ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ ХУЭГЪЭПСА ЗЭГУРЫIУЭНЫГЪЭКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ «Динамо» урысейпсо физкультурэ-спорт зэгухьэныгъэм и унафэщI Гулевский Анатолий. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Павлов Василийрэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и лIыкIуэхэмрэ. «Динамо» спорт зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм адэкIэ и лэжьэкIэнум зэIущIэм щытепсэлъыхьащ. КъищынэмыщIауэ, къаIэта Iуэхугъуэхэм ящыщщ цIыхубэр гъащIэ узыншэм дегъэхьэхынымрэ щIалэгъуалэр хэкупсэу къэгъэтэджынымрэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|