ПАСЭРЕЙ ФАДЭ ЛIЭУЖЬЫГЪУЭХЭР

Адыгэм махъсымэр ижь-ижьыж лъандэрэ егъавэ. Ар хьэщIэ лъапIэхэм хуаIэт, хьэгъуэлIыгъуэр, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр зэрагъэбжьы­фIэ фадэ лIэужьыгъуэщ. 

Махъсымэм гъэвэкIэ зыбжанэ иIэщ, ауэ эт­нографхэм зэрыжаIэмкIэ, пасэрей зэманым ар нартыху кIытэкIэ ягъавэу щытащ. Апхуэдэ гъэ­вэкIэм папщIэ нартыхур псы хуабэкIэ ятхьэщIырт, хьэуазэм хэлъу щIауфэрти, кIыфIыгъэ щагъэувырт. Махуэм зыбжанэрэ псы теутхэн хуейт абы, псыIагъэ иIыгъын, къикIыкIын папщIэ. Махуэ ­зыбжанэкIэ апхуэдэу кърагъэкIыкIа нартыхур ­яхьэ­жа нэужьт «кIытэ» щыхъур. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ягъэхьэзыра нартыху хьэжыгъэм чыржын къы­хащIыкIыжырти, ягъажьэрт. Ауэ яшхын щхьэкIэкъым, атIэ чыржыныр яущыкъуейрт, псы къэ­къуэлъа упщIыIужа щIакIэрт, иджыри кIытэ тIэкIу хакIутэжырти, махуитIкIэ кIыфIыгъэм щагъэувырт. Ар къэкъуэлъа нэужь фокIэ ягъэIэфIырт иджыри псы щIыIэ щIакIэжырти, икIи мыIуву икIи мыпIащIэу ­зэхащIэрти, иджыри махуитIкIэ щагъэтырт. Хьэзыр хъуа махъсымэр дзасэ гъэплъакIэ зэIащIэрт, дыщафэ дахэ, мэ гуакIуэ иIэн папщIэ. 
ЕтIуанэ гъэвэкIэм папщIэ къагъэсэбэпыр хугущ. Ар иужьыIуэкIэ къежьа Iэмалщ. МэкIи, и IэфIагъкIи, и плъыфэкIи нэгъуэщIщ. ПIастэм ещхьу хугур ягъавэ, ягъэупщIыIужри, псы къэкъуэлъа упщIы­Iужа щIакIэ, дрожж, фошыгъу, хуэнщIей тIэкIу ­халъхьэри, махуи 5-6-кIэ щIахъумэ. Нэхъыбэрэ щытыху, махъсымэр нэхъ гуащIэ мэхъу. Махуихыр дэкIа нэужь, щIэтIысыкIа Iувыр къамыгъэхъейуэ, фадэ пIащIэр къытрахри, дзасэ гъэплъакIэ зэIащIэ. Ху махъсымэм плъыфэ дахэ иIэн, мэ гуакIуэ къыхихын папщIэ фошыгъу гъэжьа халъхьэри, хэткIухьыху зэIащIэж. 
Къыхэгъэщыпхъэщ ху махъсымэм градус 13 и ­гуащIагъыу, нартыху махъсымэм градуси 6 - 8 фIэкI зэрамыIыгъыр. 
ЩыIэщ иджыри зы фадэ лIэужьыгъуэ, нобэкIэ кIуэдыжауэ жыпIэ хъуну. Ар мэрэмэжьейщ. И гъэ­хьэзырыкIэкIэ нартыху махъсымэм нэхъ тохьэ. Нартыху хьэжыгъэ, гуэдз хьэжыгъэ, хуэнщIей тIэкIу зэхакIутэ, псы къэкъуалъэкIэ зэхапщэри,  хуабапIэ ягъэув. Махуэ зытIущкIэ къэкъуэлъа нэужь хьэ­кум трагъэувэри, псыуэ щIэтыр щIэ­вэ­щIэху къагъавэ. Псыр щIэвэщIа нэужь, къанэм зэ­реджэр курыбэщ. АдэкIэ фэндышхуэ къащтэ, фо пIащIэ иракIэ, курыбэм щыщ тIэкIу тралъхьэри, абы и щхьэм без (фохьэкIуэ) къытралъхьэж. Апхуэдэ защIэу, къытебгъэзэжурэ, фэндыр из ­хъуху зэтыболъхьэ. Ищхьэ дыдэм фо пIащIэ куэду тракIэ, фэндыщхьэр ягъэбыдэри, илъэс зыбжа­нэкIэ щIым щIатIэ. 
