И АДЫГЭБЗЭМ МАЛЪХЪЭДИСУ УЗЭЩIЕШЭ

Япэ дыдэу Къармэ Iэсят и усэхэр зэуIуу, зы газет напэкIуэцI иубыду «Адыгэ псалъэм» къыщытехуам, си Iупэр зэтемыхьэу сыщыгуфIыкIыу, зы мылъкушхуэ гуэр къысхэхъуауэ къыс­фIэщIу, дамэ стетамэ сылъэтэным хуэдэу, сыкъызэщIиIэтэу седжащ, пхуэ­мыIуэтэщIыным хуэдэу гухэхъуэгъуэ ини згъуэтащ. И бзэр къулейт, телъы­джэт, малъхъэдисым хуэдэу узэщIи­-шэу. И IэдакъэщIэкIхэр адрей уса­кIуэхэм яйм жыжьэу ещхьтэкъым. Уеблэмэ языныкъуэ псалъэхэм къа­рыкIыр къызгурымыIуэу, псалъэгъэнахуэр къэсщтауэ щIэспщытыкIырт. Абдежым хьэкъ сщыхъуащ ди Къэбэрдей усыгъэм талантышхуэ зыбгъэдэлъ, ди лъэпкъ усыгъэм хэлъхьэныгъэфI хуэ­зыщIыну бащэкIэ узыщыгугъ хъун бзылъхугъэ къызэрыхыхьэр. 

Зы тхылъ закъуэщ Къармэм иIэр - 2018 гъэм къыдэкIа «АдрыщI ныджэ» зыфIищар. Ауэ а зыр языныкъуэ усакIуэхэм я тхылъ тIощIым нэхърэ нэхъ лъапIэу собж. ЩIэнэхъ лъапIэр псом япэу и бзэрщ. Iэсят и тхылъыр щапхъэ телъыджэщ ди адыгэ­бзэм и дахагъэмрэ и кууагъымрэ зэбгъэщIэну, зыхэпщIэну ухуеймэ. Дызытеп­сэлъыхь Iуэхур наIуэ фщытщIын папщIэ усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм щыщ едзы­гъуэхэр фи пащхьэ итлъхьэнщ.
Уафэр бампIэм къызэщитхъыу,
Пшэ куэншыбэм зэпекъуз;
Лыгъэ хъуаскIэр гъуэзым хитхъэу,
Щыблэ кIапцIэр зэпогыз … 
ЗэщIоутхъуэ уафэ кIэнтхъыр -
ХъуэпскIыу блапцIэ холыдыкI,
ЩIыуэпс лъащIэр зэщIигъалъэу,
Хьэршыжь купщIэр зэгуощIыкI. 
Пшэ ныбэфыр зэщIогъуагъуэ -
Гыз-гурыму зэхощIыщIэ -
Уэгу чеижьу абрагъуэр
Тафэ гъуркIэм треунащIэ. 
Мы сатырхэр «Щыблэ» усэм щыщщ. Куэдрэ зэхэфхрэ, фыкъеджэрэ апхуэдэ псалъэ шэрыуэхэм, эпитетхэм, зэгъэп­щэныгъэхэм - пшэ куэншыбэ, тафэ гъуркIэ, щыблэ кIапцIэ, пшэ куэншыбэ… Е феплъыт мы сатырхэм:
Фэдэныжь цIанлъэ кIапцIэ-кIадзэу,
Псэ Iунэм псантхуэр изолъэф,
Схухэмылъэфыр кIэзэрыдзэу
ПсэIущхьэм гугъэу щызогъэфI. 
Куэд щIауэ зэхэфха апхуэдэ адыгэбзэ? ЩыIэжыххэу сщIакъым Нало Заур, IутIыж Борис сымэ яужькIэ. 
Сымытха усэхэр ибэщи, 
Бгынэжа лъахэм йопщIыхь.
ЖызмыIа псысэхэр набгъэщи, 
Бгъафэ гъейрэтым йотIыхь.
