ФIЭЩХЪУНЫГЪЭ КЪАБЗЭМ И IЭУЖЬ

Мулид мазэр къызэрысу, зэгурыIуэныгъэ дахэм тету, хьэблэ-хьэблэкIэрэ зэчыр пшыхьхэр щызэIэпах. Зэман щхьэхуэм емыхьэлIауи, Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам хуаIэ лъагъуныгъэр къызэрагъэщIэрэщIэж Iэмал мэхъу макъамэм нэхърэ псалъэхэм мыхьэнэ нэхъыбэ щрат зэчырхэр. Нобэ зи гугъу фхуэтщIыну «Iэминтазэр» е «Теубгъуэным и къэщидэр» апхуэдэхэм я щапхъэщ. Ар и IэдакъэщIэкIщ Iимам Бусэйри.

Бусэйри Салихь Шарафутдин Мухьэмэд (1212 - 1295) Мысырым къыщалъхуащ. И цIэм лъабжьэ хуэхъуар Абусэйр щIыпIэм зэрыщыпсэуарщ. Илъэси 10-кIэ Къудс (Иерусалим) дэсауэ, Мэккэ лъапIэм Iэпхъуэжауэ щытащ Iимамыр. И IэщIагъэкIэ КъурIэн лъапIэм хуезыгъаджэт.

ХъэтI дахэ зэриIэмкIи цIэрыIуэт Сэлихь Шарафутдин. ИтIани, цIыхубэм ягу къызэринэжар муслъымэн диным и пщIэр зыIэт, Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар къозыгъэцIыху зэчырхэмкIэщ: «Къэщидэ Хьэмзие», «Къэщидэ Мухьэмэдие», «Къэщидэ Бурдэ», «Къэщидэ Мударие», къинэмыщIхэр.

 «Къэщидэ» псалъэ адыгэбзэм зэкIэ хэткъым, ауэ и мыхьэнэкIэ ар «щытхъу усэ» е «поэмэ» хуэдэхэм япэгъунэгъущ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыху щхьэхуэ зэрагъэлъапIэ, усэу зэгъэкIуа тхыгъэ кIыхь. Гукъинэжщ «Теубгъуэным и зэчырыр» дунейм къызэрытехьа щIыкIэри. ЗэрыжаIэжымкIэ, Сэлихь Шарафутдин тетащ Шазилий суфий лъагъуэм, Ахьмэд Iэл-Мурсий и ущиякIуэу, абы и дерсхэми екIуалIэу. Хьэдисхэм фIы дыдэу хищIыкIыу, щIэныгъэкIэ лъагапIэ хъарзынэми нэсауэ, зэрымыщIэкIэ Бусэйри пкъыуэ хъури, и Iэпкълъэпкъым и щIылъэныкъуэр узым иубыдат, дохутырхэм щIалэр яхуэгъэхъужыным гугъэ хахыжыпауэ.

Махуэ гуэрым Бусэйри Алыхьталэм лъэIукIэ зыхуигъэзащ Бегъымбар лъапIэу Алыхьым и нэфIыр зыщыхуам и лъагагъымрэ и пщIэмрэ къыщигъэлъэгъуэфын зэчыр зэхилъхьэнымкIэ къыдэIэпыкъуу, абы и фIыгъэкIэ и узыр щхьэщихыну. Зэман гуэри текIуэдащ къэщидэр игъэпсыным. Абы и иужьрей Iыхьэр мэрем жэщу нигъэсри, къызэреджэм хуэдэурэ Iурихащ. ПщIыхьэпIэм хэту, Iимамым ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэлатымрэ зэхар къыхуокIуэри, и щIыфэм и Iэ лъапIэр къыделъэ. Жейм къиутIыпща Бусэйри лажьэ закъуи имыIэжу зэрыхъужам нэмыщI, и нэр къыщызэтрихам, ЛIыкIуэ лъапIэм къытрипхъуа теубгъуэныр IэщIэлът.

Ауэрэ нэху мэщри, Iимамыр бэзэрым макIуэ. ФIэщхъуныгъэ къабзэ зэрыбгъэдэлъымкIэ цIыхухэм яхэIуа духьэшы гуэрым хуозэри, сэлам зэраха нэужь, мо къыхуэза лIыр Бусэйри къолъэIу Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам папщIэ зэхилъхьа къэщидэр жриIэну.

