КЪУИИЖЬ ЦIЫКIУ БАЖЭР КЪУЭШ ЗЭРИЩIАР

Еуэрэ-еуэрэт, жи, Къуиижь ЦIыкIу жаIэри зы бзаджэжь цIыкIу псэурти, лэжьэгъуэм деж сымаджэ хъурти, гъуэлъырт, шхэгъуэр къэсмэ, хъужырти, къэтэджыжырт. Ар еужэгъу и анэми, къохъурджауэ:
 - Уи ныбжьэгъухэр лIы хъури хыхьэжащ, уэ, щIалэшхуэ брагъуэр, кIэн уоджэгури къыбокIухь, - НэгъуэщI мыхъуми, сызэрыпщэфIэн пхъэ къысхуэпшэм хъуркъэ!
Йоуэри, Къуиижь ЦIыкIу и кIэнхэр ещэжри, шызакъуэгу къещэху аби, и анэм пхъэ гъэсын къыхуишэу Iуоувэж. Пхъэ къыхуишэу Iуоувэжри, пщэдджыжь гуэрым мэз макIуэ аби, и шыр хъуэкIуэну еутIыпщ, езым пхъэ пиупщIыну хохьэ. Куэд дэмыкIыу пхъэ IэплIэшхуэ къыхелъэфри къыхокIыж. КъыхэкIыжмэ, Мыщэмрэ Бажэмрэ зэкIэсу шэсауэ и алащэжьыр кърахуэкI, пщIэнтIэпсыр къыпыжу.
 - Мыр сыт телъыджэ? - жери егъэщIагъуэ Къуиижь ЦIыкIу. ИтIанэ, - сыфхурикъунщ сэ фэ, - жери, аркъэн иIэти, аркъэныр идзщ, зэуэ япщIыхигъахуэщ аби, къеIэри, тIури тIэрабгъуэу къридзыхащ. ИтIанэ ябгъэдэлъадэри Iэпхлъэпх ищIащ.
Мыщэм япэ зыкъещIэжри къолъаIуэ:
 - CумыукI, - жи, - пхуэзмыщIэн щыIэкъым!
 - Сыт къысхуэпщIэфынур?
 - Гъэм фоуэ фшхынумрэ пхъэуэ вгъэсынумрэ сэ къызощтэ, - жи Мыщэм.
 - Ерэхъу-тIэ, - жери еутIыпщыж.
 - Ауэ, - жи Мыщэм, - сумыIуэтэж: сызэрыптелажьэр щыпIуэтэжам деж бий дызэхуэхъунущ.
 - Ерэхъу!
Бажэм етIуанэу зыкъещIэжри, ари къолъаIуэ:
 - СутIыпщыж, - жи, - зызэман сэри сыпщхьэпэжынщ.
 - Дауэ?
 - Iэмал къыщыпхуэмынэжам дэж сыкъэбгъуэтынщ. МышыпIыртIэхъу щыIэкъым.
 - Ерэхъу, - жери, ари еутIыпщыж.
Арати, езым къыхилъэфа пхъэ IэплIэр къешэри къокIуэж. Нэху къокIри - и пщIантIэм пхъэ гъурыр дэзщ, и пырхъуэм фо хьэкIуэ тэбакъи тетщ. Къуиижь ЦIыкIу и анэм егъэщIагъуэ ар: мыр дауэ хъууэ дэнэ къикIа, жи. И къуэм цIутI жиIэркъым, фор щIегъэмэракIуэри щысщ.
Зэман докI. Зэанэзэкъуэр матхъэ. АрщхьэкIэ Къуиижь ЦIыкIу и анэр зыхуей игъуэткIэ увыIэхэм ящыщтэкъыми, и къуэм къыщохьэ:
 - Мы фомрэ мы пхъэмрэ къыздикIыр къызжумыIауэ узгъэшхэнкъым! - жери.
 - Дэнэ къыздибгъэкIынур, - жи мыдрейми, - пщылI сиIэщи, абыхэм къашэ.
 - И пэжыр къызжумыIэмэ, сылIэм и гъунэщ!
