIанэ курсхэм щIэс студентхэмрэ адыгэбзэр IэщIагъэу къыхэзыха магистрантхэмрэщ. «Ди хасэм зыхуигъэувыж къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ филологие щIэныгъэхэр нэгъуэщI щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэрапыщIар джыныр, бзитI-бзищ зэралъыткIэрэ къэхутэныгъэхэр иригъэкIуэкIыныр, бзэм и тхыдэр зэгъэщIэныр, ныбжьыщIэхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIыр бзэщIэныгъэм и пащхьэ илъ Iуэхугъуэхэм ехьэлIэныр. Дэ дыхущIокъу щIэблэм я щIэныгъэ зэхэщIыкIыр къызэщIэдгъэрыуэну, анэдэлъхубзэмкIи хамэбзэхэмкIи яIэ гулъытэм кIуэрабгъу еттыну. Сыт хуэдэ бзэми ар зыIурылъ лъэпкъым и дунейр къегъэлъагъуэ. ЦIыхур цIыху щIыжщ, жыхуаIэращи, бзэхэр зэгъэщIэным я фIагъ щIэныгъэм зэрекIым хуэдэу, цIыхугъэми фIы къыхуешэри, Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр зэхэдгъэувэурэ бзэмрэ цIыхубэмрэ къуэпс нэрымылъагъу куэдкIэ зэрызэпыщIар, абыхэм я мыхьэнэр къыдохутэ. Ди гугъэщ ди лэжьыгъэм зедгъэубгъуну, щIалэгъуалэ нэхъыбэ къетшэлIэну», – жиIащ Дэхъу Залинэ. Япэ зэIущIэр нэхъыбэу епхат бзэхэм цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ къызэрыхэщыр, абыхэм я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэхэр къызэрыщыгъэлъэгъуар къэхутэным. ГъэщIэгъуэнщ, псалъэм папщIэ, Мырзэкъан Дианэ бзылъхугъэр урысыбзэм къызэрыщыхэщ щIыкIэхэр зэIубз щIыным ехьэлIа и къэпсэлъэныгъэр, Уэтэр Алинэ урыс литературэм цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я зэхуаку къыдэхъуэ зэхущытыкIэхэр къызэрыщыIуэта бзэр къэгъэнэIуэным триухуа и лэжьыгъэр, Соблыр Миланэ цIыхубзхэм ягъэзащIэ е яуса уэрэдхэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр къыщиIуатэ къэхутэныгъэр, нэгъуэщIхэри. Гулъытэ хэха игъуэтащ цIыхубзым и псэлъэкIэмрэ цIыхухъум и псэлъэкIэмрэ хэлъ зэщхьэщыкIыныгъэхэм, ахэр къэIуэта зэрыхъу щIыкIэхэм, дэтхэнэми унейуэ ехьэлIа жыIэкIэхэм. НыбжьыщIэхэм къыхахыфащ псалъэжьхэр, жыIэгъуэхэр, зэкIэщIэпч мыхъу псалъэхэр, псалъэ къэгъэщIыкIэ Iэмалхэр. БзэщIэныгъэ хасэм и чэзу зэIущIэр щекIуэкIынур илъэсыщIэращ. Ауэ абы зыщытепсэлъыхьыну къыхаха Iуэхугъуэми куэдым урегъэгупсыс. «Уэрэдым и курыхыр». Хасэ унафэщIым зэрыжиIамкIэ, псалъэмакъыр нэхъыщхьэу теухуауэ щытынущ уэрэдым и курыхкIэ зэджэмрэ къызэрыкIуэ псэлъэкIэмрэ я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэхэм, абыхэм зэщхьу икIи зэщхьэщыкIыныгъэу яIэм. Апхуэдэу ныбжьыщIэхэм зэхагъэкIын хуейщ уэрэдым и къалэныр и бзэм къызэрыхэщым, абы и текстым и зэхэлъыкIэм, зы жанр лIэужьыгъуэм иту къакIуэ уэрэдхэм я зэхэгъэувэкIэм. Иджырей бзэщIэныгъэм лъагъуэ куэд къыхэкI хъуащ, зэ еплъыгъуэкIэ бзэм емыпха Iуэхугъуэхэр абы и IэмалхэмкIэ иджу. Нэхъапэм бзэщIэныгъэм бзэм и гъэпсыкIэр къэхутэныр къалэн зыщищIыжу щытамэ, иджы зыщитIагъэ фащэмкIэ бзэр щэнхабзэм, щIэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм, тхыдэм, жылагъуэ псэукIэм, гупсысэкIэм зэрепха Iэмалхэр зэхигъэк1 хъуащ. Апхуэдэ къэхутэныгъэхэр емыкIуэкIыу аратэкъым, ауэ иджы щIэгъэхуэбжьауэ а унэтIыныгъэхэм зэрызаужьым къиIуатэр зыщ – зыджхэм я дежкIэ бзэр псэ зыIут къэгъэщIыгъэщ, и Iэпкълъэпкъым (грамматикэм) къищынэмыщIауэ, абы зэхэщIи, къэIуэтэкIи иIэщ. Иджырей техникэмрэ технологиемрэ я бзэр къэзыгъэIурыщIэ щIалэгъуалэр а лъэныкъуэм хуемыплъэкIынкIэ Iэмал зимыIэщи, иджыпсту утыку кърахьэ къэхутэныгъэхэм гугъэ уагъэщI псэлъэным щыуж цIыхум псэлъэкIэ дахэм и уасэр кърагъэщIэжыну. ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|