IУМАХУЭ И ДЭШХУЕЙХЭР

Ди гъунэгъу Сэрэж дадэ хъыбар жебгъэIэжу убгъэдэсыныр куэд и уасэщ. Абы имыщIэр укIуэдыж, жыхуаIэм хуэдэщ. 
«Хъыбар гуэрхэр къезгъэIуэтэжынщ, езыри тIэкIу тезгъэунщ», жысIэри дадэм я дей секIуэкIауэ солъагъу: Сэрэж дэшхуей жыгыщIэ цIыкIуитI къыхитIыкIауэ хадэм къокIыж. ЗэрищIынумкIэ сыщеупщIым жиIащ: 
- Мо Iуащхьэ щыгум щыхэссэнущ, си фэеплъу къыфхуэнэнщ, - и Iэр ищIащ хьэблэ цIыкIум ди джэгупIэ IуащхьэмкIэ. 
- Ар сыт щхьэкIэ? – згъэщIэгъуащ сэ.
- Мы дуней нэпцIыр къэзбгына нэужь, си щIалэ, мы жыгитIыр си фэеплъу, махуэм и хуабэгъуэм абыхэм я жьауэм цIыхум зыщагъэпсэхуу, къапыкIэр яшхыу дунейм къытезнэнущ. ФIы щIэн хуейщ, си щIалэ, фIы зыщIэм и пщIэр зэи кIуэдыркъым. 
Арати, си упщIэм игу къигъэкIыжри, дадэ мы хъыбарыр къысхуиIуэтэжащ. 
Ижь-ижьыжым IумахуэкIэ еджэу лIы губзыгъэ гуэр псэурт. Псыкъуий къитIын мурад ищIри, ар махуэ гуэрым губгъуэм дэкIащ. Псыкъуий къыщитIыну щIыпIэр къыхихри, белыпэ зыбжанэ нэхъ иримытIыхауэ, и белыр зыгуэрым жьэхэуащ. ЯтIэр тритхъурэ еплъмэ, пхъуантэшхуэ гуэрт. Пхъуантащхьэр трихрэ дэплъэмэ – дыщэрэ дыжьынрэ дэзщ. Абы я гущIыIум тхылъымпIэ шыхьа телъыжщ. ТхылъымпIэр зэтригъэжрэ къеджэмэ, мыпхуэдэу итщ: «Мыр хэт къигъуэтми зэрыгуфIэнум шэч хэлъкъым. Ауэ ар насыпыфIэ щыхъунур мыбы дэлъ фIыгъуэхэр тхьэмыщкIэхэм ятригъэкIуадэмэщ». 
Тхыгъэр зейр хэтми тхьэм ищIэнщ, ауэ Iумахуэ нэпсейхэм, къузгъунхэм ящыщтэкъыми, хъугъуэфIыгъуэ къигъуэтар зейуэ щытам и уэсятыр игъэзэщIащ. И выгум пхъуантэр дахэу иригъэзагъэщ, къуажэм къыдыхьэжри, хъугъуэфIыгъуэр нэхъ къулейсызу псэухэм яхуигуэшащ. Ар яфIэгъэщIэгъуэну зыгуэрхэри къеупщIырт: «Мы къомыр уэ къызыхуумыгъэнэжу щхьэ бгуэшрэ?» - жаIэрти. Iумахуи жэуап яритырт: «Мылъкур уэсэпщ, къыщыкIуэри щыкIуэжынури пщIэнукъым. ХуэмыщIам къахуэщхьэпэмэ, аращ сэ абы мылъкуу сызэрыщыгугъыр». 
Ауэ Iумахуэ абы и закъуэкIэ зэфIигъэкIакъым Iуэхур. Псыжь лъэныкъуэкIэ кIуэри, дэшхуей защIэу выгу из жыгыщIэ къришащ. Ахэр хъугъуэфIыгъуэр къыщигъуэта щIыпIэм сатыру щыхисащ. Зэман дэкIри, а жыгхэр къызэщIэрыуащ. ГъуэгурыкIуэхэм абыхэм я щIагъым зыщагъэпсэхурт, дэр хъуа нэужь, къыпачурэ яшхырт, уеблэмэ щIымахуэми хуагъэтIылъырт. Илъэс куэдкIэ итащ а жыгхэр. Iумахуэ и цIэри цIыхухэм ящыгъупщакъым. Дэшхуей щIагъым щIэсу щыхъуахъуэкIэ, ар ягу къагъэкIыжырт. Псэ хьэлэлагъэм и щапхъэ ягъэлъэгъуэнумэ, Iумахуэ и цIэр къраIуэрт. 
- Аращ, си щIалэ, - жиIащ Сэрэж дадэ, - дунейм уехыжа нэужьи цIыхухэм ягу фIыкIэ укъагъэкIыжыну ухуеймэ, уи щхьэ закъуэм фIэкIа уемыгупсысу упсэу хъунукъым. Арщи, мы дунейм сишх щымыIэжу сехыж хъумэ, жысIэри, мы жыгыщIэ цIыкIуитIыр хэссэну мурад сщIащ. Ди тхьэшхуэм солъэIу ахэр быдэу хигъакIэу, си ужь къинэхэр куэдрэ игъэгуфIэну. 
А хъыбарым и ужькIэ, сэ дадэ жыгхэр дыхэссащ, ахэр хэкIэху псы щIэскIэнуи къэзгъэгугъащ. 
 

 

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.