Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрыунэхурэ илъэси 100 зэрырикъум теухуауэ Москва щекIуэкIа Iуэху дахэхэм ящыщщ Урысейм и иджырей тхыдэмкIэ музейм къыщызэрагъэпэща «Къэбэрдей-Балъкъэр. ЛIэщIыгъуэхэм япхыкI гъуэгуанэ» гъэлъэгъуэныгъэ екIур. Ар фокIадэм и 21-м къызэIуахащ, мазэкIэ екIуэкIауэ пщэдей зэхуащIыж.
Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир 2022 гъэр Лъэпкъ гъуазджэхэм я илъэсу зэригъэувам ипкъ иткIэ, ди республикэм и махуэшхуэм ирихьэлIэу къалащхьэм щагъэлъэгъуащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я IэпщIэлъапщIагъэр, гъуазджэ хъугъуэфIыгъуэхэр, щэнхабзэ щIэинхэр, лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI IэпэIэсагъэмрэ зэчиймрэ.
Музейм щегъэувэкIа хьэпшыпхэм уи нэгу къыщIагъэхьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я блэкIамрэ нобэмрэ. Абыхэм къызэщIаубыдэ археологием, тхыдэм, этнографием епхахэр. Москва яшащ КъБР-м и Лъэпкъ музейм, Ткаченкэ и цIэр зезыхьэ сурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм щIэлъ гъэтIылъыгъэхэм щыщхэр, цIыху щхьэхуэхэм зэхуахьэсауэ яхъумэхэр. Псори зэхэту къапщтэмэ, я бжыгъэр 170-м щIегъу. Гъэлъэгъуэныгъэм Москва и музейм и пэш зыбжанэ еубыд.
Музейм къакIуэхэр яфIэтелъыджэу йоплъ ди лъэпкъхэм ящIу щыта Iэщэхэм, дыщэм, гъущIым, цым къыхэщIыкIа хьэпшып гъэщIэгъуэнхэм. Еплъхэр нэхъ дэзыхьэххэм ящыщщ, псалъэм папщIэ, археологие къэхутэныгъэхэм къыщагъуэтыжа мывэ статуэткэр. Ар Налшык кхъэлъахэр къыщатIэщIым, 1923 гъэм, къагъуэтыжа телъыджэ гуэрщ. И ныбжьыр ди эрэм и пэкIэ IV лIэщIыгъуэм и кIэхэм - III и пэхэрауэ хуагъэфащэ. Мывэр бзылъхугъэ Iэпкълъэпкъым и теплъэщ. Ар щыхьэт техъуэу къалъытэ Кавказым сыт щыгъуи бзылъхугъэм и мыхьэ-нэр щылъагэу, анэм и пщIэр щылъапIэу къызэрекIуэкIам.
Япэ пэшым занщIэу нэм къыщыIуидзэр альбом-ларькIэ зэджэращ. А тхылъ Iувыр Къэбэрдейм къыбгъэдэкIыу тыгъэ хуащIауэ щытащ пащтыхь гуащэ Марие Федор и пхъум. Пэшым и хъуреягъкIэ фIэлъщ ди сурэтыщI цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Абыхэм ящыщщ Къэзанокъуэ Жэбагъы и теплъэ зиIэ скульптурэр, Мечиев Кязим и сурэтыр, ди щIыпIэ дахэхэр къызэрыщхэр, нэгъуэщIхэри. Сабийхэм, цIыхубзхэм, цIыхухъухэм ящыгъа лъэпкъ фащэхэмрэ абыхэм якIэрылъа хьэпшып цIыкIуфэкIухэмрэ сыхьэт бжыгъэкIэ зэпэпплъыхьыфынущ. Ахэр щызэрахьар 18-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэрщ, 19-нэм и пэхэрщ.
Гъэлъэгъуэныгъэм и экспонат гъэщIэгъуэнхэм ящыщщ, сэ япэу слъэгъуауэ аращ, пащтыхь Александр Ещанэмрэ абы и щхьэгъусэмрэ Къэбэрдейм къыщыкIуам адыгэхэм тыгъэу иратауэ щыта адыгэ Iэнэ лъакъуищыр. Ар 1888 гъэм Владикавказ щрагъэщIауэ щытащ.