Бусэйри а цIыху дахэр зыщIэупщIэ зэчырхэм хуэдэ куэд иIэти, нэхъ пасэу итхахэм я гугъу ищIурэ, еупщIащ: «Дэтхэнэра зи гугъу пщIыр?» «Хьэуэ, - къыжриIащ модрейм. – Сэ жыхуэсIэр «Iэмин тэзэккури» псалъэхэмкIэ къригъажьэращ». «Алыхьым и цIэкIэ соIуэ! – къэуIэбжьащ Бусэйри. - Абы и гугъу зы цIыхум хуэзмыщIакIэ! Алыхьым и хьэтыркIэ, къызэрыпщIар къысхуэIуатэ!» ЛIыми жеIэ: «Жэщ кIуам а зэчырым ЛIыкIуэ лъапIэу Алыхьым и нэфIыр зыщыхуам укъызэрыхуеджари, абы щхьэкIэ гулъытэ лей къыпхуищIу узэригъэхъужари си нэгу щIэкIащ!»

Бусэйри и къэщидэр а цIыхуфIым ирита нэужь, хэIущIыIу хъури, и хъыбарыр псоми къащIащ, и тхыгъэри зэбгрыкIащ.

И чэзур къосри, «Теубгъуэным и зэчырыр» а щIыналъэм ис министр Бэхьэудин деж нос. Министрым къэщидэм апхуэдизкIэ уасэшхуэ хуищIырти, зэфIэту, пыIэ щхьэрыгъыу фIэкIа едаIуэртэкъым, Iэмал имыIэуи и вакъэр лъихырт. И щхьэм щхьэкIэ зэчырым и копие тригъэтхыкIати, езыри и унагъуэри пIалъэ кIыхькIэ ефIакIуэу псэуащ.

 Арати, министрым и унафэщIым и нэхэм ямылъагъужу мэхъу зэгуэрым. Куэд дэмыкIыуи, жэщым пщIыхьэпIэм хэту мыцIыху гуэр къыхуокIуэ, «Теубгъуэным и зэчырыр» уи нэхэм телъхьэ къыжриIэу. Пщэдджыжьым а хъыбарыр министр Бэхьэудин жриIэжати, «Теубгъуэным и зэчырыр» кърагъэхьри, сымаджэм и нэхэм тралъхьащ, асыхьэтми хъужащ. Дауи, сымаджэм бгъэдэлъа фIэщхъуныгъэм и кууагъми мыхьэнэ имыIэу щыттэкъым тхыгъэр къыхуэщхьэпэн папщIэ.

А зэманым щегъэжьауэ нобэр къыздэсым «Теубгъуэным и зэчырыр» гукIэ зрагъащIэ, мэжджытхэмрэ мыдрисэхэмрэ я блынхэм тратхэ, дунейм и кIапэ щхьэхуэхэм щрагъэкIуэкI муслъымэн зэхуэсхэм зэгъусэу къыщоджэ. Зыгъэунэхуахэм зэрыжаIэмкIэ, Бегъымбар лъапIэм хуэгъэза лъагъуныгъэкIэ уи гур гъэнщIауэ укъеджэмэ, мы зэчырым узхэр егъэхъуж, псэр егъэкъабзэ, лъэпощхьэпохэр IуегъэкIуэт. Тхыгъэм и мыхьэнэр щызэпкърах тхылъ 90-м щIигъу щыIэщ, бзэ куэдкIи зэрадзэкIащ.

«Iэминтазэр» IыхьипщIу зэхэтщ, дэтхэнэ зыри диным мыхьэнэ зрит къудамэ гуэрым епхауэ. Япэр Бегъымбар лъапIэм хуэгъэза лъагъуныгъэм теухуащ, адрейм псэм и къызыфIэщIыжыкIэм ухуегъэсакъ, къыкIэлъыкIуэр зэрыщыту ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и щытхъу псалъэщ, адэкIэ Алыхьым и нэфIыр зыщыхуар дунейм къытехьэн ипэкIэ къэхъуахэр, телъыджэу далъэгъуахэр уигу къегъэкIыж. КъурIэн лъапIэм теухуа щытхъу, ИсраIымрэ Михьраджымрэ я тхыдэр, тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIым тобэ къызэрихьыжымрэ Алыхьталэм хуигъазэ духьэхэмрэ къыщокIуэ къэна Iыхьэхэм.

«Теубгъуэным и зэчырым» адыгэхэри куэд щIауэ къоджэ, псом хуэмыдэу, къызэднэкI мулид мазэм и кIуэцIкIэ.

 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.