ДЫГЪЭУКI, ХЬЭУЭ ДОМЫГЪЭУКI

Псыхуаби, Нартсани, Гумкъали, Шэт къали, сытми адыгэ къуажэу щытахэм къыдэтIысхьахэр «Мурат къокIуэ» жаIамэ, зэрыгъащтэу хьэргъэшыргъэ зэрыгъэхъут, бжэ-щхьэгъубжэхэр ягъэбыдэрт, «цырхъ» зэхахмэ, жэщкIэ къащтэу къигъэнат.

Ар и щхьэусыгъуэу урысыпщым (куейм и унафэщIым) ХьэтIохъущокъуэ Едыдж и IупэфIэгъути, тыгъэхэр хъушэу къыхуихьри, хьэхрэ-щIыхэу къыхуэкIуащ.

«ХьэщIэр Тхьэм и лIыкIуэщ, сыт уи къэкIуэкIэ?» - жиIэу щеупщIым, къызытекIухьар щхьэтечу хуиIуэтащ.

«Дызэныбжьэгъущ икIи дызэгъунэгъущ, абрэдж Муратыр къызэт! СынолъэIу!».

ХьэщIэр къызэрелъэIур бысымым хуищIэ хабзэти, псалъэ иритащ, ириугъуэбыду иритыну е иукIыну. Едыджыр Муратым хузэгуэпт, пщыгъэ къызэрыримыхым щхьэкIэ. Иджы щхьэусыгъуэ иIэт и натIэ иригъэкIыну.

ЛIитI игъэIущри, иутIыпщащ. «Мурат и лъагъуэкIэ» еджэу быдапIэ-мэзышхуэ гуэрым кIэлъыплъу щIадзащ. Пшапэ зэхэуэгъуэм лIищыр зэIууащ. Я Iуэху зытетымкIэ къыщеупщIым, Едыджым игъэлIыщIауэ, лIыщIапщIэ къаримытыжауэ, я бын-унагъуэхэм яшхын ямыIэжу, къуажэм къыдихуауэ хуэтхьэусыхахэщ.  

«Хъуакъым ар, бетэмал! Ауэ, Iэмал зимыIэ щыIэкъым, ажалым фIэкIа. Мыдэ Гумкъалэ дэсщ зы беижь, хьэрэмыгъэ защIэкIэ мылъкушхуэ иугъуеяуи, зыгуэр къыпытхынщ».

Дзыхь къахуищIыну арат зыхуейхэри, лIитIым «дыарэзыщ» жаIэри, гуфIэ защIащ.

ХъунщIэр къайхъулIауэ къыщагъэзэжым, зэгъуэкI хъуахэти, Iуащхьэу къуацэ-чыцэкIэ зэщIэкIэжам и щыгум щепсыхахэщ.

«Быдэ и анэ гъыркъым. Фэ мо хъуржынхэм ярылъыр щыуэ вгуэш. Сэ сыIукIынщи, пхъэр къыткIэлъыкIуэ хъумэ сызыщIэдэIукIынщ, сишми щэлъахъэ ислъхьэнщи сыкъыIухьэжынщ.

ЛIитIми, «мэзрэ мазэхэрэ уи щэху щумыIуатэ!» жыхуаIэр ящыгъупщэжауэ, я псалъэмакъыр Муратым зэхех, хуэмурэ къыздэкIуэжым. Зым «дыгъэукI», адрейм «хьэуэ, домыгъэукI» жаIэ. Япэм: «ДыукIмэ, и Iыхьэри къытхуонэ, Едыджми мылъкушхуэ къыдитынущи, игъащIэкIэ дрикъунущ». Мыдрейм: «Хьэуэ, Мурат хуэдэлI яукIыркъым, ди хьэтыри къилъэгъуащ!» - жаIэ.

Мурат зэхихар игукIэ игъэщIагъуэу, псчэуIу зищIурэ къыIухьэжащ. Зэхимыха хуэдэу ядэуэршэрурэ, «дыгъэукI» жызыIар къигъэтэджри, игъащIэкIэ къэмытэджыжыну иригъэтIысэхыжащ.

«ДумыгъэукI» жызыIам и гъусам и Iыхьэри къритри, къиутIыпщыжащ. «Уи япэкIэ мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуозэж..!». АфIэкIа апхуэдэ Iуэху зэи хэмыхьэжыну псалъэ иригъэтри, иутIыпщыжащ.

БАБЫГУ Сосрыкъуэ. Къулъкъужын къуажэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.12.2024 - 15:48

ПсэупIэу яухуэм хохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ – жэпуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и ухуэныгъэ IэнатIэм сом мелард 30 и уасэ лэжьыгъэ щызэ

04.12.2024 - 14:39

Мыд Мадинэ и фэеплъу

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, музыкант, профессор, лъэпкъыбэ зэпеуэхэм я лауреат Мыд Мадинэ Къэралбий и пхъур (1964 – 2018) псэужатэмэ, и

04.12.2024 - 14:38

Псы фIей хъумапIэхэм я Iэужьыр

Бгым къыщIах къулеигъэхэр щIым къыхагъэкъэбзыкIа нэужь, ар зэратхьэщIа псы фIейр щахъумэ, щызэхуахьэс щIыпIэм щхьэкIэ «хвостохранилище» жаIэ.

04.12.2024 - 12:25

ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ

Шэджэм щIыналъэ администрацэм и унафэщI Борсэ Юрэ иджыблагъэ IущIащ дзэ Iуэху хэхам хэт, 503-нэ полкым и командир Бэгъуэт Къантемыр.

04.12.2024 - 09:03

Дзэ Iуэху хэхам и хъыбархэр зэхуэхьэсауэ

Налшык дэт Лъэпкъ музейм, дзэ щIы­хьым и пэшым, щекIуэкIащ «Нет уз святее товарищества» тхылъым теухуа зэIущIэ.