ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ГЪУЭГУХЭР

Президент грантхэм я Фондым иригъэкIуэкIа зэхьэзэ­хуэм къыщыхэжаныкIа «Те­кIуэ­ныгъэм и зекIуэ» псэкупсэ пэхуэщIэм (проектым) хэта щIалэгъуалэ гупыр иджыблагъэ Ингуш щIыналъэм щыIащ. НыбжьыщIэхэм зрагъэлъэгъуащ Кавказым и щхьэхуитыныгъэм папщIэ ­советыдзэр нэмыцэ зэры­п­хъуа­кIуэхэм щапэщIэта щIы­пIэхэр. 1942 - 1943 гъэхэм екIуэкIа зауэ гуащIэр Мэздэгу - Мэлгъэбэг стратегие операцэм щыщ зы Iыхьэт, Хэку зауэшхуэм и тхыдэмкIи мыхьэ­нэшхуэ зиIэт.

«ТекIуэныгъэм и зекIуэ» зыфIаща Iуэхугъуэр къызэригъэпэщащ «Урысей географие зэгухьэныгъэм» хэт «Альтаир» щIалэгъуалэ хасэм. Абы хэтащ курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм щIэс еджа­-   кIуэ­хэр, студентхэр, лъахэху­тэхэр.
Фэеплъ щIыпIэхэр яригъэ­лъагъуну щIалэгъуалэм гъуазэ яхуэхъуащ «Урысейм и лъа­гъуэхутэ зэгухьэныгъэ» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дзейтов Беслъэнрэ «Лъэпкъ фэеплъ» лъагъуэхутэ гупым хэт щIалэхэмрэ. Ахэр щыIащ зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIа Тэрч тхы­цIэм, къуэшыкхъэхэм, Хэкум и ХъумакIуэхэм я фэеплъ нэхъ ин дыдэм.
Зауэ лъэхъэнэм щIыпIэм щекIуэкIа зэхэуэм и гугъу щи­щIым, Дзейтов Беслъэн къыхигъэщащ илъэс 20-м щIигъуауэ зи унафэ ищI щIыналъэ зэгухьэныгъэм лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэкIыр. «Ди гупым хэт лъагъуэхутэхэм Хэку зауэшхуэм хэкIуэда зауэлIхэм я хьэдэхэр къалъыхъуэж, абыхэм я цIэ-унагъуэцIэхэр зэфIагъэувэж, я фэеплъхэр зэрагъэпэ­щыж. Iуэхур къызэрымыкIуэу гугъущ. Илъэс 77-рэ дэкIащ зауэр зэрыувыIэрэ. Ауэ нобэр къыздэсым ди зауэлIхэм я нэхъыбэм иужьрей увыIэпIэр ­ягъуэтыжакъым. Зи псэр зыта щIалэхэр щепсыхам деж къы­щы­нэурэ дзэр адэкIэ зэры­кIуатэм къыхэкIыу, нэхъыбэр хъыбарыншэу кIуэдырт, я хьэдащхьи, я псэущхьи ямы­гъуэтыжу. 1942 гъэм екIуэкIа зауэм зэпэщIэт лъэныкъуитIым мыхьэнэшхуэ иратырт. Германиемрэ абы и дарэгъухэмрэ Кавказым и щIыдагъэр къы­щыщIаш щIыпIэхэр яубыдыну хущIэкъурт. «Блиц-кригыр» ­къаймыхъулIэу зауэр кIыхь­лIыхь щыхъум, Кавказыр нэщанэуапIэ хъуат, мыбдеж зэщэр къащыIэрыхьэмэ, зауэр яхьыну къалъытэрт. Абы и лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, Ингуш щIыналъэм и ищхъэрэ щIы­пIэхэр малъхъэдисым хуэдэт: мыбдеж щIыдагъэр щыкуэдт, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэри щымащIэтэкъым. Мэлгъэбэг кудэщхьэпIэр (Малгобекское нефтяное месторождение) бийм IэщIыхьэмэ, Къэлъахэжь къуэ­ладжэкIэ (Алханчуртская долина) зэджэ щIыпIэм тыншу уихьэфынут, адэкIэ Грознэ ­къалэри уи IэмыщIэм илъ хуэдэт.
