МАМЫРЫГЪЭМ ЗИ ГЪАЩIЭР ЩIЭЗЫТАХЭР ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Жэпуэгъуэм и 13-м Къэбэрдей-Балъкъэрым ягу къыщагъэкIыжащ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу ди лъахэм мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ илъыным зи гъащIэр щIэзытахэр. Налшык щекIуэкIащ абы теухуа  фэеплъ пэкIу.

ПэкIур щекIуэкIым къыхагъэщащ, а  махуэм, илъэс 17 ипэкIэ, IэщэкIэ зэщIэузэда бзаджащIэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэрым къызэрытеуар.   Хабзэхъумэхэм я лIыгъэм  къызэтригъэувыIащ щIэпхъаджащIэхэм я хьэгъэщагъэр.  Ди республикэм и мамырыгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ яхъумэу  абы   щыхэкIуэдащ  хабзэхъумэ  IэнатIэхэм я лэжьакIуэ 37-рэ. 

Республикэм и мамырыгъэм зи гъащIэр щхьэузыхь хуэзыщIа хабзэмхъумэхэм    я фэеплъым пщIэ хуащIу,  Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм,  я пщэрылъ къалэнхэр ягъэзащIэу хэкIуэда лIыхъужьхэм   я   фэеплъым  деж щызэхуэсахэм яхэтт КъБР-м и Iэтащхьэ    КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Iэтащхьэм и  Администрцэм  и унафэщI   Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м экономикэмрэ жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым и секретарь     Тату Къазбэч, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий,  републикэм и хабзэхъумэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр, КъБР-м щыIэ МВД-м  дэлажьэ Жылагъуэ советым и лIыкIуэ Мэкъушэ Руслан, ветеранхэр, жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр,   хэкIуэда хабзэхъумэхэм я Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ.

Фэеплъ пэкIум щыщIидзэм,   Совет Союзым и ЛIыхъужь Калюжный Н.Г. и цIэр зезыхьэ  Налшык къалэ курыт еджапIэм     и  кадет классхэм щIэсхэм   мамырыгъэр яхъумэу   тхэкIыжахэм я фэеплъым и дамыгъэу шар хужь гъэпщахэр яутIыпщащ.

 Къызэхуэсахэм защыхуигъазэм  КIуэкIуэ Казбек жиIащ:

- Илъэс 17 мэхъу пщыгъупщэ, яхуэбгъэгъу мыхъун, дэтхэнэ зыми ди гур зыгъэуз  а щIэпхъаджагъэр къызэрыхъурэ.  Ди щхьэр яхудогъэщхъ а щIэщхъу гуауэм хэкIуэдахэм я фэеплъым, ди республикэр террористхэм ящызыхъумахэм я лIыгъэмрэ быдагъэмрэ пщIэшхуэ яхудощI. Ди зэхуэдэ къалэнщ  террористхэм  ерыщу пэщIэтыныр. Си фIэщ мэхъу,  властым и IуэхущIапIэхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэр, зэрыщыту жылагъуэр, зэкъуэувэмэ, а бзаджагъэм дызэрытекIуэнур, ди щIыналъэм мамырыгъэр  щытепщэу зэрыщытынур,- жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.

 Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий къыщыпсалъэм къыхигъэщащ   хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэу хэкIуэдахэм  я щIыхькIэ    мемориалхэмрэ фэеплъхэмрэ зэрагъэувыр, лIыхъужьхэм я цIэхэр школхэмрэ уэрамхэмрэ зэрыфIащар, а псомкIи республикэм и унафэщIхэр къазэрыдэIэпыкъур.

- Я лэжэгъухэмрэ ныбжьэгъухэмрэ  лIыхъужьхэм я фэеплъ нэхур ноби я гум щахъумэ.  КъБР-м щыIэ МВД-м и унафэщIхэм  я нэIэ трагъэтщ хэкIуэдахэм я  Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ. Нобэ ди къэралым щыпсэухэм я мамырыгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ узыгъэпIейтейщ.  Мы  зэман гугъум дэ псори лъэщу дыщытыпхъэщ,  хабзэмрэ ди цIыхухэм  я шынагъуэншагъэмрэ  тхъумэн папщIэ.   ди къарур зэкъуэдгъэувэмэщ ди Хэкур щытхъумэфынур.  Дэ тщыгъущэн хуейкъым дызэкъуэтмэ дызэрылъэщыр,- къыхигъэщащ Павлов Василий.

Апхуэдэуи къызэухэсахэм захуигъэзащ КъБР-м и Жлыагъуэ палатэм щыщ Къарей Расул.      

  КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэ Дзасэжь Хьэзрэталийрэ  благочиннэ Бобылев Валентинрэ хэкIуэдахэм тхьэ яхуелъэIуащ.  

ПэкIум хэтахэр хэкIуэда хабзэхъумэхэм  я фэеплъым пщIэ хуащIу дакъикъэкIэ щымащ.    Абыхэм     удз гъэгъахэр  тралъхьащ  Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм, мамыр зэманым зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда хабзэхъумэхэм я фэеплъым.  

                                                                       

УЭРДОКЪУЭ Женя.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.11.2025 - 15:59

И щхьэпагъыр наIуэ ящI

Узыфэ зэрыцIалэхэм зэрапэщIэт вакцинэр зыхрагъэлъхьэн зэрамыдэм къишэ гугъуехьхэм теухуа зэIущIэ Налшык къалэ щекIуэкIащ.

12.11.2025 - 09:13

ЩIалэгъуалэм ягъуэт гулъытэм хохъуэ

Ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ щIалэгъуалэ политикэм зегъэужьынымкIэ егъэджэныгъэ курсхэу «Къуэдзэхэм я школ» фIэщыгъэр зиIэ зэхыхьэм кърихьэлIахэм.

12.11.2025 - 09:11

Илъэс 90-р ягъэлъапIэ

Шэрэдж районыр бжыгъэ дахэ зэрырикъум теухуа зэхыхьэшхуэ щекIуэкIащ Къэщкъэтау. Абы хэтыну зэхуэсахэм псом япэу удз гъэгъахэр тралъхьащ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым. 

12.11.2025 - 09:10

Миланэ и щIыхькIэ

Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием тхьэмахуэ кIуам щагъэ­лъэпIащ Китайм и Уси къалэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) щекIуэкIа дунейпсо чемпионатым и дыжьын ме

11.11.2025 - 12:00

КъыщIагъэкIым и куэдагъым хохъуэ

Кавказ Ищхъэрэм статистикэмкIэ и управленэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм и мазибгъум къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым ерыскъыхэкIхэмкIэ и промышленнэ индексыр проценти 102,2-рэ хъуащ.