СУРЭТХЭМ Я КЪАРУР

Къаруушхуэ ящIэлъщ сурэтхэм. Псом хуэмыдэу зэман жыжьэм и щыхьэту ахэр къыщыувкIэ. Апхуэдэ гупсысэ къыхэтхащ модельер цIэрыIуэ Сэральп Мадинэ интервью къыщеIытхам щыгъуэ. Бгъэдэлъ IэщIагъэм лъабжьэ хуэхъуам дыщыщIэупщIэм абы къыджиIат:
- Сурэтыжьхэрщ, си анэшхуэм сызыщIигъэдэIуахэрщ. Нобэ согупсысыжри, сыту си насыпт, абы и сурэт гъэтIылъыгъэхэр ди унагъуэм хъума зэрыщыхъуар, дыкъызэралъхурэ абыхэм деплъу дыкъызэрытэджар. Пасэрей псэукIэ, Iуэху зехьэкIэ, лъэпкъ фащэхэр - ахэр къищырт абыхэм. Ди анэшхуэм гъащIэ кIыхь зэриIар бынхэм ди насыпышхуэт! Сыт хуэдизым абы дыщигъэгъуэзат!
АрщхьэкIэ гъащIэм зызэрехъуэкI, цIыхухэм я гупсысэкIэми, я теплъэми зехъуэж. Япэм «гугъу ехьу къэхъуащ» жаIамэ, цIыхум и гуащIэ зэрыиныр, лэжьакIуэ ахъырзэману зэрыщытар къыхрагъэщу арат, иджы абы «тхьэмыщкIагъэм» и мыхьэнэщ бгъэдалъхьэр. Теплъэми хуэдэу, псалъэми мыхьэнэ зэрепт къыщIэкIынщ. Пасэрей фащэр сэ сфIэдахэщ, абы ди цIыхубэм и гугъуехь хэлъщ. Зэрыдэ Iэмэпсымэхэр щыщымыIэм ди нэхъыжьхэм къагупсысыфат апхуэдиз дахагъэ мы зэманым дуней псом къызыдалъагъу ди фащэр. ДыщэпскIэ хэдыкIа фащэм дыжьын бгырыпхыр щIыгъужу – ар телъыджэтэкъэ къэбгупсысыну! Абыхэм кIэ имыIэу сыдахьэхащ.
Пасэрейм фащэр зэраду щытам сурэтхэмкIэ ущеплъыжкIэ, абыхэм яйм елъытауэ дэ нобэ аргъуейм «довэ», жыхуиIэм хуэдэщ тхузэфIэкIыр. ЖысIэну сызыхуейращи, ди нэхъыжьхэм ящIамрэ дэ иджыпсту длэжьымрэ зэхуэдэкъым, зэбгъэпщэхэ хъунукъым. Абыхэм фащэр я гъащIэт, я гупсысэт. Дэ фащэм етт мыхьэнэр нэхъыбэу ар ди «дунейгъэдахэу» зэрытлъытэр арагъэнщ.
«Стилизованнэ» фащэхэри бдыну тыншкъым, сыту жыпIэмэ иджыпсту мыхьэнэ куэд «декорым» ират – бостейр гъэдэхэным, гъэщIэрэщIэным. Ауэ, языныкъуэ модельерхэм ирагъэлей, цIыхубз фащэм цIугъэнэ куэд кIэралъхьэ. Абы бостейм нэхъ пудыфэ къытрегъауэ. Ди лъэпкъыр сыт щыгъуи и хьэлкIэ зэпIэзэрыту, «щыкIа» псалъэм и мыхьэнэм пэIэщIэу, и цIыху хыхьэкIэм (фащэм) щIыхь дэплъагъуу къэгъуэгурыкIуащ. ЩэкI къуэлэнхэр, зи гугъу сщIы цIугъэнэхэр лейт, сэри а гупсысэрщ нэхъ сызытетыр. «Пасэрей жыпхъэм дыкъытекIауэ» жыхуэпIэм теухуауэ сэ жысIэфыныр зыщ: зэманыр кIуэхукIэ, цIыхуми и гупсысэм зехъуэж, нэгъуэщI Iуэху еплъыкIэхэр иIэ мэхъу. Сэ згъэпудкъым ди блэкIар, атIэ апхуэдэ щIыкIэкIэ ар утыку нэхъ къызэридгъэхьэжыфынырщ си гупсысэр зытеухуар.
Фащэм и «пкъым» уеплъмэ, пасэм ар къызыхащIыкIыу щыта щэкIхэр бэлыхьтэкъым, куэд я уасэу щытауи жыпIэфынукъым. АтIэ, сыт я уасэр? Ар зэманым къызэрыкIуэцIрыкIарщ, иджы дэ ар ди щапхъэу зетхьэну Iэмал дызэриIэрщ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

13.10.2026 - 12:25

Дызэрызэмыщхьырщ къарууфIэ дызыщIыр

«Лъэпкъыр зэрыгушхуэ - 2026» VII урысейпсо саугъэтыр зыхуагъэфэщахэр щагъэлъэпIэнум ирихьэлIэу, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яхуэзащ «Урысейм и лъэпкъхэм я ассамблее» урысейпсо жы

12.10.2026 - 09:13

Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ зэдэгуэшащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэ­защ ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуауэ щыIэ Иркутск областым и Хабзэубзыху Зэхуэсым и УнафэщI Ведерников Александр.

12.10.2026 - 09:12

ЩIэупщIэ яIэщ, зэгъщ икIи дагъуэншэщ

IэщIагъэ псори зэхуэдгъадэ хуэдэу жытIэ щхьэкIэ, пщэдджыжь къэс Iэнэм тралъхьэ щIакхъуэр къызыхах гъавэм елэжьхэр псоми япэ зэригъэщыпхъэм шэч хэлъкъым.

09.10.2026 - 09:03

Дызытет лъагъуэр хремыгъуащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэмрэ Ислъам щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ за­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым­рэ я жэрдэмкIэ, Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым жэ­пуэгъуэм и 6-м щекIуэ­кIащ щIынал

09.10.2026 - 09:03

НыбжьыщIэхэр яущий

Налшык къалэм зэIущIэ щхьэпэ ще­кIуэ­кIащ класс нэхъыжьхэм щIэс школакIуэхэр наркотикым пэIэщIэ щIыным теухуауэ.