Я зы дэтхэнэри гъыбзэщи,
Макъамэ тхытхыу мэтхьэджэ,
Я нэхъ шэрыуэри бзабзэщи,
Хьэджасэ пэбдзу мэпыджэ. 
Нобэ щIагъуэу къэдмыгъэсэбэпыж ­псалъэхэмкIэ къулейм и закъуэкъым мы едзыгъуитIыр - гупсысэ куукIи гъэнщIащ. 
Ди усакIуэ куэдым я IэдакъэщIэкIхэм щыгъуазэ зысщIа нэужь, мыпхуэдэ гуп­сысэм сыхуэкIуащ. Абыхэм я тхыгъэхэм къызэщIаубыдэ гъащIэ къибыргъукIым и лъэныкъуэ куэд. ИкIи абыхэм уахэп­лъэж­мэ, нэхъ къайхъулIэхэм ящыщщ ямыIэж ­адэ-анэхэм, адэшхуэ-анэшхуэхэм, я щхьэгъусэхэм траухуахэр. Сигу къокIыж Мысачэ Пётр и адэм и фэеплъ усэ телъы­джэхэр, апхуэдэу Тхьэгъэзит Зубер, Бицу Анатолэ, Мыкъуэжь Анатолэ сымэ пасэу яIэщIэкIа я щхьэгъусэхэм хуатхахэр. ­Къармэми усэ хьэлэмэтхэр иIэщ и адэш­хуэ-анэшхуэхэм, къэзылъхуахэм ятеу­хуауэ. Феплъыт «Анэшхуэм» хэт мы са­тырхэр гущIэм зэритIысхьэм:
Гъуджэ-еджапIэ, гъатхэ-лэжьапIэ -
Моу сынокIуэжыр, моу сыносыжыр …
И нэкIэпс тIэкIур къыфIыIэпыжу, 
Автобус блэкIхэм ящIэдэIужу,
Дыхьэ-дэкIыжхэм якIэлъыхъуапсэу,
Ди тетIысхьэпIэм тесщ си анэшхуэр. 
… Зэм сощIыIунэ, зэм сощIыIущхьэ, 
Силъщи архъуанэ - сыхущIэмыхьэ. 
… Ди бжэщхьэIу нэщIыр
зы гуэныхьышхуэщ. 
И къуэрылъху пщащэм ежьэ фызы­жьым и образыр дэгъуэу къэгъэлъэгъуа хъуакъэ? Хьэуэ, щIэх пщыгъупщэнукъым а зи нэпсыр къызыфIыщIэж нанэр зыхэт теплъэгъуэр. Ар зэзыгъэжьа хъыджэбзыр, Iэбэми лъэмыIэсыжыну зэрыхущIегъуэжар иужь сатырым хьэкъ пщищIыркъэ?
ГущIэм зыкъыдегъазэ Къармэм и адэм техуа «Сыкъэмысурэ» усэм. 
Сыкъэмысурэ, уэс къыптесащ,
Кхъащхьэ мывэм таж
хужь щхьэритIагъэу.
Сыкъэмысурэ, гъатхэр къэсащ,
Уи гущIыIум щыгуIэ щхъуантIагъэу. 
Сыкъэмысурэ, куэдым сесащ, 
ЗыхэсщIащ щIыбагъыншэм игъэвыр;
ЩIэнэкIалъэ сфIэщIар зэспэсащ,
Къыстехуащ нэхъыфI куэдым я мывэ. 
Адэр IэщIэкIа нэужькIэ, пхъур гъащIэм и архъуанэ щысхьыншэхэм зэрикIэрэ­хъухьар, куэд ишэчын хуей зэрыхъуар, ­нэхъапэм фIэигъуэу щыта Iэджэ и псэм тригъэхуэну къызэрылъыкъуэкIар уи фIэщ ещI мы усэм. 
