ГЪАЩIЭ УЗЫНШЭМ ХУАУЩИЙ

«Ди сабийхэим я узышагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ» Iуэхум хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым класс нэхъыжьхэм щеджэ школакIуэхэу 800-м нэблагъэ. ЗэIущIэр къызэзыгъэпэщахэр тепсэлъыхьащ узыншагъэр зэрахъумэным, , чэнджэщ иратащ спортым хэтыну, я зэфIэкIым зезыгъэужьыну кружокхэм кIуэну. 

КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэмрэ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымрэ щIэныгъэмкIэ, Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэхэм я лIыкIуэхэр щыIащ Налшык къалэ дэт школихым икIи еджакIуэхэм епсэлъащ афияным, тутыным, фадэм зыщахъумэным теухуауэ. 
ШколакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ я хьэщIащ республикэ УНК-м и оперуполномоченнэ нэхъыжь полицэм и подполковник Давыдовэ Иринэ, Налшык къалэ администрацэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и департаментым и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Теммоевэ Фаризат, Наркологие диспансерым и дохутыр психиатр-нарколог Нагорная Татьянэ, СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ пэщIэтынымкIэ центрым и дохутыр-инфекционистхэу Хьэкъун Маринэрэ Горбачевэ Кристинэрэ. НыбжьыщIэхэм жраIащ хабзэм тетыну, къемызэгъ Iуэху Iейхэм япэIэщIэну, наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ зэхьэлIэным я узыншагъэри гъащIэри зэрихьынур. шынагъуэшхуэхэр къызэрырикIуэр. 
ЗэIущIэм и кIэухым школакIуэхэм хьэщIэхэм упщIэхэр иратащ икIи жаIащ мыпхуэдэ Iуэхухэр щIэх-щIэхыурэ ирагъэкIуэкIмэ, фIы къыпэкIуэну къызэралъытэр. зэрыхуейр. ШколакIуэхэм наркотикым зэрыпэщIэт Iуэхур даIыгъащ икIи «Нет наркотикам» хэштегыр яIыгъыу сурэт зытрагъэхащ.  

БАХЪСЭН Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