НЭХЪЫФIХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

«2022 гъэм и мафIэсгъэункIыфI инструктор нэхъыфI» еплъыныгъэ-зэпеуэ екIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IэнатIэм и профилактикэ гупхэм я инструкторхэр.

Ар IыхьиплIу гуэшат. Япэм щызэхалъхьэжащ IуэхущIапIэм и инструкторхэм я лэжьыгъэм мы илъэсым и мазибгъум кърикIуахэр. ЕтIуанэм теорие хуэхьэзырыныгъэмкIэ зачётхэр ятащ. Ещанэм комиссэм къилъытащ инструкторхэм республикэм и къуажэхэм мафIэс-профилактикэ Iуэхухэр къызэрыщызэрагъэпэщамрэ зэрыщрагъэкIуэкIамрэ я фIагъыр. КIэух Iыхьэм еплъыныгъэ-зэпеуэм хэтхэм ягъэлъэгъуащ мафIэсым пэщIэтыным теухуа псалъэмакъ щхьэпэхэр школакIуэхэм, IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лэжьакIуэхэм драгъэкIуэкIынымкIэ я зэфIэкIхэр.

Зэхьэзэхуэм кърикIуахэмкIэ инструктор нэхъыфIу къалъытащ КъБР-м мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ IэнатIэм и мафIэс-къегъэлакIуэ часть №25-м и инструктор Атлъэскыр ФатIимэ. ЕтIуанэ увыпIэр къихьащ абы и лэжьэгъу, ПСЧ-20-м и инструктор Маир Камиллэ. Ещанэ увыпIэр лъысащ ПСЧ №14-м и инструктор Гегировэ Аминэ.

Еплъыныгъэ-зэпеуэм щытекIуахэм дипломхэр иратащ.

                                                                                 

СЭБАН Арсен.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.01.2025 - 09:12

ЦIыху мини 100-м щIигъу

ИлъэсыщIэ зыгъэпсэхугъуэ махуэ 11-м къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ турист мини 103,4-рэ.

14.01.2025 - 09:09

Алинэ и Антарктидэр

Антарктидэ жыжьэм къикIыу хъыбар гуапэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ.

14.01.2025 - 09:08

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм

«Свой стиль» зэгухьэныгъэм хэтхэм я къыкIэлъы­кIуэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм, ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм ит ро­зэ­хэм я хьэ­сэхэм деж, къы­­щызэIуахащ. 

14.01.2025 - 08:48

Лъагъуныгъэ

5-нэ Iыхьэ

13.01.2025 - 16:59

Хэхъуэхэр яIэу

Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2024 гъэм и щIышылэ – щэкIуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и фермерхэмрэ уней IуэхущIапIэхэмрэ зэхэту къалэжьащ лырэ джэдкъа