ТЕЛЕФОНЫР КЪЕЖЬЭРИ…

Фэ фщIэрэ?

«Ватсон, нэпсалъэр Беллщ! Сызэхэфхмэ, щхьэгъубжэм фыбгъэдыхьи, фи пыIэхэр щхьэрыфх, Iэ къэфщI». 1876 гъэм гъатхэпэм и 10-м япэу телефонкIэ жаIа псалъэщ мыхэр. Псэлъар - Белл Грехем Александр - дунейм цIэрыIуэ щыхъуащ, зэрыпсалъэ Iэмэпсымэ япэу къызэригупсысамкIэ.

Нью-Йорк щыщ Меуччи 1850 гъэхэм егупсысащ электрическэ токыр цIыху Iэпкълъэпкъым езэгъынкIэ хъуну. Генератор зэпкърилъхьэри, и гупсысэр игъэунэхуну и ужь ихьащ сымаджэхэм иреIэзэу. Зэгуэр ток кIапсэр бзылъхугъэ гуэрым и Iупэм кIэриубыдэри, езыр и генераторыр зыщIэт пэшым кIуащ. Генераторыр зэрыпигъанэу, сымаджэр ину къэкIиящ. Абдежым щыщигъэтащ сымаджэхэм еIэзэныр.

Къигупсыса Iэмэпсымэр игъэунэхуурэ, 1870 гъэхэм телектофон зыфIища Iэмэпсымэм и теплъэмрэ и зэпкъырылъыкIэмрэ (схема) итхащ. 1871 гъэм и къэхутэныгъэм и патент зэригъэпэщыну игугъащ, ауэ къехъулIакъым.ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, мылъку зыбгъэдэмылъа Меуччи доллар 250-рэ хурикъуакъым патентым щIитыну. НэгъуэщIхэми ятх, почтэкIэ иутIыпща дэфтэрхэр кIуэдауэ.

Телефон къэгупсысыным и Iуэху хэлъщ Белл и пэщIэщIэгъуу щыта Грей Элайшэ. Абы патент бюром и дэфтэрхэр щIилъхьауэ щытащ Белл нэхърэ сыхьэтитIкIэ нэхъ гувауэ. Уеблэмэ 1893 гъэ пщIондэ а тIум я зэныкъуэкъур екIуэкIащ. Иужьым, судым Белл нэхъ захуэу къилъытащ.

Белл и телефоным япэ щIыкIэ хэтакъым уэзджынэ. Ар нэхъ иужькIэ Белл и дэIэпыкъуэгъуу щыта Ватсон Джон Томас къигупсысыжащ. Микрофоныр триухуэжащ Эдисон Томас. Аращ «алло» псалъэр телефоным епхауэ къэзыгъэсэбэпари. Ар инджылызыбзэ «hello»-рщ. Итальянхэмрэ японхэмрэ телефоныр къытраха нэужь, жаIэ «пронто» («сыхьэзырщ») е «моси-моси» («сопсалъэ-сопсалъэ»). Адыгэхэм телефныр къыщытрахкIэ жаIэ «сынодаIуэ». Урысхэм жаIэ «да» («нытIэ») е «слушаю» («сынодаIуэ»).

Телефон къэхутэным хэтащ Урысейри. 1895 гъэм Фрейденберг Михаил къигупсысащщ автомат телефон станцэхэр (АТС).

Телефонхэр япэу къат куэду зэтет унэхэм щыщIашащ Белл щыпсэуа Бостон къалэм. Ауэ ар зиIэр къулейхэрт. 1879 гъэм ар Париж нэсащ. 1881 гъэм телефон станцэхэр къыщыунэхуащ Москва, Одессэ, Берлин, Ригэ, Варшавэ. XX - нэлIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм дунейм телефоныр щызэлъэщIэIэсащ. 1910 гъэм дуней псом щыIэт цIыху мелуани 10-м нэхъыбэм къагъэсэбэп телефон станцэ мини I0-м щIигъу.

Телефоным а зэманым килограмми 8 - м нэс и хьэлъагът. Белл и телефоныр гъущI ашыкым хуэдэнут и теплъэкIэ. ЩIэгъэкъуэнрэ (рычаг) зыкъу е къуитIрэ (трубка) иIэт. Языныкъуэ телефонхэм макъыр нэхъ ин зыщI пкъыгъуэм (динамик) гъунэгъу ухуэхъун папщIэ зебгъэзыхыу упсэлъэн хуейт. Языныкъуэхэм микрофон хэтт - телефонисткэр къызэроджэм и щыхьэту уэзджынэ къеуэрт. Трубкэр къытепхырт, къур (рычаг) бгъэкIэрахъуэрти, телефон кIапсэм ток ирикIуэрт, апхуэдэ щIыкIэкIи станцым щыIэ машинисткэм хъыбар иритырт псэлъэн щIэбдзэ зэрыхъунумкIэ.

