IУЭХУЩIАПIЭЩIЭ КЪЫЗЭIУАХАЩ

КъБР-м и щыхьэрым щатащ Налшык къалэм щыIэ УМВД-м и регистрационно-экзаменационнэ къудамэр щылэжьэну унэщIэр.

Iуэху гуапэм хэтащ республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, КъБР-м щыIэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Руслан, республикэ ОВД-м и ветеранхэм я щIыналъэ жылагъуэ къудамэм и тхьэмадэ Пыхъ МуIэед.

 Павлов Василий унэщIэр къызэрызэIуахымкIэ ехъуэхъуащ къалэ УМВД-м и гупым, жиIащ гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыныр министерствэм и къалэн нэхъыщхьэхэм язу зэрыщытыр. Ведомствэм и унафэщIым къыхигъэщащ унэщIэр федеральнэ бюджетым и мылъкукIэ зэраухуар, лэжьакIуэхэм, къекIуалIэхэм папщIэ зыхуеину псомкIи къызэрызэгъэпэщар.

- Рулым дэс дэтхэнэри гъуэгу хабзэм тетыныр жылагъуэм и пащхьэм жэуап зэрыщытхь Iуэхухэм ящыщщ. Аращи, бэджэнду тIыгъа пэшхэм дыкъыщIэIэпхъукIыу, дэ езым дыдей унэ дызэрыIэпхъуар къытпэщылъ къалэнхэр зэфIэхынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Псом япэрауэ, абы Iэмал къыдитынущ зыхуэфащэ къэрал Iуэхутхьэбзэхэр къалэдэс псоми яхуэтщIэнымкIэ, зэфIэтх Iуэтхьэбзэхэм я фIагъым хэдгъэхъуэнымкIэ, апхуэдэуи мыхьэнэ зиIэщ ди лэжьакIуэхэм тыншыпIэ къахузэгъэпэщыныр, - къыхигъэщащ министрым.

УнэщIэр метр зэбгъузэнатIэ 634-рэ мэхъу. Абы Iэмал къитынущ транспортхэр тхыныр зыхуей хуэзэу зэфIахыну, автомашинэр зегъэкIуэнымкIэ хуитыныгъэ езыт экзаменхэр яту цIыхухэм я тхылъхэр иратыжыным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр тэмэму ирагъэкIуэкIыну. Къапщтэмэ, зы махуэм Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэу абыхэм зэфIагъэкIыр 300-м щIегъу.

Я япэ шофер тхылъхэр къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министрым яритащ зи щIалэгъуэ цIыхуитхум.

- Шофер тхылъыр къызэрыфIэрыхьар транспортыр зевгъэкIуэну хуит фызэрыхъуам и щыхьэт къудейкъым, атIэ фэ езым фи гъащIэмрэ фыкъэзыухъуреихь цIыхухэмрэ я гъащIэм хъумэнымкIэ къалэнышхуэ фи пщэ къызэрыдэхуэм и щыхьэтщ. Ар сыт щыгъуи фигу къэкIыжын хуейщ рулым фыщыдэтIысхьэкIэ. Фи гъуэгу фIыуэ! - жиIащ Павлов Василий.

Псалъэ гуапэхэм къыпищащ Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз.

- Сынывохъуэхъу фэ езым фи хэщIапIэщIэ фызэриIэмкIэ, си фIэщ мэхъу цIыхухэм яхуэфщIэ къэрал Iуэхутхьэбзэхэр нэхъри зэрефIэкIуэнур, - жиIащ Ахъуэхъум.

Апхуэдэуи къызэхуэсахэм псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Мэкъушэ Русланрэ республикэ ОВД-м и ветеранхэм я щIыналъэ жылагъуэ къудамэм и тхьэмадэ Пыхъ МуIэедрэ.

ЛентI плъыжьыр зэпаупщIащ Налшык къалэм дэт курыт еджапIэ №7-м полицэм щиIэ кадет классым щеджэ Энеев Эмиррэ Шэджэм районым и ЮДИ-м и лIыкIуэ Тхьэмокъуэ Разанэрэ.

Павлов Василийрэ Ахъуэхъу Таймуразрэ унэмрэ къулыкъущIапIэ пэшхэмрэ зэпаплъыхьащ, лэжьакIуэхэм епсэлъащ икIи щIыпIэщIэм ехъулIэныгъэхэр щаIэну ехъуэхъуащ.                                                      

УАРДЭ Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.