АпхуэдизкIэ и бзэм удехьэхри, Iэсят и языныкъуэ усэхэм ящIэлъ щIагъыбзэр, гупсысэр, абыхэмкIэ къиIуэтэну зыхуейр занщIэу къыпхуэмыпхъуэтэнкIэ, къыбгу­рымыIуэнкIэ хъунщ. Къытебгъэзэжурэ зыб­жанэрэ уеджэн хуейщ уи акъылыр абы хуэкIуэн папщIэ (хуэмыкIуэнкIи хъунщ). Гъатхэ пщэдджыжь мамырым къуалэбзум къраш уэрэду, уи псэм йодэхащIэ усакIуэм къигъэщI сатырхэр:
Мыващхъуэ кIанэ - уафэ бзий хъуаскIэ -
Дэп маскIэ Iунэ-мафIэзэщIэдз -
Щыблэ блэ кIапцIэу
пхузогъэхъуэпскIри,
КIэтх дарииблу сощI пкIэлъеидз. 
И бзэр зэрыкъулейм и закъуэкъым Iэ­-сят и усэхэм фIыгъуэу хэлъыр. Ди тхыдэм, ди нобэм теухуа Iуэхугъуэ куэд куууэ къызэщIаубыдэ. Бын гузэвэгъуэ зылъэ­гъуа анэхэм ятеухуа «ШыщхьэуIу гъыбзэ», зэман дыджым и мыгъуагъэ псори зы­шэча нанэхэр - зым НКВД-м и щIопщыр игъэунэхуащ, адрейм залымыгъэкIэ заем кърагъэщэхуащ, ещанэм и сабийр ажалым IэщIихащ, кIэщIу жыпIэмэ абыхэм ягъэвам «мывэр игъэткIунт».
Дыгъуэшх-дыгъуэлIхэр зыхэтхъыкIа ди нобэр уи нэгу къыщIагъэхьэркъэ мы сатырхэм - «НэшкIул гъэтхъахэм дагъэр ­къоцIывыкI», «Я гуимэхэр ( хамэ къэрал машинэ лъапIэхэр жыхуиIэщ) къыдэужьгъащ». Усэ телъыджэхэр къибгъуэтэнущ Къармэм и тхылъым: «Дунеижь бжаблэр си кхъаблэдэнэу», «АдрыщI ныджэ», «Мы­ващхъуэ кIанэ», «Абгъуэрынэ», «Реквием», «Къыздалъхуар гузэвэгъуэ хэхуа­щи…» - дэтхэнэр жыпIэн. 
Къармэм и усэхэм узыщрихьэлIэ псалъэ зыбжанэ къэтхьынти: щтэращтэ, гъа­дэщIыдэ, кIапцIэ-кIадзэ, жьыхъарз, нащхъуэбзащхъуэ, лъхудэ, щэнджатэ, уэс­хъуэт, дожьачэ, гъуэгуакъуэ, бзабзэ, кIэтх, жьанэ, гухьэр, нэджащIэ, мэжьатхъуэ - мыбыхэм къарыкIыр зыщIэ куэд тхэту пIэрэ дэ, уеблэмэ адыгэбзэм ирила­жьэхэм? 
 КIуэ пэтми къарууншэ хъу ди адыгэ­-бзэр нобэ зыгъэшэрашэ, ди бзэм и дахагъэр, и лъэщагъыр утыку къизыхьэжа ­Къармэ Iэсят хуэдэ цIыхухэм дригушхуэн, тIэтын, дгъэлъэпIэн хуейуэ ди фарзщ.
Ди еджапIэ нэхъыщхьэ щIэсхэм е къэзыухахэм лъэпкъ литературэм зи гъащIэр тезыухуэну мурад зыщIа яхэтмэ, мыпхуэдэ чэнджэщ естынт: Къармэ Iэ­-      сят и IэдакъэщIэкIхэм, псом хуэмыдэу и бзэм теухуауэ диссертацэ лэжьыгъэ ­птхыну ­игъуэт. 

 

Саут СулътIан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.