Сыт ищIэнт, и щхьэр иужэгъури, Къуиижь ЦIыкIум Мыщэр иIуэтэжащ. Нэху къекIри, фор къыщIихьэну Къуиижь ЦIыкIу щIэкIмэ, фои щымыIэу, пщIантIэми зы пхъэласкIэ къудеи дэмылъыжу къыщIокI! ЩIалэр тIысри гъащ, жи, къыIэщIэщIар и жагъуащэ хъужауэ. Арати, Къуиижь ЦIыкIу аргуэру пхъашэ макIуэ. ЗдэкIуам, Мыщэр къыбгъэдыхьэщ аби, къеуэри къриудащ:
 - СумыIуэтэжыну псалъэ къызэптатэкъэ! - жери. - Мы зэм узоутIыпщыж, етIуанэ гъуэгу укъакIуэмэ, усшхынщ! - жи.
Ар и шынэкIэу Къуиижь ЦIыкIу и мэз кIуэныр щенэри, адэкIэ-мыдэкIэ банэ-чыцэ къыщигъуэтмэ, ар пиупщIрэ ишэу къонэж.
Йоуэри, махуэ гуэрым Шыгуэбыкъуэ банэ кIуауэ Бажэр къыбгъэдохьэ:
 - IуэхуфIохъу апщий! - жери.
 - Упсэу апщий!
 - СлIо, Къуиижь ЦIыкIу, банашэ щхьэ укъэкIуа, мо мэзыжьыр бухауэ ара?
Къуиижь ЦIыкIу и насыпыр зэрыкъутэжар жреIэ Бажэми, хуотхьэсыхэ:
 - Мэз сыщIыхьэж хъуркъым, - жи, - Мыщэм сишхынущи.
 - НтIэ, - жи Бажэм, - зызэман сыпщхьэпэжынщ бжесIатэкъэ. Мис иджы си чэзур къэсащ. Еуи, пщэдей а хуей дыщызэрыцIыхуам накIуэ, сэ а Мыщэр уэзгъэукIынщи, и фэри джэдыгупхъэу къозгъэшэжынщ! - жери зэрыхъунумкIэ зэгуроIуэ.
КъыкIэлъыкIуэ махуэм Къуиижь ЦIыкIу и шызакъуэгумкIэ мэз макIуэ. И алащэжьыр хуейм иреутIыпщхьэ, езыр джыдэ къищтэну щыIэбэм, Мыщэр къэсри иубыдащ:
 - Усшхынущ бжесIатэкъэ, щхьэ укъэкIуа? - жери. - Иджы уи лыр сшхынурэ уи къупщхьэм сыщIэфыжынущ, - жи.
Мыщэм ар пэлъэщынт, къеуэри къриудащ. Бажэр къаплъэу щытти, а дакъикъэм хуигъазэри къэджащ:
 - Ей, Къуиижь ЦIыкIу, зы мыщэжь къэзукIыну къызолъыхъуэри умылъэгъуауэ пIэрэ? - жери.
Мыщэм а къэджар щакIуэ и гугъэщ.
 - Слъэгъуакъым, жыIэ! - жи Мыщэм.
 - Слъэгъуакъым, - жи Къуиижь ЦIыкIуи.
 - А уи пащхьэм къилъыр сыт-тIэ? - жи Бажэм.
 - Пхъэ дакъэжьщ, жыIэ! - жи Мыщэм.
 - Пхъэ дакъэжьщ, - жи Къуиижь ЦIыкIуи.
 - НтIэ, тхьэкIумэ тети? - жи Бажэм.
 - Ар тхьэкIумэкъым, гуанэжьщ, жыIэ! - жи Мыщэм.
 - Ар тхьэкIумэкъым, гуанэжьщ, - жи Къуиижь ЦIыкIуи.
 - НтIэ, гуанэжьмэ, джыдэкIэ еуэт, - жи Бажэм.
 - МащIэ цIыкIуу къызэуэт, - жи Мыщэм.
 - Ерэхъу, - жеIэ Къуиижь ЦIыкIуи, джыдэкIэ йоуэри, Мыщэр еукI.
Къуиижь ЦIыкIурэ Бажэмрэ Мыщафэр трахри, пхъэ гулъэшхуэм телъу къашэри къокIуэж.
Къуиижь ЦIыкIу Бажэр къуэш ещIри, зэдэтхъэ-зэдэшхэу зэдопсэу, фи фIэщ мыхъумэ, ХьэтIохъущыкъуей къуажэкIэ дыдэм деж щысщ, фыкIуи фыплъэ.

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.