Хьэзыр хъуа мэрэмэжьейр хуэсакъыпэу къыд­рахьеиж. Сыту жыпIэмэ, ар Iыхьэ-Iыхьэу зэщIэкIауэ фэндым итщи, зэхэзэрыхьыжынкIэ хъунущ. Ищхьэ дыдэр, нэхъ пIащIэр, псом нэхърэ нэхъ ­гуащIэщ. Ар хьэгъуэлIыгъуэхэм, хьэщIэ лъапIэхэм щхьэкIэ яхъумэу зэрахьэрт. ЕтIуанэр, нэхъ Iувыр, уэркъыбжьэу ятырт. Ещанэр, дыгъэм хуэдэу дыщафэр, къызэрыгуэкI фадэу цIыхубэм яIэт. 
Махъсымэ псалъэр къызытехъукIам, абы и мыхьэнэм и гугъу пщIымэ, гъэщIэгъуэн гуэрхэр къып­хуэтIэщIынущ. Санскритым (индусхэр къы­зытехъукIыжа пасэрей лъэпкъыжьым я бзэм) хэтщ «сымэ» псалъэр. Сымэ жыхуаIэ фадэ лIэужьы­гъуэр фIэщхъуныгъэм ехьэлIа дауэдапщэхэм ­къыщаIэту щытауэ къыхощыж лъэпкъыжьхэм я тхыдэм. 
Сымэр зэрагъэхьэзыру, къызыхащIыкIу щытам  и щэхур зыми ищIэркъым. Ауэ пасэрей къэжэрхэм я тхьэ унэхэм къыщагъуэтыжащ сымэ щагъавэу щыта пэш хэхахэмрэ, абы щхьэкIэ къагъэсэбэп хьэкъущыкъухэмрэ. Лъэпкъыжьхэм зэхуэдэу яIа «сымэ» псалъэм фадэ жиIэу къикIыу къыдощтэри, «махъ» хъужыр сыт?!
Нарт IуэрыIуатэм къызэрыхэщыжымкIэ, Сэтэней Гуащэ игъавэу щытащ санэху жыхуаIэ фадэ пIащIэр. Санэплъыр зищIысымрэ ар къызыхащIыкIыу щытамрэ дыщыгъуазэмэ, санэхур зи­щIысыр ямыщIэу къэгъуэгурыкIуащ… Ауэ, къыхэгъэщыпхъэщ, санэхур, аркъэм хуэдэу узэщIэплъу, плъыфэншэу зэрыщымытар. И фIэщыгъэцIэм ­тепщIыхьмэ, санэхур хужьу щытыпхъэщ. Языны­къуэ лъахэхутэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, санэхур шэкIэ ягъавэрт, Iуащхьэмахуэ лъапэ уэру къы­-щыкI «хвойник» жыхуаIэ псей лIэужьыгъуэр хэлъу. Къы­хэгъэщыпхъэщ хвойникым эфедрин жыхуаIэ дагъэ лIэужьыгъуэр куэду зэрыхэлъыр. Абы чэф уещI, цIыхум и адреналиныр дрегъэкIуей, и къарум хегъахъуэ, бжьыфIэ, жыджэр ещI. Арауэ жаIэ ­нартыжьхэм я къарур къызыхахыу щытар. 
«Хъымэ» жыхуаIэ пасэрей иран фадэри къызыхащIыкIыу щытар хвойникщ. 
Лъэпкъ зэпэжыжьэхэм зэхуэдэу яIа мы фадэхэм я фIэщыгъэцIэр зэрызэпэджэжыр псом нэхърэ ­нэхъ сфIэгъэщIэгъуэнщ, си щхьэкIэ. 

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)