1882 гъэм Москва къыщагъэсэбэп телефон хэщIапIэхэр бжыгъищу зэхэтт. Абы щыгъуэ абоненту щыIэр 10 къудейт. Илъэси 10 хуэдиз дэкIри, бжыгъэхэр плIы хъуащ. Телефон зиIэхэм мазэм къриубыдэу пщIэуэ ятырт сом 250-рэ. А зэманым егъэджакIуэм и улахуэр ику иту сом 25-рэт зэрыхъур, фельдшерым - сом 55-рэт.

XX - нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Москва телефонхэр къыщыщIагъэкIырт шведхэм - «Эриксон» компанием. Телефон лIэужьыгъуэщIэм рычагым и пIэкIэ текъузапIитI (кнопка) иIэт - къызэрытепхрэ зэрытеплъхьэжрэ. Телефон Iуэхутхьэбзэм щIат пщIэри нэхъ мащIэ хъуат - мазэм къриубыдэу сом 63-рэ. 1903 гъэм Кремлым телефон щIагъэуващ. Пащтыхь Николай II абы и щIыхькIэ Москва къэкIуати, пыл къупщхьэм къыхэщIыкIарэ дыщэкIэ гъэщIэрэщIэжа телефон тыгъэ хуащIауэ щытащ.

1917 гъэм Урысейм щыIэт абонент номер 232-рэ. Ахэр бжыгъитхуу зэхэт хъуат. Революцэм щыгъуэ Ленин унафэ ищIауэ щытащ япэрауэ почтампыр, телеграфыр, телефон станцыр яубыдыну. Большевикхэр текIуа нэужь, 1919 гъэм цIыхухэм я телефонхэр къыIахыурэ, дзэ комендатурэм яхьырт. Телефон зэпыщIэныгъэхэр кIащхъэ хъуащ. Партым, армэ плъыжьым хэтхэм, дохутырхэм - ахэрат телефонкIэ псэлъэну Iэмал зиIэр.

Телефон зэпыщIэныгъэхэр тэмэму щызэтрагъэувэжар 1923 гъэрщ. Абы елэжьащ шведхэм я «Эриксон», нэмыцэхэм я «Сименс» компаниехэр. Абы щыгъуэ яухуэу щIадзащ телефонисткэ хуэмыныкъуэ АТС-хэр. Апхуэдэ станцэ япэу СССР-м щаухуащ Дон Iус Ростов.

АТС-хэр къэунэхури, езы телефонхэм я теплъэми зихъуэжащ, нэхъ къэгъэсэбэпыгъуафIи хъуащ. Иджы абы бжыгъэхэр зытет диск хэтт. Апхуэдэ телефон япэу щIагъэуващ Кремлым. ЦIыхухэм абы «вертушка» фIащащ.

Жып телефонкIэ япэ дыдэу щыпсэлъар Нью-Йоркщ, 1973 гъэм. Япэ жып телефоныр СССР-м щащIауэ жызыIэ тхыдэджхэри щыIэщ. 1961 гъэм ТАСС-м хъыбар къигъэIуащ радиоинженер Куприянович Леонид километр 25-рэ нэхъ узэпэмыжыжьэмэ узэрыпсалъэ хъу телефон къигупсысауэ. Телефоным грамм 500 и хьэлъагът. Куприяновичым и телефоныр хэIущIыIу хъуакъым. Езыми а Iуэхур къигъэнэжри, медицинэ техникэ къэгупсысыным зрипщытащ.

Зэманыр кIуэтэху телефон лIэужьыгъуэхэр нэхъыбэ, нэхъ щIэщыгъуэ, нэхъ тынш хъурт. Абыхэм хащIыхь хъуащ сыхьэт, махуэгъэпс, калькулятор, нэгъуэщIхэри. Ди зэманым телефоныр гъащIэм къыхыхьэпащ. Псэлъэным нэмыщI, нэгъуэщI куэдкIи къагъэсэбэп: интернетым ирохьэ, тхылъ ироджэ, ироджэгу, сурэт ирытрах, макъамэ иродаIуэ.

Зыгъэхьэзырар ГУГЪУЭТ Заремэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.