Пэшым щIэлъщ адыгэ, балъкъэр Iэщэ-фащэхэр. Адыгэ уанэ, таж пыIэ, сэшхуэ, къамэ, фоч, адыгэ бзылъхугъэм зэрызигъэщIэращIэу щыта хьэпшыпхэр гум зимыгъэнщIу зэпыбоплъыхь.
Гулъытэншэ хъуакъым Урысей Федерацэм и цIыхубэ сурэтыщI Пащты Герман и «Кабардинская сюита» (1988 гъэ) теплъэгъуэхэр, УФ-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI Крымшамхалов Хьэмзэт жэзым къыхищIыкIа и статуэткэхэр, цIыху IэпщIэлъапщIэ ПIаз Александр жэзымрэ гъуаплъэмрэ къыхищIыкIа хьэкъущыкъухэр, дыщэидэм хуэIэзэ Тхьэгъэлэдж Агнессэ и бзылъхугъэ хьэпшып цIыкIухэр, нэгъуэщIхэри.
Мы гъэлъэгъуэныгъэм псэ хэзылъхьэр лъэпкъ IэщIагъэхэм ирилажьэ цIыху IэпщIэлъапщIэхэрщ. Апхуэдэу гъущIым, жэзым, дыщэм хьэпшып дахэхэр къыхэзыщIыкI дыщэкI Тумэ Залым махуэшхуэ дауэдапщэхэм ирихьэлIэу игъэлъэгъуащ абыхэм зэрелэжь щIыкIэр. Цы пщIыным зэрыхуэшэрыуэр, абы куэд къызэрыхищIыкIыфыр къекIуалIэхэм нэрылъагъу ящищIащ Текуевэ Динэ. Дыщэидэм и щэхухэр игъэлъэгъуащ Щоджэн Ля-нэ.
Гъэлъэгъуэныгъэм и хьэщIахэм тыншу я нэгу къыщIагъэхьэфынущ балъкъэр лъэпкъым и къекIуэкIыкIар. Абыхэм мывэм быдапIэ лъагэхэр къыхащIыкIыу зэрыщытар, я унэ лъапсэхэм яIа ухуэкIэр къыщыгъэлъэгъуащ экспозицэхэм. Апхуэдэу унэлъащIэ нэхъыщхьэу яIахэм ящыщу цым къыхэщIыкIа алэрыбгъухэмрэ абыхэм къатещ сурэтхэмрэ гъэщIэгъуэнщ.
Адыгэхэм я шыфэлIыфэр зыхуэдамрэ зэрыс щIыпIэм и беягъ псори псэукIэм къыщагъэсэбэпыфу зэрыщытамрэ щыхьэт тохъуэ абыхэм я щэнхабзэ къулейр. Ахэр шы гъэхъуным хуэнэхъуеиншэу, Урысейми хамэ къэрал куэдми цIэрыIуэ щыхъуа адыгэшыр я Iэпэгъуу зэрыщытам и нэщэнэщ, уанэри адрей хуэIухуэщIэхэри. ЛIыгъэрэ хахуагъэ-кIэ къимыкIуэту зэрыщытар къатощ Iэщэ зэмылIэужьыгъуэхэм-рэ зауэ, дзэ щыгъынхэмрэ. Лъэпкъ хабзэм, щэнхабзэм, тхыдэм я къулеягъыр зыхуэдизыр наIуэ къэзыщI хьэпшыпщ Москва яша псори.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ плъыфэ куэду зэрызэтепщIыкIыр, лъэпкъхэм къадекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр зэрахъумэфар, Урысейм ис лъэпкъ цIыкIухэм, къэралышхуэм и нэIэ щIэту, я тхыдэр зэрахъумэжымрэ нобэрей махуэм зэрызиужьымрэ къыхагъэщащ гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахым хэта, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс, Урысейм и иджырей тхыдэмкIэ музейм и унафэщI Великановэ Иринэ сымэ.
МазэкIэ екIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэм еплъащ москвадэсхэмрэ къалащхьэм и хьэщIэхэмрэ.
НэщIэпыджэ Замирэ.