1942 гъэм и фокIадэ мазэм и етIуанэ Iыхьэм Мэлгъэбэг деж щекIуэкIа зауэм Вермахтым и япэ танкыдзэр, къанэ щымыIэу, хишат, стратегие мыхьэнэ зэ­рыритыр имыущэхуу, техникэкIэ зэгъэпэща лъэсыдзэри къыщIигъужат. ФокIадэм и ­28-м Псыгъуабжэ (Сагопши) деж 1942 гъэм и кIуэцIкIэ къэ­хъуа танкыдзэ зэхэуэ нэхъ ин дыдэр щекIуэкIащ. ЛъэныкъуитIым танкхэр щэ бжыгъэкIэ щызэпэщIэтащ, топыр мин бжыгъэкIэ щагъэуащ. Иджы къалэ хъуа Мэлгъэбэг жылэр а лъэхъэнэм къуажэу щытащ. 1942 гъэм фокIадэм и 12-м ­къыщегъэжьауэ 1943 гъэм щIышылэм и 3-м нэс 14-рэ зым IэщIыхьэмэ, адрейм къыIэщIихыжу зауэ хьэлъэхэр екIуэкIащ. Мэлгъэбэг деж Дзэ Плъыжьым щыфIэкIуэдар къыпхуэмы­лъы­тэну куэд мэхъу - зауэлIрэ дзэзешэу мини 120-м щIегъу. Вермахтми цIыхушхуэ фIэкIуэдат, ауэ адэкIэ зэрыкIуэцIры­мы­кIыфынур къыгурыIуэри, икIуэ­тыжауэ щытащ.
2007 гъэм УФ-м и Президентым и унафэкIэ Зауэ ЩIыхьым и къалэ цIэ лъапIэр Мэлгъэбэг къыфIащауэ щытащ.
КъызэрывгурыIуащи, зэуа­пIэм цIыхушхуэ икIуэдащ. Ахэр къэлъыхъуэжыныр, я фэеп­лъыр зэфIэгъэувэжыныр нобэ щыIэхэм ди къалэнщ. Зауэр щекIуэкIа щIыпIэхэр зэрыт­щIэм, дэнэ деж сыт хуэдиз цIыху хуэгъэфэщауэ хэтами дызэрыщыгъуазэм къыхэкIыу, къэтлъыхъуэмрэ къыщытлъыхъуэн хуеймкIэ гъуазэрэ еплъы­кIэ пыухыкIахэмрэ ди­Iэщ», - яжриIащ щIалэгъуалэм Дзейтов Беслъэн.
Апхуэдэу зэуапIэр къыща­плъыхьым, щIалэгъуалэм зрагъэлъэгъуащ лъэныкъуитIыр зэрызэпэщIэтар къызытещ сурэт теплъэгъуэ иныр, яIыгъа Iэщэхэр. Ахэр «Урысейм и лъагъуэхутэ зэгухьэныгъэ» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и щIыналъэ къудамэм илъэситхум и кIуэцIкIэ зэхуа­хьэсат. Тхыдэ икIи фэеплъ мыхьэнэ зиIэ хьэпшыпхэм, теп­лъэгъуэхэм, тхыгъэжьхэм, картэхэм Iэмал къатащ лъа­гъуэхутэхэм ирагъэкIуэкI лэ­жьы­гъэм и пщIэмрэ и мы­хьэнэмрэ зыхуэдизыр нэхъ гурыIуэгъуэ ящищIын.
«ТекIуэныгъэм и зекIуэ» хэкупсэ пэхуэщIэр гъэзэщIа, щIалэгъуалэ нэхъыбэ абы къыхэша хъун я IуэхукIэ щIэгъэкъуэн ­мэхъу КъБР-м Курортхэмрэ ­ту­ризм хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэр, КъБР-м Егъэ­-джэ­­ныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэр, «Урысейм и лъа­­гъуэхутэ зэгухьэныгъэ» ­жы­­­лагъуэ зэщIэхъееныгъэр, Урысей географие зэгухьэны­гъэр.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж